Шурдым Миленэ Истамбыл щытокIуэ

Зеикъуэ щыщ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI иджыблагъэ Истамбыл щагъэлъэгъуащ. Уэрэд жы­IэнымкIэ егъэджакIуэ Ахъмэт Эльвирэ и гъэсэнхэу Шурдым Миленэрэ (илъэс 11) Къуршэ Арианэрэ (илъэси 10) Тыркум щекIуэкIа «Тырку дуней-2019» зэпеуэм екIуу хэтащ. 

КъэпщытакIуэ гупыр зэдэарэзыуэ бжьыпэр хуагъэфэщащ «Псы ежэх цIыкIу» уэрэдыр жызыIа Шурдым Миленэ. «Анэ» уэрэдыр дахэу зыгъэзэщIа ­Къуршэ Арианэ ещанэ увыпIэр къихьащ. 
Мы зэпеуэр тыркубзэхэр зыIурылъхэм я деж зэрыщрагъэкIуэкIам емылъытауэ, адыгэ пщащэ цIыкIуитIым я уэрэдхэр ­балъкъэрыбзэкIэ щагъэзащIэм, увыпIэ нэхъыщхьэхэр кърамытын яхузэфIэкIакъым. Ахъмэт Эльвирэ дызэрыщигъэ­гъуэзамкIэ, хъыджэбз цIыкIухэм я макъ дахэр, артист зэфIэкI иныр къэпщытакIуэ гупым телъыджэ ящыхъуат. Къыхэгъэ­щыпхъэщ къэрал 28-м къикIахэр япэ увыпIэм зэрыщIэбэнар. 
Шурдым Миленэ и ехъулIэныгъэм теу­хуа нэгъуэщI хъыбари мы махуэхэм къэ­Iуащ. УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм пап­щIэ къызэрагъэпэщауэ Москва ще­кIуэкI «Ты - звезда» урысейпсо теленэ­тыным ар щытекIуащ.
 
 

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.