Ди къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми мы махуэхэм щокIуэкI 1941 - 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэм СССР-м текIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 78-рэ зэрыхъур гъэлъэпIэным хуэгъэпса лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Къызэрагъэпэщ гъэлъэгъуныгъэ купщIафIэхэр, щэнхабзэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр, тхыдэр зи лъабжьэ зэIущIэ инхэр. Iуэхум хьэлэмэту щыбгъэдыхьащ Шэрэдж районым. Абы щагъэуващ Хэку зауэшхуэр зэрекIуэкIа зэманым щыщу зы махуэ закъуэ уи нэгу къыщIэзыгъэхьэж теплъэгъуэхэр.
«ТекIуэныгъэм ухуэзышэ гъуэгухэр» фIэщыгъэр зиIэ, макъамэрэ тхыдэм щыщ Iыхьэхэу зэхэгъэува лэжьыгъэ купщIафIэт ар. Ар къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр зейр Къул Амир зи пашэ, уэрэдымрэ къафэмкIэ театр «АмикС» гупыращ. Шэрэдж щIыналъэм и щIыпIэ цIэрыIуэхэм ящыщ «Псыжь» хэщIапIэм, Зэрэгъыж къуажэм и гъунэгъуу щыIэм, щагъэуват махуэ псокIэ екIуэкIа спектаклыр. Абы и теплъэгъуэхэм къыщыгъэлъэгъуат Хэку зауэшхуэм и 1409-нэ махуэр. Зауэшхуэр иухыным махуи 9 фIэкIа къэмынауэ, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, совет зауэлIхэу Берест Алексей, Егоров Михаил, Кантарие Мелитон сымэ, Сьянов Ильяи я дэIэпыкъуэгъуу, ТекIуэныгъэм и Бэракъыр Берлин и Рейхстагым фIадзауэ щытащ абы щыгъуэ. А зэман жыжьэм екIуэкIауэ щыта Iуэхугъуэхэр дэтхэнэми нэрылъагъу щыгъэхъуныр, къытщIэхъуэ щIэблэм гурэ псэкIэ зыхегъэщIэныр мураду зыхуагъэувыжат Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэм.
- Махуэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэхьэзыращ Iуэхугъуэм, зауэ зэманым фронтым щыщыIа щытыкIэр, езы зэуапIэ губгъуэр «къэгъэщIыным» дыхущIэкъуу. Духуащ щIыунэхэр, мэз лъапэм щыдгъэуващ сэлэт пщыIэхэр, зауэлIхэм ящыгъа фащэри яIыгъа Iэщэри блэкIа зэманым зэрыщытам хуэдэу къызэрызэдгъэпэщыным иужь дитащ, - жеIэ «АмикС»-м и художественнэ унафэщI Къул Амир. - КъинэмыщIауэ, набдзэгубдзаплъэу щIэдджыкIащ Хэку зауэшхуэм и 1409-нэ махуэм ехьэлIауэ щыIэ тхыдэ литературэр, кинофильмхэм деплъыжащ. Уеблэмэ лэжьыгъэм къыхэтшащ тхыдэджхэр, къетхьэжьа Iуэхум пэжыр и лъабжьэу щытыным дыхуэсакъыу. ЖыпIэнурамэ, псори делIэлIащ лэжьыгъэр зэпэщу, къыкъусаныгъэншэу къызэгъэпэщыным, екIуу зэрыдгъэзэщIэнми дыхущIэкъуащ.
Лэжьыгъэр зэфIэгъэкIыным я къаруи, мылъкуи, зэмани ирахьэлащ зи щIалэгъуэхэми, нэхъыжьхэми, ныбжьыщIэхэми. КъБКъУ-м и студенткэ Къул Дисанэ «Урысей щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэм» къэралпсо махуэщIым ипэ къихуэу къыхилъхьа проектхэм хэтри, грант къихьэхуати, ар хьэлэлу хилъхьащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр гъэлъэпIэным. Зэрэгъыж жылэ Iумахуэм дэсхэри лъэныкъуэегъэзу щытакъым. Абыхэм Iуэхум кърахьэлIащ жэрдэмщIакIуэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр, ерыскъыхэкIхэр, транспорткIэ къызэрагъэпэщащ.
Махуэшхуэм и мыхьэнэр нэхъри яIэтащ зауэ теплъэгъуэхэм хэплъэну абы зыкърезыхьэлIа хьэщIэ лъапIэхэми. Апхуэдэхэт КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, ОВД-рэ ВВ-рэ я ветеранхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн, дзэ къулыкъущIапIэхэм я ветеранхэр, «Армие ныбжьыщIэ» зэгухьэныгъэм хэтхэр, щIыналъэм щыпсэухэр, абы щылажьэ курыт школхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ. Дзэ-губгъуэ лагерым апхуэдэу екIуэлIат Шэрэдж районым, республикэм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри.
- Ди къэралышхуэм зы унагъуи ису къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм и гузэвэгъуэр зылъэмыIэсарэ абы и бэлыхьхэр зымышэчарэ. Абы къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иныр Хэкум щыпсэу дэтхэнэм и дежкIи фIыгъуэ мылъытэщ. Советыдзэм и зауэлI хахуэхэм, ди лIыхъужьхэм, къэралым и цIыху псоми я псэемыблэж лэжьыгъэр, зэфIэкI къызэрымыкIуэхэр зи щIыбагъ къыдэлъ а текIуэныгъэм уасэшхуэ зэрыщIэттари зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, - жиIащ Шэрэдж районым и администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан. – Нобэ дызыхэт Iуэхугъуэр Хэку зауэшхуэм зи гъащIэр ихьа ди цIыхухэм я фэеплъщ, апхуэдэуи гъунэгъу щIыналъэм къэралым щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам хэтхэми гурэ псэкIэ дазэрыщIыгъум и щыхьэтщ.
ТекIуэныгъэм ухуэзышэ гъуэгухэр, дауи, тынштэкъым. Хэку зауэшхуэр зэрекIуэкIа илъэсиплIым нэсым и зы махуэм «Псыжь» деж щыкIэлъыплъахэм ар иджыри зэ хьэкъыу я фIэщ хъуащ, гурэ псэкIи зыхащIащ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ нэхърэ нэхъ фIыгъуэ зэрыщымыIэр. «АмикС»-м игъэува теплъэгъуэхэр абы и щыхьэтт. Гуп зэчиифIэм хэтхэм ягъэхьзыра лэжьыгъэ купщIафIэм къызэщIиубыдащ зауэ теплъэгъуэхэри, зауэлIхэм я зыгъэпсэхугъуэ мащIэри, хэкупсэ уэрэдымрэ макъамэмри увыпIэ щагъуэтащ. Уэрэдымрэ къафэмкIэ театрым хэтхэм я гъусэу концертым хэтащ КъБР-м и Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэхэр, Урысей гвардием и оркестрыр.
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща Iуэху дахэм хэтахэр ягъэпэжащ республикэм и министерствэхэм, щIыпIэ администрацэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ. Лэжьыгъэр екIуу, купщIафIэу зэфIагъэкIа нэужь, хэгъэрейхэм хьэщIэхэм гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтащ.
ТАМБИЙ Линэ. Шэрэдж щIыналъэ.