Мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъуауэгъуэм и 1 - 3-хэм ще­кIуэ­кIащ Кавказ Ищхъэрэм шэ­щIауэ зиужьыным хуэгъэпса зэ­хуэ­сышхуэр. Абы и къызэгъэпэ­ща­кIуэщ УФ-м и Президентым и пол­­номочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэ­рэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и Аппаратыр, «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партыр, КъБР-м и Правительствэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым со­циаль­но-консер­ва­тивнэ политикэмкIэ и центрыр.

Форумым хухаха махуищым ­къитIасэу къызэрагъэпэща зэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ хэгъэгухэм ухуэныгъэщIэхэр зэрыще­гъэ-­ кIуэ­кIыпхъэм, бгы­лъэ щIыпIэхэм зегъэужьыным, къызэрымыкIуэ щы­ты­кIэхэм къашэ тхьэмыщкIагъэхэр гъэмэщIа хъун папщIэ зэфIэгъэ­кIыпхъэхэм, экологием хэщIыныгъэу игъуэтхэр гъэзэкIуэ­жыным хуэу­нэтIа Iэмалхэм, тхыдэм, щэнхабзэм я щIэинхэмрэ унагъуэхэм ижь­кIэрэ къадекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ зэрахуэсакъыпхъэм, цIыхухэр узын­шэу псэун папщIэ лэжьыпхъэхэм. Къи­щынэмыщIауэ, форумым щы­зэ­рихьэлIа IэщIагъэлIхэр къытеувыIащ бжыгъэхэм ятещIыхьа экономикэм зиужьыным хуэунэтIауэ ­зэхагъэува про­ектыщIэхэм, егъэ­джэ­ныгъэм къы­­щыхалъхьэ техноло­гиещIэхэм, нэ­гъуэщIхэми. 
Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыхалъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэм Iуэху куэд дыдэ къы­зэщIаубыдэ. Псалъэм папщIэ, ахэр зыхуэгъэзар демографие щы­тыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зегъэ­хъуэжынырщ, цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнырщ, егъэджэныгъэм Iэ­малыщIэхэр къыщыгъэсэ­бэ­пы­нырщ, къалэхэр зэIузэпэщ щIы­нырщ, щIыуэпсыр хъумэнырщ, гъуэгухэр егъэфIэкIуэнырщ, хьэ­ры­чэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, бжыгъэхэм ятещIыхьа экономи­-кэм, щэнхабзэм зегъэужьынырщ, къэ­рал зэхуаку кооперацэмрэ экспортымкIэ унэтIыныгъэщIэхэр зэраубзыхур ди къэралым нэрылъагъу щыщIынырщ. Ахэр псори, щхьэж гъэзэщIа зэрыхъуну щIы­кIэм теухуа паспортхэр зэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м и Президентым и накъыгъэ указым, 2024 гъэр къихьэху зэфIэгъэкIыпхъэ къалэн ­нэ­хъыщ­хьэхэр къыщыгъэувам. Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным бюджетым щыщ ахъшэу текIуэдэнущ сом триллион 25,7-м нэблагъэ. 
«Лъэпкъ проектхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм шэщIауэ зиужьынымрэ» зы­фIаща Iыхьэр япэ махуэм ­КъБКъУ-м щекIуэкIащ икIи ягъэбелджыла Iуэхухэр зэпкърахащ. Зэхуэсым къы­щыхагъэщащ утыку кърахьа Iуэ­хуэхэм Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэ псоми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. 
ЕтIуанэ махуэм хьэщIэхэм Бахъ­сэн и псыхъуащхьэхэм щыIэ Iуэху­щIапIэ зыбжанэм зыщрагъэплъы­хьащ. Тырныауз къалэ дэт «Асыл Суу» бдзэжьей гъэхъупIэм и уна­фэщIхэр абыхэм гуапэу къаIущIащ икIи псыгуэнхэр ирагъэлъэгъуащ, предприятэм и къэунэхукIэ-зыу­жьы­кIэм, и нобэрей щыIэкIэм, дя­пэ­кIэ яхузэфIэкIыну къалъытэхэм щыгъуазэ хуащIащ. 
Урысейм и щIыпIэ куэдым къикIа щIэныгъэлIхэр, политикхэр, влас­тымрэ жылагъуэмрэ щыщхэр абы и ужькIэ щыIащ КъБКъУ-м Эльбрус къуажэм щиIэ и егъэджэныгъэ-щIэ­ныгъэ комплексым. Иджырей мар­дэхэм къитIасэу щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжа унэ екIум щызэхуэсахэр купщIафIэу лэжьащ.
КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий иригъэкIуэкIа а зэхуэсым хэтахэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр щапхъэу къа­гъэлъагъуэурэ, тепсэлъыхьащ ищхьэкIэ къыщыхэдгъэщахэм ящыщ «Экологие» лъэпкъ проектыр бгылъэ щIыпIэхэм щыгъэзэщIэнымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ. 
КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат къы­зэхуэсахэм гу лъаригъэтащ бгы­лъэ щIыпIэхэм я экологием хуэ­сакъыным, абы и хъугъуэфIы­гъуэхэр хъумэным хуэгъэзауэ Урысей Федерацэм хабзэ пыухыкIа гуэри нобэр къыздэсым зэры щымыIэм, абы къы­хэкIыуи апхуэдэр пхыгъэкIын ­зэ­рыхуейм. 
УФ-м и МЧС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Анаев Магомет тепсэлъыхьащ 2017 гъэм Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм къыщехауэ щыта ятIэпсхэм къашауэ щыта тхьэмыщкIагъэхэм яужькIэ КъБР-м и щIыналъэм къызэрымы­кIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэ­хъуным ехьэлIауэ зэхагъэува программэм щыщу нэхъыщхьэу къи­лъы­тэхэм.
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтым и унафэщI Тем­бот ФатIимэт, щIыуэпсыр хъу­мэ­ным ехьэлIауэ ди республикэм иужьрей зэманым щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр тегъэщIапIэ ищIурэ, жи­Iащ экологиер хъумэным хуэущиин хуейр къызэрыгуэкI цIыхухэм я закъуэу зэрыщымытыр, атIэ щIыуэп­сым емыгуэуэным, псом япэрауэ, хьэрычэтыщIэхэр къызэрыхуеджапхъэр икIи иужьрейхэм я IуэхущIафэхэм зэраныгъэу къашэр куэдкIэ зэрынэхъыбэри къыхигъэщащ. 
«Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым и Совет нэхъыщхьэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу Шувалов Юрий къыщыпсалъэм къыхигъэбелджылыкIащ лъэпкъ проектхэм властым щыщхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, щIэныгъэмрэ егъэ­джэныгъэ IэнатIэм щылажьэхэмрэ, нэгъуэщIхэри зэрызэкъуагъэувэр. 
- Ар къэтлъытэри, партым и Совет нэхъыщхьэм хэтхэм иджыблагъэ къызэдгъэпэщащ «ШэщIауэ зыу­жьын» зыфIэтща гуп. Ар телэ­жьэ­нущ Урысей Федерацэм хыхьэ хэгъэгухэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIымрэ лъэпкъ проектхэр а щIыналъэхэм щыпхыгъэкIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр зыхуэдэмрэ къэху­тэным, - жиIащ Шувалов Юрий. 
Форумым кърихьэлIахэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мэкъуауэгъуэм и 3-м аргуэру щызэIущIащ. Зэхыхьэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэдзэ Стариков Сергей, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, «Урысей зэкъуэт» партым и Совет нэхъыщхьэм щыщхэр, къэралым и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я къулыкъущIэхэр, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Томск, Калининград областхэм, Ханты-Мансийскэ автономнэ округым, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри.
- Мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ мыпхуэдэ зэхуэс Къэбэрдей-Балъкъэрым зэ­ры­щекIуэкIам хуабжьу дрогушхуэ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. - Сыту жыпIэмэ, ар и щыхьэтщ ди республикэм и пщIэр зэрылъагэми къыщытIэта псалъэмакъхэм дазэ­рыхуэныкъуэми. Ауэ щыхъукIи, ­УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIауэ, дэтхэнэми лэжьыгъэ ин дыдэхэр къытпэщылъщ. Абыхэм дазэрехъулIэнур елъытащ властым и къудамэхэр зыр адрейм зэры­дэIэпыкъуми, пэрыт лэжьэкIэу дагъэлъагъухэмрэ иджырей инновацэхэмрэ къызэрыдгъэсэбэпыфми, лъэпкъ проектхэр экономикэ, социальнэ, экологие я лъэныкъуэкIэ зэры­зэхэгъэщхьэхукIар къыдгуры­Iуэу, ящыщ дэтхэнэми бгъэ­дыхьэкIэ хэхахэр къазэрыхуэдгъуэтыфми. 
Стариков Сергей къыщыпсалъэм къыхигъэщащ, КИФЩI-м геостратегие и лъэныкъуэкIэ зыми емыщхь увыпIэ телъыджэ зэриIэр къэлъы­тауэ, щIыналъэм зэпIэзэрыту зиужьын папщIэ, инфраструктурэм халъхьэ инвестицэхэри щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэри и чэзум къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.
Зэхуэсышхуэм кърихьэлIахэм къызэрыхагъэщамкIэ, къыщыхалъхьа жэрдэмхэм иджыри зэ щы­тепсэлъыхьыжынущ Санкт-Петербург мы гъэм къыщызэрагъэпэщыну я мурад, экономикэм хуэгъэпса зэхыхьэшхуэм, апхуэдэуи, «Кавказ Ищхъэрэм шэщIауэ зиужьынымкIэ форум» зи фIэщыгъэ мыпхуэдэ зэIу­щIэхэр КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм чэзу-чэзукIэрэ дяпэкIи щрагъэкIуэкIынущ. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.