Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай иригъэкIуэкIащ 2023 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэр къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэ прокурорым и къуэдзэхэр, прокуратурэм и аппаратым и IэнатIэхэм я унафэщIхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я прокурорхэр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ республикэ прокурорым и къуэдзэхэу Сысоенков Андрей, Белов Сергей, Кадыров Азрэт, коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ къудамэм и унафэщI Бекъул Залинэ, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Тэрч районхэм я прокурорхэр.
Республикэм и прокурорым щIыналъэм къэрал хабзэ-хэр зэрыщагъэзащIэ щIыкIэхэр, хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ прокурор кIэлъыплъыныгъэм иIэ мыхьэнэр зыхуэдэр къилъытащ. Хабаровым гулъытэ хэха хуищIащ икIи къытеувыIащ кIэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэхэм. Абыхэм ящыщщ гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ хабзэкIэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ щыпхыгъэкIыным ехьэлIа Iуэхухэр, ныкъуэдыкъуэхэм, хуэмыщIауэ псэухэм, IэмалыншагъэкIэ къэIэпхъуахэм ядэIэпыкъуныр.
Апхуэдэуи Хабаров Николай къыхигъэщащ щIэпхъаджагъэмрэ коррупцэмрэ япэщIэтыным и лъэныкъуэкIэ прокуратурэм и лэжьыгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм кърикIуахэм япкъ иткIэ унафэ къащтащ икIи абыкIэ кIэлъыплъыныгъэхэр нэхъри егъэфIэкIуэным хуэунэтIа къалэн пыухыкIахэр ягъэуващ.
УЭРДОКЪУЭ Женя.