Ди къэкIуэнум дызэкъуегъэувэ

«Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зэхуаку ветеринар лабораторэ» къэрал IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ ­къудамэм и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ «Гъавэм и фIагъыр къэзыпщытэ IэнатIэ» къэрал IуэхущIапIэм Ставрополь щиIэ къудамэм и унафэщI Котло Анатолийрэ удз гъэгъахэр тралъхьащ 1941 - 1945 гъэ­хэм ­Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм ­хуагъэува «ЩIыхьым и МафIэ мыужьых» фэеплъым. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къэ­зымыгъэзэжахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу абдеж щызэхуэсат Хэку зауэшхуэм и ве­теранхэр, а илъэс гугъухэм лэжьахэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр, «Гъавэм и фIагъыр къэзыпщытэ IэнатIэ» къэрал IуэхущIапIэм Ставрополь щиIэ къудамэм и лэ­жьакIуэхэр, щIалэгъуалэр. 
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Сэхъу­рокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр нэхъ лъапIэ дыдэхэм, мы­хьэнэшхуэ зиIэхэм сыт щыгъуи зэращыщынур. «Мы Iуэхугъуэр ди Хэкур зы­хъумахэм я фэеплъщ. Ар зауэм къимыкIыжахэм, лIыгъэ яхэлъу я къулыкъум пэрытахэм, къэралым и къэкIуэнум папщIэ зи гъащIэр зытахэм фIыщIэ ин зэрахуэтщIымрэ ахэр дигу ­зэрилъымрэ къэзыгъэлъагъуэщ, - жиIащ Сэхъурокъуэм. - Мы зэманми ди къэралым и Президентыр Урысейр зэри­хъумэну Iэмалхэм хуэмыкIуэу хъуакъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэхэри иджыпсту а IэнатIэ мытыншым пэрытщ. Абы хэкIуэдахэм, ди ­хъумакIуэхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ. Зыри дызэщхькъым дэ, ауэ псоми зы ­плъапIэщ диIэр - дыхуейщ ди щIэблэм я ­гъащIэр мамыру, гъэщIэгъуэну ирахьэкIыну, щIэныгъэрэ хабзэрэ яхэлъу къэхъуну. Мыпхуэдэ Iуэхухэр щIэблэм сэбэп яхуохъу икIи щысабийм къыщыщIэдзауэ ахэр Хэкум быдэу пыщIауэ, я щIыналъэр фIыуэ ялъа­гъуу къэхъунымкIэ мыхьэнэш­-хуэ иIэщ. Абы къыхэкIыу, накъыгъэм и 9-р махуэшхуэ къудейуэ къэслъытэркъым, атIэ ар щIэблэм Хэку лъагъуныгъэр зыхащIэу езыгъасэщ. Ди Хэкур зэрыпхъуакIуэхэм ящы­зыхъумахэм я фэеплъыр иремыкIуэд! Ирехъу нэхъ быдэ ­ди лъэпкъ зэхущы­ты­кIэхэр!».
Налшык къалэм и ветеранхэм я советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа жиIащ: «Но­бэ дигу къыдогъэкIыж Хэкум и щхьэхуитыныгъэм зи щхьэ щIэзытахэр - цIыху мелуан ­26-рэ мин 400-рэ хъурт ахэр. Абы щыщу ­мелуан 11-рэ мин 300-р зауэ IэнатIэм Iутахэращ. Ветеранхэм я къалэ советым мы ­махуэхэм курыт еджапIэхэм щригъэкIуэ­-кIащ ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр. Сабийхэр яфIэгъэщIэгъуэну абыхэм хэтащ. Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Налшык къалэм ветеран 11 дэсыжу аращ. Абыхэм ящыщ дэтхэ­нэми узыншагъэ быдэ иIэну ди гуапэщ, ­Хэкум папщIэ зи псэр зытахэми я фэеплъыр иремыужьых».
- ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу. Узыншагъэ фиIэну, бэIу­тIэIуншэу фыпсэуну си гуапэщ. Псоми къыдгуроIуэ иджыпсту Украинэм щекIуэкI Iуэхухэр куэд щIауэ ягъэхьэзырауэ зэры­щытар, а псор Урысейм къызэрыпэщIэувэ Iэмалу зэрыарар. Накъыгъэм и 9-р махуэшхуэ лъапIэщ. Дэ ди къалэнщ ди нэхъыжьхэр дгъэлъэпIэну, тхъумэну. ИкъукIэ мащIэ дыдэщ диIэжыр. БлэкIар щытхъу­мэкIэ, ди къэкIуэнуми дыхуосакъ, абы дызэкъуегъэувэ, - жиIащ Котло Анатолий.
Зэхуэсым и кIэм Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм саугъэтхэр иратащ.
ЖЭМАН  Мадинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.