ГУИБГЪУ Я ГУЛЪЭМЫЖРЭ ФЫЗИБГЪУ Я ЦУДЭЧИЙРЭ

Шырэ уанэрэ зэхуэсхьыфыртэкъым, ауэ сыкъаIэтрэ сагъэшэсмэ, жыхуаIэм сынэсырти, сыкъэкIуэжыни схузэфIэкIырт, Динэху (арат зэреджэр) нанэу жэнэтыр тыншыпIэ зыхуэхъуным мы псысэр къыщызжиIэжам щыгъуэ.

Еуэщ-еIэщ аби, - жеIэ, - къуажэ гуэрым зы пщыжь дэст. Абы зы пхъу закъуэ иIэти, тхьэIухудт. И IэпкълъэпкъкIи зэкIужт, езым нурыр къыщхьэщихырт. ЦIыхухэри НурэкIэ еджэ хъуат.

Махуэ гуэрым гъуо ягъаджэ, дэсу хъуар къуажэкум къыщызэхуэсыну. Жылэм я пащхьэ пщыр къоувэри, яжреIэ: «Къуажэжь Iумахуэ жыхуаIэращ, чэзуи зимыIэ щыIэкъым. Нурэ и дэкIуэгъуэ хъуащ. Пщащэр куэдрэ дэсмэ, мэутхъуэ. ЕмыкIу сыкъэвмыщI, си пхъур зыгъэпсэуфын хуэдэ малъхъэ солъыхъуэ».

Жылэр къэнэщхъыфIащ. Хэти: «Уэрей, мопхуэдэм я щауэр зэхэзекIуэфI зиIэмэ», - жеIэ, адрейми: «Мобыхэм яйм хыхьэхэкI иIэмэ, си Iуэхущ абы Нурэ имыгъэпсэуфмэ!» - къыхелъхьэ.

«Хьэуэ! - жи пщышхуэм, - Сэ гушыIэ дахэ зиIэ сфIэфIщ. ПцIы зэфэзэщу, пэж къыхэмыхьэу, псысэ зэхэзылъхьэфыр малъхъэ сщIынущ!».

Уо-о-о, щIалэгъуалэр зэпеуэнтэкъэ пцIы упсынкIэ! Хэтыт нурыр къызыщхьэщих Нурэ и насып къихьыну хуэмейр? Абыхэм «ди анэр къыщамышэм, ди анэшым срашыбзыхъуэт» жызыIа къахэкIаи, хэти мыщэм ебэнауэ щигъэхъыбарым, мыдрейм дыгъужьищэ ирихужьауэ иIуэтаи. Ауэ, пщым игу ирихьын таурыхъ, и зэхэлъыкIэкIэ пцIы зэфэзэщу, яхужыIэртэкъым.

ИкIэм-икIэжым, «сэ жысIэнщ, сэ жысIэнщ!» жиIэри, зы къуийцIыкIу къахэкIащ. Жылэр зэрыгъэдаущащ: «Уа, пцIы защIэ хузэхэлъхьэну, сытми, КъуийцIыкIу?!».

«Зэт-зэт! ФызэщIэщымэт! Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ. Инрэ надэ нэхърэ, цIыкIурэ быдэмэ нэхъыфIщ. Алащэм и кIуэррэ къуийм и Iущрэ, - жиIакъэ пасэрейм. Къуийр пхуэгъэхъужынущ, ижькIэ пхуэмыгъэхъужыр армурщ (мыкIуэмытэ, делэ-мелэ, мыкхъэмывэ жыхуиIэщ)», - зэрыгъэдаущащ щытахэр.

Хуит щащIым, ди КъуийцIыкIуу плъагъум и таурыхъыпцIыр иришэжьащ.

«Еуэщ, еIэщ аби, - кърегъажьэ абы, - къамылъхуа мылъху адэм къилъхуа тхьэкIумэкIыхьыр кIэщIэст. Ар плъэри, нэфым къилъэгъуащ, лъашэр щIэпхъуэри, тхъий иримыгъэкIуу къиубыдащ. ПцIанэм и гуфIакIэм дигъэтIысхьэри, екъури ежьэжащ.

КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейуэрэ, псышхуэ Iуфэ гуэрым Iухьащ. Псым хэплъэмэ, бдзэхъум из хъуауэ, бдзэбзым щIэтыр и утэу илъэгъуащ. Ар игъэщIагъуэурэ, тхьэкIумэкIыхьыр абдежым щиукIри, щэуэ шыхьагъищ къикIащ. «Уеи, си шырыкъухэм ящысхуэнумэ», - жиIэри, лъэныкъуэм ирикъуа къудейщ. Щэр зылъымыса шырыкъум зигъэгусэри, чыхум хыхьэжащ. Ауэ щыхъум, и лъыхъуакIуэ кIэлъежьащ.

КъикIухьурэ, Iуащхьэшхуэ гуэрым дэкIащ. И башыр хитIэщ, и пыIэр фIидзэщ, дэпщейри, Iэдакъэжьауэ ищIрэ плъэмэ, шкIащIийкIэ вэуэ зыгуэр къилъэгъуащ.

Башым къехыжщ, абдежым зы жыгышхуэ щытти, джыдэр къищтэщ, къеуэм-неуэурэ гуибгъу я гулъэмыжрэ фызибгъу я цудэчийрэ (цыр зэрызэIуащэ) къыхихащ. Арати, цIывышхуитIыр щIэщIауэ, мастэр я гулъэмыжу, хъумпIэцIэджыр я гублащхьэдэсу, гу нэдибгъур илъу, пщым и куэбжэшхуэми дэхуакъым, пщым и куэбжэ цIыкIуми дэхуакъым. Хьэбз жэжым пхатхъа бжыхь гъуанэмкIэ дэжри, пщым и пщIантIэшхуэм дэлъэдащ.

Ху нэдибгъур пщым и гуэнышхуэми ихуакъым, пщым и гуэн цIыкIуми ихуакъым. Я фызыжьым и Iэпхъуалъэм иракIутэри, къищакъым», - щыжиIэм, «Тхьэр согъэпцIри, си пхъур умыхьамэ!», - шыпсэр зыхуиIуэта пщыр къыщылъэтщ, хьэгъуэлIыгъуэр зэхаублэри, жэщищ-махуищкIэ зэхэтащ, сэри сраджати, фо махъсымэ сыкъыщефащ.

КъуийцIыкIурэ Нурэрэ «къуэ бын - щэ бын» жыхуаIэм хуэдэ хъуауэ, тхъэрэ-псэууэ къэнэжауэ, Къулъкъужын ущыдэжкIэ, къуажэкIэ дыдэм деж щопсэу!

Зытхыжар БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.