ЩIэблэр лъэпкъ тхыдэм щIапIыкI

Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэси 155-рэ щрикъум теухуауэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм зэIущIэ гукъинэж ще­кIуэкIащ. Адыгэхэм я Щыгъуэ-­щIэж махуэм ирихьэлIэу ар къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэ. 

Библиотекэм и ­къудамэм и унафэщI Гергоковэ Лейлэ зэ­хыхьэр къыщызэIуихым къыхи­гъэщащ илъэсищэм ­щIигъу­кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм адыгэ лъэпкъым гузэвэгъуэ, хэщIыныгъэ куэд къызэрыхуихьар, цIыху­хэм, ­гъунэгъу лъэпкъхэм пщIэ яхуэзыщIу, яхуэгуапэу къадекIуэкI лъэпкъыр и щхьэхуитыныгъэмрэ и Хэкумрэ зэрихъумэжыным дапщэщи зэрыхущIэкъур. Гергоковэм щIэблэр къыхуриджащ тхыдэм и напэкIуэцI гузэвэгъуэхэр зыщамыгъэгъупщэну, апхуэдэ нэщхъея­гъуэм къытримыгъэзэжын папщIэ блэкIам дерс къыхахыну. Зэхыхьэм хэтхэр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм зы да­къикъэкIэ яхуэщыгъуащ. 
ЗэIущIэр щекIуэкI пэшым щагъэуват зауэ гущIэгъуншэм и лъэужьхэр къызыхэщ тхылъ дапхъэ. Абы хагъэхьа лэжьыгъэ­хэм тепсэлъыхьащ Безыр Ленэ. Апхуэдэхэт а зауэм къытхуихьа гузэвэгъуэшхуэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэр щызэ­хуэхьэса, адыгэхэмрэ ахэр щыпсэу щIыналъэмрэ ятеухуауэ зы­плъыхьакIуэхэм ялъагъуу ятхыжахэр, адыгэхэр дуней псом зэрыщикъухьар къыщыгъэлъэ­гъуа лэжьыгъэхэр, дэфтэр хъумапIэхэм къыхахыжа тхыгъэхэр зи лъабжьэ къыдэкIыгъуэхэр. Тхылъ гъэлъэ­гъуэныгъэм ­щыплъагъурт Къу­мыкъу Тыгъуэн, ШинкIубэ ­Бэгърат, МафIэдз Сэрэбий, КIыщо­къуэ Алим, IутIыж Борис, Дзэмыхь ­Къасболэт, Емуз Анатолэ, Бейты­гъуэн Сэфарбий, Касумов Алий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэ­гъуэщIхэми я лэжьыгъэ щхьэпэ­хэр.
Кавказ зауэжьым ­кърикIуа насыпыншагъэм, апхуэдэуи гузэ­­вэгъуэмрэ гугъуехьхэмрэ къы­зэранэкIыу лъэп­къым и ­жьэгур Хэкум зэрыщахъумэжам, ­­щы­гъуэ-­
щIэж махуэм теухуа «Тхы­дэм и дерсхэр: Кавказ зауэр» нэтын купщIафIэр ягъэлъэгъуащ. КърихьэлIахэм ягу ирихьащ ­КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ ­литературэмкIэ и ­къудамэм и магистратурэм щеджэ Мэрты­къуэ Эдуард Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ къызэджа и усэр. ЗэIущIэм гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэхъун (курыт еджапIэ №2), Кэнжэ (курыт еджапIэ №20) къуажэхэм къикIа цIыкIухэм. НыбжьыщIэхэр зауэм теухуа усэхэм ­къеджащ, кърихьэлIахэм я нэпс кърагъакIуэу. Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ абыхэм утыку щагъэ­лъэгъуа теплъэгъуэхэм уи ­нэгу къыщIагъэхьэрт ар къулейсызыгъэкIэ, насыпыншагъэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар. Лъэпкъым щыщу къэнар зымащIэт. Хэти яукIащ е хы ФIыцIэм хэкIуэдащ, хэти мэжэщIалIагъэмрэ уз бзаджэмрэ яхьащ, зи псэр Тыркум нэзыхьэсахэми я дунейр щIа­гъуэ зэрымы­хъуари абы къыхэщырт.
- Адыгэхэм ди Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу зэхыхьэ щхьэпэхэр, хабзэ хъуауэ, ди школым щыдогъэкIуэкI. ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIигъу дэкIыжами, а зауэжьым лъэпкъым къытхуихьа гузэвэ­гъуэм и лъэужьыр иджыри гъущакъым. Хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэ­куэгъухэм ящыщхэр ди щIыналъэм къызэрыIэпхъуэжыр гуапэ ­тщохъу, дызэкIэлъокIуэ, - жиIащ Къэ­хъун къуажэм и курыт школ ­№2-м тхыдэмкIэ щезыгъаджэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Хъэмсинэ. - Урыс-Кавказ зауэм и пэжыр къыщыгъэлъэгъуэжа тхылъхэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ Къумыкъу Тыгъуэн, Касумов Алий, МэшбащIэ Исхьэкъ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми. «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэд хъуауэ щыгъуазэ дещI хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм я псэукIэм, щыIэкIэм, гугъапIэхэм. Ди еджакIуэ цIыкIухэр къызэджэну усэхэри а газетым и къыдэкIы­гъуэхэм ящыщхэрщ къызэрытхар. 
Къэхъун къуажэм и курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Джатокъуэ Хьэуелэ пшыхьым зыкъыщызыгъэлъэгъуа еджакIуэхэм псалъэ ­гуапэкIэ захуигъэзащ, фIыщIэ ­яхуищIащ екIуу, гум дыхьэу тхыдэм щыщ Iыхьэхэр къызэрагъэлъэгъуэжам папщIэ. 
Кэнжэ къуажэм и курыт еджапIэ №20-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ МахуэлI ­Ларисэ жиIащ гузэвэгъуэ куэд зи нэгу щIэкIа адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэм теухуа зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр я деж къызэрыщызэрагъэпэщыр, я щIэблэр блэкIам зэрыщагъэгъуазэр. Абы ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ апхуэдэ ­гузэвэгъуэ зэи ямылъагъуну, жыджэру, щIэ­ныгъэм хуэнэхъуеиншэу зыкъагъэлъэгъуэну, дяпэкIэ лъэпкъыр ефIэкIуэну, зиужьыну. 
Безыр Ленэ зэIущIэм кърихьэлIахэмрэ абы жыджэру хэтахэмрэ фIыщIэ яхуищIащ, лъэпкъым и щхьэ кърикIуа гуауэм хуэдэ зэи я нэгу щIэмыкIынуи ехъуэхъуащ. 

. Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.