Хэт и хъупIэхэр нэхъыфI?

Дуней щытыкIэ зызыхъуэжам къыдэкIуащ бжьыхьэ кIыхьыр. Псом хуэмыдэу ар сэбэп къахуэхъуащ гъэ­махуэ псор хъупIэхэм щызыгъакIуэ ди Iэщыхъуэхэм.

Хьэмащэ, Аурсэнтх, Хъазнидон, Шэрэдж - хъупIэхэр ди мащIэкъым, бгылъэхэри тафэхэри зэхуэдэу щызэхэт а щIыпIэхэм я хъун бэгъуам, къэуатым хуэдэ зиIи къэгъуэ­тыгъуейщ. Хьэмащэ и закъуэ гектар мин 80 и инагъщ, ­хъупIэ зэпыудауэ 22-рэ иIэщ. Абы щаIыгъщ гъэкIэ Iэщу ­дашым и зэхуэдитIыр. ХъупIэхэр псори зэхэту къэтщтэн­- щи, гектар мини 140-рэ я инагъщ, абыхэм зэуэ щаIыгъы­фынущ Iэщышхуэу мини 100-м, мэлу, бжэну, шыуэ мин     300-м нэблагъэ.
 Мы зэманым абыхэм щохъуакIуэ Iэщышхуэ мин 14, мэлу, бжэну мин 42-рэ, шыуэ мини 3-м щIигъу, гъэмахуэм и кIыхьагъкIэ абыхэм къащIэхъуахэр хэмыту. Мы гъэм хэ­хъуэу яIар наIуэ къыщыхъунур фокIадэм и 28-м иужькIэщ. Псом ящхьэращи, щIыуэпсым я нэхъ къабзэм хэт жэмхэм фIагъ ин зыбгъэдэлъ гъэшышхуэ къыщIаш, абы и уасэри процент 30-кIэ ягъэмащIэ. Фэри гу лъыфтауэ къыщIэкIынщ ди тыкуэнхэм щащэ шэм, шхум, кхъуейлъалъэ лIэужьы­гъуэхэм, шатэм я уасэхэр и пIэм зэримыкIам. Едвгъэлъы­тыт ар хущхъуэгъуэхэм я уасэр хуэдитI-хуэдитIрэ ныкъуэ­- кIэ щыдэкIуея ди аптекэхэм, ауэ щыхъукIэ а ящэм нэпцIу хэтыр зэрынэхъыбэм куэд щыгъуазэу…
Зы илъэс къэмынэу а гъэмахуэ хъупIэхэр, Iэщыр дамыш щIыкIэ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъазэ, ахэр зыщIэ­-тыну чэтхэм къыщыщIэдзауэ Iэщыхъуэхэр зыщIэсыну я унэхэмкIэ иухыжу. Ветеринархэр, жэщ-махуэ ямыIэу, Iэщ­хэм я узыншагъэм кIэлъоплъ, хъупIэ къэс екIуалIэ элект­ролинэхэр, гъуэгухэр зэпэщщ, дэтхэнэ зы хозяйствэри транспортхэмкIэ къызэгъэпэщащ, Iэщыхъуэхэм и чэзум ягъуэт зыхуей медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр.
АтIэ дэни апхуэдэу къыщызэгъэпэщауэ пIэрэ Iэщ гъэ­хъуным елэжьхэм я Iуэхур?
Псалъэм папщIэ, Польшэм и Iэщыхъуэхэри, дыдейхэм хуэдэу, хъупIэхэм къокIыж. Гъэр къызэрырахьэлIа къудейм щхьэкIэ абыхэм папщIэ яублэ «Редык»-кIэ зэджэ дауэ­дапщэшхуэр-«поляк Iэщыхъуэхэм я маршщ» абы фIащар икIи щIыпIэ псоми зэхуэдэу щагъэлъапIэ. Хъушэхэр ­езыгъэблэгъэж жылэхэм щыпсэухэр дахэу хуэпауэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэу, лъэпкъ шхыныгъуэхэр яIыгъыу абыхэм къапожьэ. Фимыгугъэ абыхэм гъэмахуэр щагъэ­кIуа хъупIэхэр зэпэщу щытауэ: «Татрэ лъагапIэм» (яIэр а зырщ) езыхэм я IэкIэ гъэ къэс щагъэув пIалъэкIэ зыщIэсыну псэуалъэ тIэкIухэр, чэтхэр, Iуэхэр, электричествэ, тын­шыпIэ, зыхуеину Iуэхутхьэбзэ къызэрыгуэкIхэр - зыри щы­Iэкъым а щIыпIэхэм. Щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ гугъуехьым къикIыу аращ.
Жанхъуэт  Зузэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.