КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ «ХъумапIэ банк-АСТ» акционер зэгухьэныгъэ зэхуэщIам и унафэщIымрэ тепсэлъыхьащ къэрал управленэм и иджырей системэхэр зэтегъэувэным.Петербург щекIуэкIа экономикэ зэхыхьэшхуэм хиубыдэу КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «ХъумапIэ банк-АСТ» акционер зэгухьэныгъэ зэхуэщIам и генеральнэ директор, «ХъумапIэ банк» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и Президентым и чэнджэщэгъу Андреев Николайрэ зэпсэлъащ къэрал управленэм технологие лъагэхэр зи лъабжьэ и автоматикэ системэхэр щызэтегъэувэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм теухуауэ. КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|