«Спартак-Налшыкым» къыпэплъэр сыт?

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр зэриухрэ мазэм щIи­гъуащ. КъыкIэлъыкIуэм щыщIидзэнум иджыри траухуакъым икIи и чэзууэ къыдолъытэ «Спартак-Налшы­кым» зэпеуэ блэкIам къыхуихьахэмрэ дызыхуэкIуэм къыпэп­лъэмрэ дытепсэлъыхьыну. БлэкIам и дерсхэр

БлэкIа илъэсым «Спартак-Налшы­кым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщы­хъуащ. ЗыкъомкIэ ар и фIыгъэщ Трубицин Сергей абы и тренер нэхъыщ­хьэу зэрагъэувам. Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым къыщалъхуа, Совет Союзым футболымкIэ и япэ, етIуанэ лигэхэм ди командэм хэту 1979 - 1991 гъэхэм зэIущIэ 414-рэ щезыгъэкIуэкIа, абыхэм топ 44-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудэзыгъэкIа IэщIагъэлI гумызагъэм гурэ псэкIэ зыхищIащ гупыр зыхуейр, абы и зыу­жьы­ныгъэр зэлъытар. Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм IэфIу ягу къинэжащ «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм щыхэта 2006 - 2012 гъэхэр. Ди республикэм къакIуэрт Урысей Федерацэми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ командэхэмрэ футболист лъэщхэмрэ. Абы щыгъуэми, КъБР-м топджэгум ­зыщиужьыным и лъабжьэр а лъэхъэнэ цIуугъэнэм зыкъомкIэ зэры­щIилъэсыкIари нэрылъагъущ. Гуп нэхъыщхьэм екIурэ-ещхьу хэтыфын ­пап­щIэ махуэ къэс сом мелуаным щIигъу илъэсихрэ ныкъуэкIэ зытекIуэда «Спар­так-Налшыкым» ди щIыпIэм къыщалъхуарэ щагъэсауэ щыджэ­гуар мащIэ дыдэщ икIи апхуэдэхэм я зэфIэкIыр зыми къилъытакъым. Нэ­гъуэщIуи ухэтыфыну къыщIэкIынутэкъым къэрал мылъкур къанэ щIагъуэ щымыIэу зэкIуалIэ «Газпром», «Роснефть», «ВТБ-Банк», «Башнефть», «Рос­сеть» компание лъэщхэм, нэ­гъуэщI олигарххэм зи командэхэр «къы­щызэдэзыгъажэу» зэштегъэупIэ ящIа урысей премьер-лигэм. Ипэ­жы­пIэкIэ жыпIэмэ, «Синдика» корпорацэр зы­IэщIэлъ Къанокъуэ Арсен а лъэхъэнэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и президенту ямыгъэувамэ, дэри футболышхуэр зэи зэрыдмылъагъунур гурыIуэгъуэт.
Илъэсихрэ ныкъуэкIэ «Спартак-Налшыкыр» къэралым и гуп нэхъыщхьэм хъарзынэу хэтащ икIи дэрэжэгъуэ ин къыдитащ. Сыт и уасэт вагъуэ пщы­кIутIыр щызэблэдза адыгэ ныпым и лъабжьэм «Синдика» псалъэр зы­щIэтха фащэхэр ящыгъыу щIалэхэр утыку къызэрихьэр, я хьэрхуэрэгъухэр зэрыхагъащIэр?! Ар зэи гум имыхунщ. Апхуэдэу щыт пэтми, щIэх-щIэхыурэ уегупсысырт хамэ защIэкIэ зэхэгъэу-ва щIыпIэ командэм къэкIуэну зэримыIэм. ГурыIуэгъуэт абы нобэ щы­джэгухэр пщэдей ахъшэ нэхъыбэ къе­зытхэмкIэ зэребэжынур икIи утыку дыкъызэрыранэнур. Утыку дыкъинэнут, ди республикэм къыщалъхуа, щагъэса, пыщIэныгъэ гуэр хузиIэхэр «Спартак-Налшыкым» щIагъуэу зэ­рыб­­гъэдамыгъэхьэм къыхэкIыу. Пэжщ, Би­токъу Тимур, Къудей Леонид, Джатэрывэ Къазбэч, Мэшыкъуэ Аслъэн, Къэжэр Назир, Гъуэщокъуэ Арсен сы­мэ премьер-лигэм зэрыхэтам и фIы­гъэкIэ къэрал псом къыщацIыхуащ. АрщхьэкIэ илъэсихым щIигъу лъэхъэ­нэм дежкIэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэт. Урысей Федерацэм и гуп нэхъыщхьэм зэрыкIуам и фIыгъэкIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къы­щы­зэ­Iуаха футбол школ куэдым уэру къе­кIуалIэ сабий минхэм адэкIэ зыщаужьын, зыкъыщагъэлъэгъуэн щыIэ­тэкъым, республикэм и профессионал командэ закъуэр хамэхэм яубы­дати. Премьер-лигэри япэ дивизионри зэ­кIэлъхьэужьу зэман кIэщIым къриу­быдэу ибгына иужькIи, «Спартак-Налшыкым» нэхъыбэу хагъэхьар дыды­мейхэращ. Абы и тренеру ягъэувхэм фIыкIэ зыкъагъэлъэгъуэн хуейти, тегъэщIапIэ ящIыр нэгъуэщI щIыпIэхэм къраш футболист хьэзырхэрт. Уеб­лэмэ мылъкуи ямыIэжу, къалэни хуа­мыгъэувыжу щыщыта гъунэгъу илъэс зытхухми гупым нэхъыбэу кърашэ-лIар хамэхэращ, ахэр зэрагъэджэгум мылъку иращIу. Къыщыхъу щыIэт шэшэнрэ ингушу ди командэм хэтыр хэпщIыкIыу щынэхъыба, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ нэхърэ. Абы щыгъуэми, ди щIалэхэр хамэ щIыпIэхэм щы­зэбгрыдзат. Ди щIалэгъуалэр уэру утыку къохьэ Илъэс ипэкIэ Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу ягъэува иужькIэ, «Спартак-Налшыкыр» къэщIэрэ­щIэ­жы­ныгъэм и гъуэгум теуващ. Абы тегъэщIапIэ ищIащ дыдейхэр икIи мыгъэрей зэхьэзэхуэм и кIэухым зэуэ ди щIалэщIипщI джэгупIэ губгъуэм щита щыIэщ. Аращ тэмэмри. Республикэм и командэ нэхъыщхьэр я плъапIэу щытыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист ныбжьыщIэхэм.
Хуэм-хуэмурэ «Спартак-Налшы­кым» хэкIыжащ нэгъуэщI щIыпIэ къикIахэм я нэхъыбэр. Пэжщ, ди щIалэхэми командэ нэхъыфIхэр къащы­щIэ­упщIэм, заIэжьакъым. Ари захуагъэщ. Къапщтэмэ, гъатхэпэм мыгъэрей зэ­хьэзэхуэм щыщIидзэжым ирихьэлIэу «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ къыщыхъуащ. НэгъуэщI командэхэм хыхьащ Иорданием щы­нэхъ лъэщхэм ящыщ «Аль-Ахьли»-м ирагъэблэгъа гупым и пашэ гъуащ­хьауэ Бажэ Амир, Курск и «Авангард»-м кIуа гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим, Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м хаша Хьэгъур Къантемыр. ­Гъуащхьэхъумэхэу Аслъэныкъуэ Алан, Беришвили Раул, Власов Виталий, Эмексузян Григорий сыми я насып лъыхъуакIуэ ежьащ. Абыхэм я пIэкIэ ди республикэм и щIыхьыр урысей­-     псо утыкум щахъумэну «Спартак-Налшыкым» хэтхэм хагъэхьащ Армавир къикIыжа Мэкъуауэ Залым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн щIалэщIэхэу Апажэ Чэрим, Гуэнгъэпщ Албэч, Iэщын Аслъэн, Дзэмыхь Дамир, Сындыку Те­мыр­къан, Стригэ Артём, Краснодар и «Кубань»-м къраша Хьэшыр зэ­къуэш­хэу гъуащхьауэ Аланрэ гъуащхьэтет Темырланрэ. 
Ди командэм къыщыхъуа зэхъуэ­кIыныгъэфIхэм я хъер мыгувэу тлъэгъуащ: гъатхэпэм зыщIадзэжа зэхьэ­зэхуэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэ пщы­кIу­тIым ящыщу «Спартак-Налшыкыр» къыщыхагъэщIар зы закъуэращ. Уеб­лэмэ налшыкдэс ныбжьыщIэхэр къапикIуэтакъым япэ дивизионым кIуэну ерыщу хущIэкъу Краснодар и «Уро­жай»-мрэ Песчанокопскэм и «Чайка»-мрэ. ТIури зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ икIи пашэхэм очко тIурытI фIагъэкIуэдащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу я хьэрхуэрэгъухэм топ пщыкIутху худагъэкIащ, езыхэм къыхудагъэкIар зэрыхъур хуэдищкIэ нэхъ мащIэщ. Илъэс ипэкIэ щыIа зэхьэзэхуэм елъытауи «Спартак-Налшыкым» зиу­жьащ. 2017 - 2018 гъэхэм зыхэта джэгугъуэ 32-м 11-рэ щытекIуамэ, иджырей зэIущIэ 28-м апхуэдиз дыдэ ехъулIэныгъэхэр иIащ. ПлIыкIэ нэхъ мащIэрэ губгъуэм къихьами, нэгъабэ зыIэрагъэхьа очко бжыгъэм къызэрыкIэры­хуар зыкIэщ. Абы щыгъуэми, я хьэрхуэрэгъухэм топищкIэ нэхъыбэ (39-рэ) худагъэкIащ, къызэрыхагъэщIари ап­хуэ­дизкIэ нэхъ мащIэщ. Псом ящхьэращи, гупым хагъэхьа щIалэщIэхэр лъэ быдэкIэ утыку къихьащ икIи IэщIагъэлIхэм гу къылъатащ. ЖыпIэну ирикъунщ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ди­визионым хэт щIыналъэхэм зэхьэ­зэ­хуэм и ужькIэ ирагъэкIуэкI «Пе­репра-
­ва» зэпеуэм щыджэгун папщIэ «Ип­щэ» гупым и командэ къыхэхам ди щIа­литху зэуэ зэрыраджар икIи КIэ­дыкIуей Хьэким, Лелюкаев Алан, Ашу Мурад, Белоусов Никитэ «Спартак-Налшыкым» и пщIэр лъагэу зэраIэтар. 
Етхуанэр илъэс пщыкIуий зи ныбжь гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Ма­ратт. АрщхьэкIэ а пIалъэ дыдэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуа­нэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ирагъэблэгъати, абы щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ. ИкIи щыуакъым. Мэкъуауэгъуэм и 4 - 14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIа, Гранаткин Валентин и цIэкIэ къызэрагъэпэща XXXI дуней­псо зэхьэзэхуэм Iэпщацэ Марат щы­джэгуа Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеб­лэ­мэ Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ, Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ. Шэч хэмылъу, Марат футболым щича лъэбакъуэщIэщ ар икIи абыи адрей ди щIалэщIэхэми ехъулIэныгъэхэр яIэну ди гуапэщ.

Бжыгъэхэм уахэплъэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэ-хуэр хуабжьу гуащIащ. Уеблэмэ абы щытекIуар иджыри къэс наIуэ хъущакъым: бжьыпэр зыубыда Песчанокопс­кэм и «Чайка»-мрэ абы ерыщу илъэс псокIэ еныкъуэкъуа Краснодар и «Уро­жай»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр топ­джэгу губгъуэм икIри, хабзэхъумэхэм я деж нэсащи. А тIур зэхуэфэщэн хьэрхуэрэгъуу къыщIэкIащ. «Ипщэ» гупым хэтхэм ящыщу песчанокопскэдэсхэр    я стадионым щынэхъыфIащ икIи тIэу фIэкIа зэрытемыгъакIуэу адрей псоми очко щырыщ къыщахьащ. «Урожай»-м хуэдитIкIэ нэхъыбэ Краснодар щы­фIэ­кIуэдащ. Абы щыгъуэми ар нэгъуэщI щIыпIэхэм щынэхъ лъэщащ икIи джэгугъуэ 14-м щыщу 10-м щытекIуащ. 
«Спартак-Налшыкым» хэт щIалэщIэ­хэр я стадионым щыIэнкунащ. ИкIи ар гурыIуэгъуэщ - къеплъыну къэкIуа я ныбжьэгъухэм, благъэхэм, гъунэгъу­хэм я пащхьэм фIыуэ зыкъыщагъэ­лъэгъуэну хущIэкъуурэ щыуагъэ зыб­-жа­нэ зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм яIэ­-щIэ­кIащ. Абы и зэранкIэ тхуэнейрэ Налшык къыщыхагъэщIащ икIи зы­Iэ­рагъэхьэфыну щыта очко 42-м щыщу къалъысар 19-щ. АрщхьэкIэ нэ­гъуэщI щIыпIэхэм щрагъэкъужащ. Абы­хэм щрагъэкIуэкIа джэгугъуэ 14-м щы­щу    2 къудейм къыщытекIуауэ аращ. 
Я стадионми нэгъуэщI щIыпIэхэми нэхъ щыхуэмыхуар, дауи, кIэух увыпIэр зыубыда Дон Iус Ростов и «Академия»-ращ. И унэм абы къыщихьыфар оч­коитI къудейщ. Ростовдэсхэм хуэмы­хуагъкIэ къакIэлъокIуэ Нэзрэн и «Ан­гушт»-р. Ингушхэм къадэщIхэр я деж зэрыщагъэгуфIэфар зэ закъуэщ. 
Гуапэщ етIуанэ дивизионым и «Ип­щэ» гупым гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр зэрыщиубыдар Краснодар     и «Урожай»-м и пашэ ди лъахэгъу        Къал­мыкъ Амур. Ар мы зэхьэзэхуэм пщы­кIублрэ къыщыхэжаныкIащ. Абы зы топкIэ къыкIэрыхуащ «Чайка»-м         и ­гъуащхьауэ Подбельцев Алек-           сандр. «Спар­так-Налшыкым» щы­джэгу Мэ­шы­къуэ Ислъам ещанэ ­хъуащ, мы ­зэ­хьэзэхуэм топ пщыкIуз щы­дигъэ­кIауэ. ­
Песчанокопскым къыщыхъуар Зым и дежкIи щэхукъым - дунейр зэтезыIыгъэхэм ящыщ зыщ Iулъхьэ тын-къеIыхыныр. ГъащIэм и дэнэ щIыпIи абы ущрохьэлIэ, арщхьэкIэ зэрыщы-Iэр ябзыщIмэ псоми нэхъ къащтэ. Iулъ­хьэм зэщIиIулIахэм ящыщщ спортри, ауэ ар къэпхутэну хуабжьу гугъущ, куэд дыдэр хуэIэижь хъуащи. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хабзэм къемызэгъ щызылэжьахэр къы­щыщIагъэщащ. Ар къыщыхъуар зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъ «Чайка»-м Песчанокопскэ къуажэм щиIэ стадионым Новороссийск и «Чер­номорец»-р къыщригъэблэгъа накъыгъэм (майм) и 13-ращ. 
Зэпеуэр и кIэм щынэблэгъам и деж командэхэм зыIэрагъэхьэ очкохэм я уасэри хуабжьу доуей. Гъэ псом зы­хунэмысар зэуэ зрагъэгъуэтыжыну куэд хущIокъу. Дауи, я мурадхэр зрагъэхъулIэн папщIэ языныкъуэхэр сыт хуэдэ Iэмалми хуэкIуэфынущ. Ар яфIэдурысу къыщIэкIащ мыгъэрей зэхьэ­зэхуэм зым адрейм къыпимыкIуэ-          ту бжьыпэм къыщызэдэгъуэгурыкIуа цIыху мин тIощIым фIэкIа щымыпсэу Песчанокопскэ къуажэм и «Чайка»-мрэ мелуаным щIигъу зыдэс Краснодар къалэм и «Урожай»-мрэ. 
Нэгъабэ и гъэмахуэм зыщIидза зэ­хьэ­зэхуэр щиух мазэр хуабжьу гуащIэу щытащ пашэхэм я дежкIэ. Имы­щIэххэу, мафIэр къызэщIигъэплъащ «Спар­так-Налшыкым». ЯпэщIыкIэ, мэ­лыжьыхьым (апрелым) и кIэухым Краснодар щыIэу ди щIалэхэм, зыми хуамыгъэфэщауэ, щIыпIэ «Урожай»-р ягъэлъэпэрэпащ. Куэдым къащы­хъуауэ къыщIэкIынущ ди лъахэгъу зыбжанэ (Къалмыкъ Амур, Жылэ Ислъам, Абазэ Астемыр сымэ, нэгъуэщIхэри) зыхэт хэгъэрейхэм налшыкдэсхэр ­пса­лъэмакъыншэу къапикIуэтыну икIи я очко бжыгъэм хагъэхъуэнымкIэ зэ­ран мыхъуну. АрщхьэкIэ Трубицин Сергей и гъэсэнхэр къэгъэIурыщIэ­гъуафIэ хъуакъым икIи текIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу пасэIуэу къэзылъыта краснодардэсхэр щIылъэм кърагъэувэхыжащ. «Урожай»-р хуабжьу ерыщу икIи къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуа пэт-ми, гъуащхьэтет, гупым и капитан Щоджэн Борис зи пашэ «Спартак-Налшыкым» зыкъыхригъэгъэщIакъым. Зэ­IущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ икIи пашэныгъэм щIэбэн хэгъэрейхэм, ямыщIэххэу, очкоитI яфIэкIуэдащ. 
ЩIыхуэм щIигъанэу зэхуащIыжа «Кубань»-м и пIэкIэ урысейпсо утыкушхуэм «Урожай»-р къизыгъэхьэну мурад зыщIа Краснодар къалэм и унафэщIхэм я хъуэпсапIэр зэра­Iэ­щIэ­кIыр абы иужькIэ нахуэу къагурыIуащ. Зэхьэзэхуэр иухыным къэнэжар джэгугъуитху къудейт икIи зыгуэрхэр къэгупсысын хуейт. Къэнэжыр, яIэщIэкI я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Чайка»-р къы­зэтегъэувыIэнырт, дяпэкIэ абы къы­пэщIэувэнухэр мылъкукIэ тегъэгушхуауэ.
Накъыгъэм и пэщIэдзэм Песчанокопскэм и командэр Налшык къэ­кIуащ. Ар Iэмал хъарзынэт къуажэ­дэсхэр къызэрытрагъэувыIэну. Къэ­нэ­жа я хьэрхуэрэгъухэм ящыщу «Чай­ка»-м очко бжыгъэ гуэр фIэ­зыгъэкIуэ-
дыфынур «Спартак-Налшы­кым­рэ» Но­вороссийск и «Черно­морец»-мрэт. Апхуэдэу къэхъуатэмэ, «Урожай»-м и насып къикIынут икIи, бжьыпэр иу­быдынурэ, зыщIэхъуэпс япэ дивизионым кIуэну Iэмал игъуэтынут. 
«Чайка»-ми налшыкдэсхэр ерыщу япэщIэтащ. Уеблэмэ ар хагъэщIэфынуи щытащ, ауэ зэрытемыгъакIуэу очкоитI зэрыфIагъэкIуэдари «Уро­жай»-м и дежкIэ Iуэхутхьэбзэшхуэт. 
А махуэ дыдэм, накъыгъэм и 4-м, Налшык нэхърэ сыхьэт ныкъуэкIэ щы­нэхъ кIасэу джэгун щрагъэжьащ Ставрополь къалэм. Абы щIыпIэ командэм къыщригъэблэгъат Краснодар и «Уро­жай»-р. КъыкIэрыхухэм иджыри къэс яхэта хэгъэрейхэр а зэIущIэм очко бжыгъэ гуэри щыхуэныкъуэтэкъым икIи хьэщIэхэм Iэмал псори яIэт те­кIуэныгъэр яхьыну. Налшык щыIэу «Чайка»-м очкоитI а махуэм зэры­фIэкIуэдар къэзыщIа «Урожай»-м и футболистхэм иджыри сыхьэт ныкъуэ яIэт я мурадыр зрагъэхъулIэну. Бжыгъэр абы ирихьэлIэу 1:1-ти, зы топ за­къуэ «Динамо-Ставрополь»-м худагъэ­кIыжын хуейуэ арат. Краснодардэс­хэм, дауи, ипэкIэ зрачащ. АрщхьэкIэ текIуэным и пIэкIэ къыхагъэщIащ - хэгъэ­рейхэм Iэзэу къагъэсэбэпащ «Уро­жай»-м и зыхъумэжыныгъэр зэра-    гъэ­кIэщхъар. Арати, 1:2-уэ къыхагъащIэри, краснодардэсхэр щытыкIэ          гугъу дыдэм ихуащ. ГугъапIэу къэ­нэжыр «Черноморец»-м «Чайка»-р Пес­­чанокопскэ къуажэм щыхигъэ­щIэ­нырт. Ар тынштэкъым, ауэ яхузэ­фIэ­мыкIынуи щыттэкъым. АдэкIэ къэхъуаращ бэ­лыхьышхуэ къызэрыкIар. 
Урысей футболым щыхабзэщ, икIи ар къемызэгъыу къалъытэркъым, лъэ­ныкъуитIыр щызэпэщIэувэкIэ зи сэбэп хэлъ ещанэм зыхуейр мылъкукIэ тригъэгушхуэу. ЗэрыжаIэмкIэ, «Урожай»-м и унафэщIхэм «Черноморец»-м и футболист нэхъыфI зыбжанэ къагъэгу­гъащ «Чайка»-р хагъащIэмэ, сом мелуан ныкъуэкIэ ягъэфIэжыну. 
2019 гъэм накъыгъэм и 13-р урысей футболым и тхыдэм хыхьэфынущ ­Iулъхьэ щата зэIущIэр япэу къыщы­щIагъэщауэ. Хабзэм и хъумакIуэхэр Iуэхум иджыри йолэжь икIи пыухыкIауэ зыми тебгъэчыныхьыфынукъым, ауэ абы кърикIуа япэ унафэхэм зыкъом къыбгурагъаIуэ. 
Арати, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и 27-нэ джэгугъуэм хыхьэ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэр блыщхьэм, накъыгъэм и 13-м, зэхагъэтащ, адрейхэр щэбэтым зэдэджэгуа пэтми. ГурыIуэгъуэт абы псори набдзэгубдзаплъэу зэрыхущытынур. Сыти жыIи, зэхэ­кIыфынут зэпеуэм пашэныгъэр щы­зыубыду япэ дивизионым кIуэну хуитыныгъэр къэзыхьынур хэтми. 
Джэгур гуащIэ дыдэу ирагъэжьащ. ДакъикъиплI дэкIауэ арат Новорос­сийск къикIа «Черноморец»-м бжыгъэр къы­зэIуихыу япэ щищам. Абы       хэгъэрейхэр арэзы къищIынкIэ Iэ-     мал иIэтэкъым - къыхагъащIэмэ, «Уро­жай»-м бжьыпэр яфIиубыдынут. 
«Чайка»-м и футболистхэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ яхузэфIэкIар, загъэпсэхуну имыкI  щIы­кIэ бжыгъэр зэхуэдэ ящIы­жы­нырщ. Нэрылъагъут хэгъэрейхэм ­тыншу те­кIуэныгъэр къазэрыIэры­-    мыхьэнур. Абы щыгъуэми ящIэрт     «Уро­жай»-м и унафэщIхэм «Черно-     морец»-р мылъкукIэ зэрыт­ра­гъэгуш-
­хуар. Зэ­IущIэм и етIуанэ Iыхьэм зыгуэр щIэн хуейт икIи хэкIыпIэр ахъшэ нэхъыбэж етауэ но­вороссийскдэсхэр къыдэхьэхынырт, армырамэ зэхьэзэ­хуэм бжьыпэр ща­IэщIэкIынут, абы и гъусэуи къуажэ командэр япэ диви­зионым хуэзышэ гъуэгури зэхуэщIа ­хъунут. 
Командэхэм загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ къэхъуар нобэр къыздэсым ­зэхагъэкI икIи абы щIэх кIэ иIэну къыщIэкIынукъым. «Черноморец»-м и футболистхэм къызэрымыкIуэ щыуа­гъэхэр яIэщIэкI хъуащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым и зэранкIэ 62-нэ дакъикъэм судьям метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ. «Чайка»-м и гъуащхьауэ нэхъыфI Подбельцевым ар игъэ­зэщIэну дзыхь хуащIат, арщхьэкIэ топыр гъуэм дигъэкIыфакъым.
Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ гуащIэж мэхъу, хьэщIэхэм яфIэ­мыфIыщэурэ захъумэж. Арати, 74-нэ, 81-нэ дакъикъэхэм сытми топитI дагъэкIри, Новороссийск и командэр 3:1-уэ хагъащIэ. Абы къокI пашэныгъэр къахуэнауэ икIи къыкIэлъыкIуэ зэхьэ­зэхуэр япэ дивизионым щыщIадзэну.

КъулыкъущIэхэмрэ
хабзэхъумэхэмрэ нобэми зэхагъэкI

Iуэхум хилъэфауэ зыкъэзылъытэжа Краснодар и «Урожай»-м и генераль-нэ директор Градиленкэ Дмитрий Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым а пщы­хьэщхьэ дыдэм щитхащ «Чайка»-мрэ «Черноморец»-мрэ я зэIущIэм ­кърикIуа бжыгъэм хьэрэмыгъэ хэлъауэ гурыщхъуэшхуэ зэрыуигъэщIыр. Ар щIэдзапIэ яхуэхъури, къэралым и спорт газет нэхъыщхьэхэмрэ интер­-нет-сайтхэмрэ ярыз хъуащ Песчанокопскэм къыщыхъуар куууэ щызэп­къ­рах тхыгъэхэр. Дауи, Iуэхур нэсащ унафэщIхэми я деж. Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм (РФС) и Iэтащхьэу ягъэувагъащIэ Дюков Александр къы­кIэлъыкIуэ махуэм жиIащ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэм кърикIуар спорт зэпеуэныгъэм пэжыжьэу гу-рыщхъуэ зэрыщыIэр икIи Iуэхур зэхигъэкIыну МВД-м и пщэ зэрыралъхьар. ПсынщIэ дыдэу къызэрагъэпэщащ РФС-м и лэжьакIуэ гуп, нэхъапэм ­топджэгу цIэрыIуэу щытахэу Симонян Никитэ, Гершкович Михаил, Мирзоян Александр, Лексаков Андрей, Власов Андрей, Старцев Александр сымэ хэту. Къраджэурэ ахэр еупщIащ зэIущIэм щыджэгуа футболистхэм, абы­хэм я тренерхэм, судьяхэм. Къищы­нэмыщIауэ, къытрагъэзэжурэ еплъыжащ зэIущIэр зэрекIуэкIа, топхэр зэрыдагъэкIа щIыкIэм. Комиссэр зэа­къылэгъуу арэзы техъуащ «Чайка» - «Черноморец» зэпэщIэтыныгъэр спорт зэныкъуэкъуныгъэм зэрыпэ­жыжьам. Бэлыхь хэхуа командэхэми я Iуэху еплъыкIэр псынщIэу утыку кърахьащ. «Чайка»-р зи мылъкукIэ къэпсэу хьэрычэтыщIэ Чайкэ Андрей «Спорт-Экспресс» газетым и корреспондентым щепсалъэм къыхигъэщащ я ­хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Краснодар и «Урожай»-р, джэгупIэ губгъуэм къа­зэрыщыпэмылъэщам къыхэкIыу, административнэ Iэмалхэм зэрыхуэ­кIуар, апхуэдэ щIыкIэкIэ «Чайка»-р лъэ­ныкъуэ ирагъэзу езыр япэ дивизионым кIуэн папщIэ. 
«Черноморец»-ми зытригъэхьэн ида­къым икIи «Урожай»-м и хьэгъэ­щагъэу а псори къилъытащ. «Делагъэщ ар. Зэрытрах камерэхэмкIэ сыт илъэ­ныкъуэкIи узэда стадионым зыгуэр къыщыдбгъэдыхьэу ахъшэ къыдитауэ жыхуаIэм сытепсэлъыхьыххэну сыхуейкъым, - пиупщIащ новорос­сийскдэс­хэм я тренер нэхъыщхьэ, ди лъахэгъу ДыщэкI Хьэзрэт. - Фэ езыр фегупсыс апхуэдэ хъыбархэм хэт и фейдэ хэлъми. СызэригугъэмкIэ, «Урожай»-ращ».

Япэ тезырхэм къыкIэлъыкIуэфынущ

АрщхьэкIэ, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм а псалъэхэм щыщIэдэ­Iуакъым. Я Iэтащхьэ Дюковым пасэу жиIахэр гъуазэ зыхуэхъуа гупым къэхъуа псори «езым зэхигъэкIмэ» нэхъ къищтащ. Арати, тхьэмахуищ нэхъ дэмыкIыу, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и Къэзыпщытэ-тезыр тезылъхьэ комиссэм и унафэр мэкъуауэгъуэм и 7-м хэIущIыIу къэхъуащ. Абы ипкъ ­иткIэ, Новороссийск и «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэ ДыщэкI Хьэзрэт футбол Iуэху илъэскIэ зэрихуэну ­хуимыту ягъэуващ. КъищынэмыщIауэ, а командэм и гъуащхьэхъумэхэу Юдин Иван, Пуляев Анатолий, гъуащ­хьэхъумэныкъуэ Резников Станислав сымэ илъэсищкIэ топ ягъэджэгунукъым. А псом ищIыIужкIэ, Краснодар и «Урожай»-м и генеральнэ ди­ректор Градиленкэ Дмитрий (з­э­ры­фщIэжщи, абы Инстаграмым щитхахэращ псалъэмакъым и къежьапIэ хъуар) илъэс­кIэ футболым пэIэщIэ ящIащ, «Чер­номорец»-м хэтхэр мылъкукIэ нэхъапэжкIэ къыдихьэхыу зыхуей бжыгъэр зэIущIэм къыщыщIригъэдзыну зэры­хэтам папщIэ. Гурыщхъуэ зыхуащIхэм тезыр тралъхьэн папщIэ тегъэщIапIэ лъэщ ­хуейт. Апхуэдэ хъуащ «Черноморец»-м и футболистхэм ящыщ зыр. Абы мылъкукIэ трагъэгушхуахэми ар къы­зыбгъэдэкIахэми я цIэ, унэцIэр къри­Iуащ икIи жиIащ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэм и япэ Iыхьэр иухыу загъэпсэхуну икIа иужькIэ, хэгъэрейхэм сом мелуанитI къызэрыхуагъэлъэ­гъуар. Ар «Урожай»-м къритынум хуэдиплIкIэ щIигъурт.
Тезырхэр ткIийщ, ауэ ахэр щIэдзапIэу аращ. КъыкIэлъыкIуэнухэр нэхъ гуащIэжщ. Ар къыщыхъунур Урысей Футбол Зэгухьэныгъэмрэ МВД-мрэ я къэпщытэныгъэхэр зэфIэкIа иужь­кIэщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, удын нэхъыщхьэр зытехуэнур Песчанокопскэм и «Чайка»-ращ. Урысей футболым Iулъхьэм ерыщу зэрыщыщебэныр дуней псом щрагъэлъагъун папщIэ Ростов областым хыхьэ Песчанокопскэ къуажэм щхьэзакъуэ хьэры­чэтыщIэ Чайкэ Андрей и мылъкукIэ къыщызэрагъэпэща командэр хьэ-Iупс ящIыфынущ. Ар и зэфIэкIкIи мыхьэнэкIи, дауи, «Газпром»-р, «Рос­нефть»-р, «Башнефть»-р, «ВТБ-Банк»-р, нэгъуэщIхэр къызыкъуэт адрей гуп нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщкъым. Iуэхум и пэжыпIэр, дауи, зэхагъэкIынурэ, хабзэр къызэпызыудахэм тезыр тралъхьэнущ. Ауэ дауэ зэрызэхэбгъэ­кIынур зы командэм адрейр мылъку­кIэ тригъэгушхуэну хуит ящIауэ къы­зэрекIуэкIым тетхэмрэ Iулъхьэ езытхэмрэ. ТIум щыгъуэми къикIыр зыщ - спорт зэныкъуэкъуныгъэр лъэ­ныкъуэ езауэ мылъку зэлъэфэлIэныр япэ ищу аращ. Хьэмэ ягу къыщихьэм Iуэху ­къаIэту, адрейхэм гу лъамытэу дяпэкIи екIуэкIыну ара? Апхуэдэфэ тетщ.
Дауэ щытми, накъыгъэ мазэм Песчанокопскэ къуажэм къыщыхъуам зыми фэфI къытригъауэркъым. Арауэ къыщIэкIынщ «Урожай»-м хъыбар щIызэбгригъэхар мазэ дэкIмэ щIэзы­дзэну урысейпсо зэхьэзэхуэщIэм ­абы­рэ топджэгум дихьэххэм я мылъкукIэ къызэрагъэпэщыжауэ Краснодар крайм и чемпионатым щыджэгу «Кубань»-мрэ зы гупу зэхыхьэжыну. Песчанокопскэм и «Чайка»-ми, зыри къэмыхъуам хуэдэу, ерыщу зыхуе­гъэхьэзыр мыгувэу щIэзыдзэну Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм. Зэпеуэр мылъкум къелъахъэ Урысей футболым и лъабжьэр щIэ­зылъэсыкIхэм ящыщщ зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтын мылъку командэхэм ири­къуу зэрамыIэр. Мыгъэрей зэпеуэр и кIэм намыгъэсыфу хэкIыжащ Дон Iус Ростов щыIэ, Понедельник Виктор и цIэр зезыхьэ академием и футболист ныбжьыщIэхэр. КIэух зэIущIэхэм абы­хэм я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у къащытекIуауэ ятхащ. Хьэлэмэтращи, зэ­хуащIыжын ипэкIэ а командэр нэгъа-бэ и щэкIуэгъуэ мазэм иужьу Налшык щыджэгуати, 1:0-у ди щIалэхэм къе­фIэкIащ. ЕтIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым адэкIэ хэмытыжыфынур ростовдэсхэм я закъуэкъым. Абыхэм ­гъусэ яхуэхъуащ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Ингушхэм жаIащ зэрыджэгум папщIэ футболистхэм ахъшэ щрат командэ дяпэкIэ зэрахуэмыгъэкъаруунур икIи къыкIэлъыкIуэ зэхьэзэхуэр езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ещанэ дивизионым къызэрыщыщIадзэнур. Дызыхэт гу­пым и пашэхэм ящыщ зыуэ щыта «IэфIыпс» командэри нэгъабэ зэры­зэбграутIыпщыкIыжар къэплъытэмэ, Iуэхухэр щIагъуэкъым. «Спартак-Налшыкым» апхуэдэ шынагъуэр щхьэщыкIа хуэдэщ. Абы и унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, ятелъа щIыхуэ псори япшыныжащ икIи къалэн пыухыкIахэр (къапщтэмэ, япэ ди­визионым гъэзэжыныр) дяпэкIэ къы­хуагъэувыну къыщIэкIынщ. ИтIанэ ­нэхъ утыку ихьэнт ди щIыпIэм къы­щалъхуа, зыщызыгъэса щIалэщIэхэр икIи нэ­хъы­бэм къацIыхунт. АрщхьэкIэ иджыб­лагъэ къызэхуэсыжа «Спартак-Налшыкыр» аргуэру лъэпощхьэпохэм Iууащ. Ахэр, дауи, къызыхэкIар мылъкур зэрымащIэрщ икIи хуабжьу зэрагъэзэхуэн зэрыхуейрщ. ЗэкIэ ди щIалэхэм Налшык зыщагъасэ. АдэкIэ зэрыхъум деплъынщ, ауэ, иужь илъэс­хэм хабзэ зэрахуэхъуауэ, аргуэру ­Нартсанэ (Кисловодск) зэрыфIэ­мы­кIыфынур  иджыпстуи  нэрылъа­гъущ.

НэгъуэщI щIыпIэхэр зи плъапIэхэр Зы мазэ хуэдиз дэкIмэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым зи чэзу зэ­хьэзэхуэм щыщIидзэн хуейщ. ЗэкIэ наIуэкъым абы хэтыну псори. Дап­хуэдэу хъуми, и чэзум зэхьэзэхуэр зэхаублэнущ. Зэпеуэм хэтыну командэ псоми зыгъэхьэзырын ирагъэжьащ. Ауэ сыту пIэрэ «Спартак-Налшыкым» къыпэплъэр? Зыкъэужьыжыныгъэм и гъуэгум пащэну ди щIалэхэр мэпабгъэ. Ар къайхъулIэн папщIэ топджэ-гум куэд щызылъэгъуа икIи щызы­хузэфIэкIа гъуащхьэтет икIи коман-дэм и капитан Щоджэн Борис, гъуащ­хьэхъумэхэу Мэкъуауэ Залым, Тебэрды Тимур, Ольмезов Артур, гъуащхьауэхэу Мэшыкъуэ Ислъам, Бацэ Къантемыр, Машэжь Ратмир сымэ я Iэзагъым къыкъуэувэну хьэзырщ щIалэщIэхэм я жыджэрагъымрэ псынщIагъымрэ. 
АрщхьэкIэ иужь махуэхэм къэIуа хъыбархэм ухагъаплъэ. ЩIэзыдзэну зэхьэзэхуэм къалэнышхуэхэр зыщы­хуэзыгъэувыжа «Спартак-Вла­ди­кав­каз»-м хыхьэжыну пэгъунэгъущ ­нэхъапэм абы хэта ди гъуащхьауэ ­нэхъыфI Мэшыкъуэ Ислъам. Песчанопскэм и «Чайка»-м зыщегъэхьэзыр Тебэрды Тимур, Санкт-Петербург и «Зенит»-м и щIалэгъуалэ гупым къы­щыкIэлъоплъ Iэпщацэ Марат. И ныбжьыр илъэс 33-м щIигъуами, япэ дивизионым и командэ зытIущ щIохъуэпс ди гъуащхьэтет икIи гупым и капитан Щоджэн Борис зыхагъэхьэну. Нэ­гъуэщI­хэми щIэупщIэ яIэщ. Пэжщ, къыхэжаныкIахэр командэ нэхъыфI­хэм хыхьэн, абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуэн хуейщ. АрщхьэкIэ пашэхэр псори зэбгрыкIыжмэ, «Спартак-Налшы­кым» къыпэплъэр сыт? Хэт зыгъэ­сэнур, зыдэплъеинур, зы­гъэгуш­хуэнур абы хыхьагъащIэ ди щIалэхэр?

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.