Зэманым зи лъэужь дэмыкIуэд Iуэху, махуэ хэха куэд щыIэщ. Апхуэдэщ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэжу зыхэтщIэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэрэ зэIэпах, зи пщIэр лъагэ, зи мыхьэнэр ин – ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр. Мыр ди къэралым щагъэлъапIэ махуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ТекIуэныгъэм ди къэралым щIитар мащIэкъым, ар цIыху мелуанхэм я гъащIэщ, сэлэт хахуэхэмрэ лIыхъужьхэм я гуащIэщ. Абыхэм я фIыгъэкIэ мамыр гъащIэщIэр зэфIэуват.
Мы махуэм дэ иджыри зэ дропагэ ди адэшхуэхэм яхэлъа лIыгъэм, ди къэралым къызэкъуиха къарум, ди тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм.
Балигъхэм я къалэнщ а напэкIуэцI щхьэхуэхэм къыщыгъэлъэгъуэжахэр къыдэкIуэтей щIэблэм я деж нахьэсыну, къащхьэщыт уафэ къащхъуэмрэ мамыр гъащIэмрэ къахуэзыхьахэм я хъыбар жраIэжыну. Зауэм, гузэвэгъуэм, нэпсым, мэжэщIалIагъэм я мыхьэнэр ямыщIэми, цIыкIухэм къагуроIуэ текIуэныгъэм, мамырыгъэм, дахагъэм, лIыгъэм я купщIэр.
Апхуэдэ гупсысэ нэхухэмкIэ сабийхэм тхыдэр ирагъащIэу Къэхъун къуажэ дэт курыт еджапIэ №1-м епхауэ лажьэ «Ашэмэз» сабий гъэсапIэм зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.
Нэхъыжь гупым я гъэсакIуэхэу НэщIэпыджэ Ларисэрэ Джатокъуэ Маринэрэ ягъэхьэзыра дерсыр купщIафIэт икIи куэд къызэщIэзыубыдэт. ГъэсакIуэхэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэм гурагъэIуащ тхыдэм къыхэна махуэм и мыхьэнэр, накъыгъэм и 9-м дгъэлъапIэ ТекIуэныгъэм и махуэм къикIыр, тIэтыр гуфIэгъуэми, цIыхум и нэпс къыщIригъакIуэр, нэгъуэщIхэри. А псори сэбэп мэхъу ныбжьыщIэхэр хэкупсэу къэгъэхъунымкIэ, къыщалъхуа я Хэкум ирипагэу къыдэкIуэтеинымкIэ.
ЦIыкIухэм зауэм теухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ гъэхуауэ жаIащ, артист ныбжьыщIэм хуэдэу теплъэгъуэ пычыгъуэ ягъэлъэгъуащ, зауэ лъэхъэнэм щыIа макъамэхэм къадэфащ.
«Ашэмэз» сабий гъэсапIэм щекIуэкIа зэIущIэм иужь, сабийхэр яшащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Къэхъун дэт сыным деж. Зауэм хэкIуэда я къуэжэсхэм я цIэхэр зытетха мывэ сынхэр зэгъэувэкIа утыкум ныбжьыщIэхэм куэд къыщащIащ. Абыхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ мамыр гъащIэр къахуэзызэуа дадэхэм я сыным.
Сэлэт щыгъынхэр екIупсу зыщыгъ цIыкIухэр абдеж гъэсакIуэхэм хуаIуатэ хъыбархэм щедэIуащ, удз гъэгъахэри сыным тралъхьэри, арэзыныгъэрэ гушхуэныгъэрэ я нэгум къищу зэбгрыкIыжащ.
Шыпш Даянэ.