Мэкъуауэгъуэм и 9-м щегъэжьауэ 12 пщIондэ Санкт-Петербург щекIуэкIа «Иппосфера» XXIV дунейпсо шы гъэлъэгъуэныгъэм Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 18 хэтащ. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIалэхэр АР-м и Шу хасэм зэхуишэсри, адыгэшыр екIуу щагъэлъэгъуащ мы зэхыхьэм. Шу хасэм и тхьэмадэ Тхьэпщокъуэ Альберт зэрыжиIамкIэ, зэкъуэш республикэхэм щыщ щIалэхэр зэхыхьэри, яшхэр яшащ Санкт-Петербург. Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыщу шы щырыщ, Краснодар крайм щыщу зы, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ тIу хэтащ гъэлъэгъуэныгъэ иным.
Урысейм и «ищхъэрэ къалащхьэм» цIыху 40 хуэдиз здишащ Шу хасэм. Адыгэхэм гъэлъэгъуэныгъэ пщIантIэм щагъэува шэтырым ди хэку укъыщыхутауэ къыпфIигъэщIырт. АдыгэлIым адыгэшыр ижь-ижьыж лъандэрэ зэриIэпэгъур щIалэхэм ягъэлъагъуэмэ, адыгэ бзылъхугъэм и Iэпэм дыщэ къызэрыпыщыр утыку кърихьащ Бэджокъуэ Бэллэ. Абы и IэдакъэщIэкI фащэхэр, цIыхубз фэилъхьэгъуэр зэрагъэщIэращIэ цIыкIуфэкIухэр, адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр къызытещ хьэпшыпхэр здихьат Бэллэ икIи шэтырым дахэу щрагъэувэкIат.
Гъэлъэгъуэныгъэр зэрекIуэкIа махуиплIым къриубыдэу «Абрэджхэр» ныбжьыщIэ къэфакIуэ ансамблым адыгэ щэнхабзэр цIыху мини 10-м ирагъэлъэгъуауэ жыпIэ хъунущ. апхуэдиз къыщызэхуэсат зэхыхьэм. Ахэр къэфащ, джэгуащ, хьэщIэхэм я гъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ. Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ къикIа хьэщIэхэм зыщамыгъэнщIу зэпаплъыхьырт адыгэ фащэхэр, ар зыщыгъ щIалэгъуалэм сурэт трахырт, джэгу щекIуэкIкIэ къыхыхьэурэ къафэрт. Тхьэпщокъуэ Альберт и нэIэ щIэту иша гупым дэтхэнэми къалэн пыухыкIа иIэти, Iуэхур нэхъыфI зэрыхъунум, адыгэм и шыфэлIыфэр екIуу зэрагъэлъэгъуэнум, лъэпкъым и Iулыджыр зэраIэтынум, и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку къызэрырахьэнум иужь итащ псори.
Зэкъуэш республикэхэм ираша адыгэшхэр и макъ жьгъыру дахэмкIэ утыку къришэу, абыхэм ятеухуахэр рингым щигъэIуу, «Иппосфера»-р зэрекIуэкIым и чэзум дыщигъэгъуазэу гупым я гъусащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгей ТВ»-м и лэжьакIуэ ТIэш Светланэ.
Илъэсым екIуэкI шы гъэлъэгъуэныгъэ нэхъ иным шы лIэужьыгъуэ 20 хэтащ, псори зэхэту щитI утыку къихьащ, шы зыгъэхъу заводрэ цIыху щхьэхуэу 100-м яйуэ. ЛIэужьыгъуэхэм ящыщт ахалтекин, буденновск, владимирскэ, донской, орловскэ, терскэ, вятскэ, мезенскэ, нэгъуэщIхэри. Псоми яцIыхуу яхэтт адыгэшри.
«Иппосфера»-м кърихьэлIахэм адыгэшым и дахагъым рингым щыкIэлъыплъа къудейкъым, атIэ шэщ «зэIухахэм» бгъэдыхьэурэ шыхэр зрагъэлъэгъуащ, сурэт зытрагъэхащ, телъэщIыхьащ. Гъэлъэгъуэныгъэм щыIахэм жаIэ, ди шэщхэм я деж махуиплIми цIыхухэр Iуву щызэтрихьэу зэрыщытар.
- Дэ шыр едгъэцIыху къудейкъым, атIэ ди лъэпкъыр, ди щыIэныгъэр, ди щэнхабзэр, ди напэр дгъэлъагъуэу аращ. Псори щыгъуазэщ адыгэшым и зэфIэкIым, - жеIэ Тхьэпщокъуэ Альберт.
Ди шууейхэм а махуэхэм ягъэлъэгъуащ адыгэшым и къарур здынэсри, и теплъэр зэрыдахэри, и зэфIэкIыр зэрыинри. Псом нэхъыщхьэращи, адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэгуэхыпIэ имыIэу зэрызэпхар, лIыми шым хуэфащэу зэрызиIыгъыр, ар къуэшым хуэдэу къызэрилъытэр цIыхухэм я фIэщ ящIащ.
МахуиплIым къриубыдэу лIэужьыгъуэ 14-кIэ зэхьэзэхуащ шыхэмрэ шууейхэмрэ. Абыхэм ящыщу «Созвездие Шагди» зыфIащам пашэныгъэ къыщихьащ Налмэс зи цIэ шым, абы тесар Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ КIэдыкIуей Замрэтщ.
Апхуэдэу зэхьэзэхуэ дэтхэнэми щытекIуахэр зэуэ утыку кърашэжати, пашэныгъэр зылъысар буденовск шы лъэпкъращ, ауэ ди Налмэсыр къеплъахэм нэхъ ягу ирихьауэ къыхахри, «Приз зрительских симпатий» тыгъэр къыхуагъэфэщащ.
Къапщтэмэ, Шу хасэр 2018 гъэ лъандэрэ хэтщ мы Iуэхум, дуней псом щыцIэрыIуэ шагъдий адыгэш зэкIужыр утыку иришэу. ИкIи 2021 гъэм Адыгейм и Куэшхьэблэ районым щыщ Налмэс шыр «Созвездие Шагди» рингым и чемпион хъури, «Иппосфера-2021»-м и и вице-чемпиону хахащ.
Апхуэдэ пашэныгъэхэр дунейпсо утыку къыщызыхь ди шууейхэр екIурэ-ещхьу зэщыхуэпыкIауэ, къэзылъагъу псоми ягу къинэжу хэтщ а Iуэхум. Мы гъэм хуабжьу дахэ хъуат Тхьэпщокъуэм и унафэм щIэту ежьа шууей гупыр «Петергоф» музей-заповедникым къызэрыщакIухьар. «Абрэджхэми» джэгушхуэ щащIащ абдеж.
НэщIэпыджэ Замирэ.