ПСЭУЩХЬЭ АБРАГЪУЭХЭМИ Я КIУАПIЭТ

Антарктидэ щIыгу инышхуэу километри 3 нэблагъэ зи Iувагъ мылкIэ щIэгъэнар зэрыщыIэм, япэ дыдэу гу лъызытар урыс кхъухь пашэхэу Беллинсгаузен Фаддейрэ Лазарев Михаилрэщ. Ар къыщыхъуар 1820 гъэм щIышылэм и 28-рщ. Абдежым къыщегъэжьауэ а континентыр зыхуэдэр зэхэгъэкIыным еджагъэшхуэхэр яужь итщ. 

АтIэми, ди планетэм иужьрей лъэхъэнэхэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ нэхъ ин дыдэу дызыхуэмейхэм ящыщщ Антарктидэр щIэзыгъэна мылхэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрыщIэткIукIыр. 
А къэхъукъащIэм къыдэгъуэгурыкIуэ Iуэхугъуэхэм хабжэ лъэхъэнэ жыжьэу жыжьащэхэм зи гугъу тщIы континентым щыпсэуа псэущхьэ телъыджэхэм къащIэна къупщхьэлъапщхьэри ди нобэм къызэрыIэгъуэр. 
Ауэ щыхъукIи, къэхутакIуэхэр зи лъэужь иплъа динозаврхэм, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, я нэхъ мащIэрауэ, илъэс мелуан 70 я ныбжьщ.
Зи гугъу тщIы континентым лъэхъэнэ жыжьэ дыдэхэм щыпсэуа псэущхьэхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, куэдкIэ нэхъ инт дызэрыт зэманым абдежым дызыщрихьэлIэ пингвинхэм нэхърэ, метр 20-м нэблагъэ я кIыхьагърэ метри 8-м нэсыр я лъагъагъыу. 
КъэхутакIуэхэр зэрегупсысымкIэ, Антарктидэм зи лъэужь къыщагъуэта псэущхьэ абрагъуэхэр титанозавр жыхуаIэу ЩIы Хъурейм и адрей хэгъэгухэр къызэхэзыкIухьахэм хуэдэт. Зэрыабрагъуэр къэтлъытэмэ, ахэр, телъыджэр аращи, лы зыIузымыгъахуэ удзышхт. 
Геологхэм зэрагъэувымкIэ, зэман жыжьэ дыдэу тхыдэм щыщ хъужахэм Антарктидэр адрей континентхэм щIы кIапэ хэукъуэдиикIахэмкIэ япыщIат. АбыхэмкIэщ мыл лъабжьэм къахэпсыкIыжа псэущхьэ абрагъуэхэр зэрыщызекIуэу щытари. 
Ауэ щыхъукIи, титанозаврхэм я лъэужь къызэрыщагъуэтыжар и щыхьэтщ нэхъ пасэхэм Антарктидэр хуабалъэрэ мэзылъэу къызэрекIуэкIами псэущхьэхэм ящыщу нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэми я лъахэу зэрыщытами.
ЩIэныгъэлIхэр мы зэманми яужь итщ континент жыжьэм и щхьэфэм апхуэдиз мыл щIытрищIам и щхьэусыгъуэр зэхагъэкIыну. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а Iуэхум егупсысахэм гу зылъамыта гуэрхэр ди нобэми зэрыщыIэр шэч къызытумыхьэнщ.
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.