Театрым и илъэсым хуэгъэпсауэ.

Гъэлъэгъуэныгъэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Театрым и илъэсым хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

«Театрым и илъэс, зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэ» выставкэм утыку къыщрахьащ 1940 гъэм щегъэжьауэ ди республикэм и театрхэм щылэжьа сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Сурэт теплъэгъуэхэр, фащэ зэмылIэужьыгъуэхэр, спектаклхэм я декорацэхэр, гуащэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри щыплъагъунущ абы. Къапщтэмэ, музейм и пэшищым республикэм и театрхэм зэрызаужьар, абыхэм къакIуа гъуэгуанэр нэIурыт пщащI.
ЩоджэныцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан выставкэр къыщызэIуахым япэу псалъэ иратащ.
- Театрым щылажьэхэм, фIыуэ зылъагъухэм Театрым и илъэсымкIэ, мы гъэлъэгъуэныгъэмкIэ сынывохъуэхъу. Мы выставкэм цIыху нэхъыбэ къэкIуэну сыхуейт, театрыр зэрызэпкърылъ, образхэр къызэрагъэщI, спектаклхэр зэрызэфIэувэр нэхъыфIу къащIэн папщIэ. Си гуапэ дыдэ хъуащ ди республикэм и тхьэмадэм театрым, гъуазджэм гулъытэ хэха зэрыхуищIыр, а унэтIыныгъэр къызэрыфIэIуэхур. Дызэрыт илъэсым мыпхуэдэ дауэдапщэ нэхъыбэ диIэну сыщогугъ, - жиIащ абы.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ мы выставкэр къызэрагъэпэщын папщIэ КъБР-м и Театрхэм я лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэ иныр.
- Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм яхузэфIэкIащ театрхэм ящIэлъ хуабагъэр мы пэшхэм щызыхыдагъэщIэн. Нэрылъагъущ мы Iуэхум яужь итахэм, сурэтхэр зыщIахэм театрым хуаIа лъагъуныгъэм и инагъыр. Спектаклхэм роль гъэщIэгъуэнхэр ирырагъэзэщIауэ мы пэшхэм щытлъагъу фащэхэр артист телъыджэ куэдым ящыгъащ, - къыхигъэщащ Карчаевэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм и щхьэхуэныгъэхэм тепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэмкIэ институтхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ комитетым и унафэщI Пащты Борис. Театр тхыдэм лъагъуэ нэху къыщызыгъэна артист цIэрыIуэхэр выставкэм уигу къызэригъэкIыжыр, иджырейхэм я зэфIэкIыр нэIурыт зэрищIыр къыхигъэщащ абы.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий и къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэм ЩэнхабзэмкIэ министерствэм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, КъБР-м и Театрхэм я лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм фIыщIэ яхуищIащ.
- Мы выставкэм цIыху куэдым я гуащIэ хэлъщ. Сценэм итхэм нэхърэ имытхэм ялэжьыр зыкIи нэхъ мащIэкъым, нобэ ар ди нэкIэ тлъагъуну Iэмал диIэщ. Сыхуейщ театр лэжьакIуэхэм сехъуэхъуну, творческэ зэфIэкI ин, гъащIэ кIыхь яIэну,- захуигъэзащ Темыркъаным къызэхуэсахэм.
Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и режиссёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Балъкъэр Юрэ, Музыкэ театрым и режиссёр, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сафаровэ Тамарэ сымэ, нэгъуэщIхэри къыщыпсэлъащ зэIущIэм.

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.