Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Херсон областымрэ я зэпыщIэныгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и пщэрылъхэр ягъэзащIэкIэрэ, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр гъэлъэпIэным теухуа Iуэху дахэ Херсон областым къы­щызэрагъэпэщащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм ди щIыналъэм и лIыкIуэхэр хэтащ. 

Скадовскэ къалэм и курыт еджапIэ №1-м щекIуэкIащ «Дэ дызэгъусэщ» щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, щIалэгъуалэ, волонтёр, спорт зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, «Япэ итхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэ» щIыналъэ къу­дамэм хэтхэр. КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт захуигъэзащ Херсон областым и Скадовскэ, Голопристанскэ округхэм щыщ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Абы къыхигъэщащ зэ­хуэсым и программэр зэрыщIэщыгъуэр икIи щIалэгъуалэм я зэфIэкIхэр къызы­къуахыным ар зэрыхуэунэтIар. 
- ФызэдгъэцIыхуну, дызэпсэлъэну, зэхы­хьэхэм, Iуэхухэм дызэдыхэтыну дыхуейщ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Херсон облас­тымрэ я щIалэгъуалэм ди къэралым нэхъри зрагъэужьын папщIэ. Зэхуэсым волонтёрхэм я лэжьыгъэхэм зыщыщывгъэгъуазэ хъунущ, щIэныгъэ, спорт я лъэныкъуэкIэ фи зэфIэкI фыщеплъыжынуи Iэмал фиIэщ, - жиIащ Лу Азэмэт. 
Зэхыхьэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Скадовскэ, Голопристанскэ округхэм я щIалэгъуалэм спорт Iэмэпсымэхэр, хьэп­шыпхэр, телевизор, стIолыщхьэм зэрыщы­джэгу Iэмэпсымэхэр, ныбжьыщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр, IэфIыкIэхэр тыгъэ хуащIащ. 
Абы ирихьэлIэу, Скадовскэ округым ­ЩэнхабзэмкIэ и унэм деж къалэдэсхэм шы­гъупIастэкIэ щрагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр. КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор иригъэкIуэкIащ лъэныкъуэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэм, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта зэIущIэ. Абы щыжаIащ Херсон областымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зэрызэдэ­ла­жьэм иджыри зрагъэужьыну, я зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэну зэрамурадыр. 
- Ди зэIущIэр щхьэпэ хъуащ, щIыналъэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр лэжьыгъэм ехьэлIа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ дызэхъуэжащ. IэщIагъэлIхэм я зэ­фIэкIхэр къагъэлъэгъуащ, ди щIалэ­гъуалэр Скадовск къикIахэм яIущIащ. Зэ­хуэсыр къыдэхъулIауэ къызолъытэ, дяпэкIи ди зэпыщIэныгъэм пытщэну сыщогугъ, - жиIащ КIурашын Анзор.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр» къэфакIуэ ансамблхэм, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм, КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур сымэ кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ. Къищы­нэмыщIауэ, махуэшхуэм и программэм хыхьэу къызэрагъэпэщащ «Гъагъэ, си Къэбэрдей-Балъкъэр» выставкэр. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIыналъэ цIыкIуми, абы щыпсэухэм мыхьэнэ зиIэ Iуэху инхэр зэфIагъэкI, къыддоIэпыкъу. КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ хуэфащэщ и уна­фэкIэ Скадовскэ районым куэд зэры­щызэфIагъэкIам папщIэ. Ар ди зэныбжьэгъугъэм и щIэдзапIэу аращ. Ди щIыналъэм щыпсэухэм нобэ зыхагъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI щэнхабзэ, хабзэ дахэхэм. Псом хуэмыдэу лъэпкъ къафэхэр дигу ирихьащ, - жиIащ Скадовскэ муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэ Швайкэ Сергей. - Махуэр гукъинэж хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу абы щыпсэухэм дохъуэхъу мамырыгъэ, ехъу­лIэныгъэ, узыншагъэ яIэну.
- Гуапэу драгъэблэгъащ. Артистхэр я зэфIэкI еблэжакъым. Зы унагъуэшхуэм исхэм хуэдэу гулъытэ хэха къытхуащIащ. Херсон областым щыпсэухэм я унагъуэхэм гуапагъэ илъыну, узыншэу, зэIузэпэщу псэуну сохъуэхъу! - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. 
Махуэшхуэм хыхьэу лъэпкъ фащэхэр, дыщэидэхэр, пхъэм, ятIэ гъэжьам къы­хэщIыкIа хьэпшыпхэр ягъэлъэгъуащ, мастер-класс ятащ. Махуэшхуэм хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэри ягъэлъэгъуащ. Апхуэдэщ лэкъум, дэлэн, кхъуей, IэфIыкIэхэр, пхъэщ­хьэмыщхьэхэр. Бысымхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ ди республикэм икIахэм хъыршын гъэхьэзырынымкIэ ята мастер-классыр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.