Хабзэт къэбэрдейхэм уадэплъеиныр

Пасэрей Iэщэр къы­зыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зи гъащIэр зыхьа ермэлы бзылъхугъэр Кавказ ­Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теу­хуауэ къызэринэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыхубз  щыпкъэр илъэс бгъущIым иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ. Дигу къэдгъэ­кIы­жыну ди гуа­пэщ щIэныгъэрылажьэ гумызагъэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ Хайдаков Камил ирита интервьюм адыгэхэм ятеухуауэ щыжиIахэр. Бзылъ­хугъэ Iущым зы­къеумысыж «Кавказ лъэпкъ­хэм я Iэщэхэр» и тхылъ цIэ­рыIуэм  и япэ къыдэкIыг­ъуэр щигъэ­хьэзырым (2004 гъэ), адыгэ Iэ­щэм теу­хуауэ щы­уагъэ гуэрхэр, имы­щ­IэныгъэкIэ, ­зэ­­­ры­Iэ­щIэ­кIамкIэ. Ар топ­сэлъыхь тхылъым ­«Шэрджэсей» Iыхьэр щихъуэжу щIэ­рыщIэу къы­зэрыдигъэ­кIы­жы­нум. 
Ди бысымыр зыми егъэ­цIыхун хуейкъым. Си ныбжьэгъум хуэзэу зэрыжиIащи, къуэкIыпIэ Iэщэм и IуэхукIэ псори зыщIэр Аствацатурян Эммэ  и закъуэщ. Абы и тхыгъэм нэхърэ нэхъ куп­щIафIэ зэкIэ зыми итхакъым. Иджы аргуэру аль­бомыщIэ къыдигъэ­кIыну егъэхьэзыр. Сэ зэ­­рызэхэсхамкIэ, ар икъу­кIэ альбом гъэщIэгъуэну къыщIэкIынущ.

- Къэрал Тхыдэ Музейм адрей музейхэм кърашурэ къуэ­кIыпIэ Iэщэм и лIэужьыгъуэ куэд щы­зэхуахьэсар пэж? 
- Зэрыщыт дыдэр апхуэ­дэу­къым. Бытырбыху ­Зауэ-Тхыдэ Музей дэтт. Ар 1932 гъэм зэхуащIыжри, и гъэ­тIылъыгъэхэр зэры­щы­ту ди музейм нратыжат. Сэ музейм сыщыувар 1954 гъэращ. ЗэрымыщIэкIэ къэхъуауи пхужыIэнущ, ауэ гъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ. Кавказым елэжь ди лэжьакIуэ Де­нисовыр сымаджэрилэ хъуат, зыщIыпIи кIуэжы­фыр­тэкъым. Дэ цIыхуитху хъууэ дызэдэлажьэрти, Де­­нисовым ечэнджэщы-ну къэ­кIуа бзылъхугъэм сэрэ ды­щызэрыцIыхум, Кав­казым, Адыгейм, Шэрджэ­сейм и ­гъусэу сыкIуэну сыкъытригъэ­хьэри, аращ си япэрей ежьэ­­гъуэри, кавказ Iэщэм селэжьынри къы­­зыхэкIар. 
- Ар сыт хуэдэ илъэс зы­­хуэзэр? 
- 1958 гъэм. Тырку Iэщэм елэжьын суха къудейт. Гъуэ­гуанэри гъэщIэ­гъуэнт, Адыгейри телъы­джэт. Сэ нэхъ пасэуи слъэгъуат къуа­жэр, ауэ абы щыгъуэ си нэгум щIэкIар гъэ­щIэгъуэ­ныщэт. Щэнхабзэм и паркым уохьэри, уи хъуреягъыр удз гъэгъам щIигъэнащ, ари ауэ сытми удз къызэрыкIуэу щымыту - гуащэнапщIэхэр… 
- Дауи, ар ипщэ щIыналъэщ.
- Плъагъурэ, зым гуащэнапщIэ хэссащэрэт жи, адрейр зыри хуейкъым… 
 Япэ теплъэгъуэу сигу къинэжар сыт жыпIэмэ, - бзылъхугъэ ныбжьыфIэ телъыджэ, и щIалэгъуэм алэрыбгъу хидыкIыу икIи зэIуищэу щытауэ. Музейм и унафэщI Азэмэт Эльзэ ар ицIыхурти, езым хуэдэ бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм, зыгуэр зыщIэж дадэхэм дахуигъазэрт.
- Iэщэм теухуауи? 
- Хьэуэ, Iэщэр къызы­фIэ­Iуэхур сэрат, Эльзэ IэкIэ зэIуащауэ унэхэм щы­­зэрахьэ алэрыб­гъу­хэрат къилъыхъуэжри, сэ­ри абы сригъусэт. 
- А зэманым иджыри зы­гуэр бгъуэтыжыф къы­­щIэ­кIынт, ХIХ лIэщIыгъуэм пы­щIауэ.
- Дэ ди псэлъэгъухэри ХIХ лIэщIыгъуэрат къы­щалъхуар. Егъэлеяуэ удэзыхьэх Iуэ­хут икIи мыхьэнэ зиIэ лэ­жьы­гъэт ар. ИужькIэ Къэ­бэр­дей-Балъ­къэ­рым, Нал­­шык дыкIуащ, Черкес­ски ды­щыIащ. Щапхъэ гъэщIэ­гъуэн къыпхуэс­хьынщ. Черкесск дэт музейр цIыкIут, пэ­шитI къудейт зэрыхъур. Зы лэ­жьакIуэ закъуэ щылажьэу арат. УнафэщIыр зы­щIы­пIэ къыт­рагъэкIа къулы­къу­щIэ гуэрти, лэжьапIэм ­ху­щIыхьэгъуэкIэ фIэкIа къекIуалIэртэкъым. Мо бзылъхугъэр а щIыпIэм щыщтэкъым, зэрихьэри украин унэцIэт, езыр урыст. И IэщIагъэкIэ биологти, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ ятеухуауэ пхузэхуэхьэсыну псори ­кърихьэлIат музейм. Тхы­дэ ­къудамэри хъарзынэ ды­дэт, ауэ псом нэхърэ ­нэхъыщхьэр гъэтIылъыгъэхэрат. Зы пэшт абыхэм хухахари, зы блыным щегъэжьауэ адрейм нэс кIапсэ кIуэцIрышауэ, ХIХ лIэщIы­гъуэм ящыгъыу щыта бостейхэр, тэ­джэлейхэр фIэлът, псори а бзылъхугъэм зэхуихьэсауэ. Абдеж къыщызгу­рыIуащ зыгуэр пхузэ­фIэкIын папщIэ, гукъы­дэжым фIэкIа зыми мы­хьэнэ зэримыIэр. И цIэ къисIуэну сыхуейкъым, ауэ а зэман дыдэм Къэ­бэрдейм дэт музеишхуэ лэ­жьакIуэ зи куэдым зы бостей закъуэ щIэлъу арат, мо бзылъхугъэм бостей щэщI хуэдиз иIэ къы­щIэ­кIынт. А щIыпIэм щыщ­тэкъым ар икIи. Щыпсэу къы­щIэкIынт, ауэ къы­щалъ­хуатэкъым, фIэгъэ­щIэгъуэн ­къудейт. 
- Апхуэдэ цIыхухэм я фIыгъэщ  зыгуэр хъума  зэры­хъуар­. Кавказ Iэщэм и гугъу тщIымэ, зэма­ныш­хуэ щIы­дэхур сыт абы и тхыдэм? Япэрауэ, археологие нэ­мыджыса диIэщ, Кавказыр нэсу «зэхатIыхьакъым» иджы­­ри. «Кобан щэнхабзэр» жаIэ, ауэ иджыри зи Iуэхур зэхэгъэкIын хуей щIыпIэ куэд диIэщ. Зэуэ ХVIII, ХIХ лIэ­щIы­гъуэхэм, ХХ и пэм щы­щIедзэ               псоми. Кавказ Iэ­щэм щыщу нэхъ па­сэ­рейуэ къы­пIэ­рыхьахэр дап­щэщ щащIар. Сыт ахэр: къамэ, сэшхуэ, джатэ? 
- Iэщэ лIэужьыгъуэм елъы­тащ. Иджыпсту сызэ­лэ­жьым и гугъу сщIынщ занщIэу. Налшык къикIри Къуэдзокъуэ Алихъан ­Владимир и къуэр къэ­кIуащ ди музейм. А зэманым езыр иджыри дихьэхатэкъым, ауэ уэрэ­джы­IакIуэу щыта и адэм зэ­хуихьэсыжу щытащ Iэ­щэ. (Зи ­гугъу ищIыр «Андемыркъан» уэрэдыр зыгъэзащIэ Къуэдзокъуэ Владимирщ). Ди музейм къакIуэри, пасэрей Iэщэ зэрыдимыIэм дызды­теп­сэлъыхьым, мухьэ­жыр­хэр щыпсэу къэралхэм езыр-езырурэ кIуэну игу къэкIащ. КъухьэпIэ Шэрджэсейм, хы Iуфэм псо дыдэри ­IуаукIыхьа къы­щIэ­кIын­тэ­къы­ми, Урысейм щып­сэун ямыдэу хэкум иIэпхъукIахэри щыIэт. Ахэр Тыркум къищтэри, япэ­щIыкIэ къэ­рал зыбжанэм иригъэтIысхьащ…
- Ар Кавказ зауэм и зэманра зыхуэзэр? 
- ЩыIэпхъуар зауэр иуха нэужьщ. Нэхъыбэу Тыркум, Иорданием, Сирием щопсэу. Арати, а къэралищым кIуэну Къуэдзо­къуэ Алихъан гупыж ищI­ри, 2007 гъэм и гъэмахуэм и мурадыр къехъулIащ. Зы музейм и лэжьакIуи и пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым абы гъэтIылъыгъэу кърихьэлIам хуэдиз хузэ­хуэ­хьэ­сыну. А къомым иджыпсту долэжь. Мэзкуу щыщ къэ­бэрдей щIалэ гуэрым мылъку хилъхьэри Iуэхур зэфIагъэкIащ: сурэтхэр, хъы­бархэр, гъэ­тIылъыгъэ­хэр. Нэхъыбэу къамэрэ сэш­хуэрэ, джатэ куэд яхэткъым. Къамэхэр щищрэ хыщIрэ мэхъу. Плъэгъуа апхуэдэ бжыгъэ игъащIэм? Щищрэ хыщIым я сурэти ахэр зейм я хъыбари дэщIыгъужу. 
- Ар зэрыщыту адыгэ Iэ­щэу ара? 
- Адыгэ Iэщэщ. 
- Иджы Къуэдзокъуэм адыгэ Iэщэм теухуауэ тхылъ ­игъэхьэзыр къы­щIэ­кIынщ.
- Альбом догъэхьэзыр, мис абы и сурэтхэр (къегъэлъагъуэ). Тхылъыр (зи гугъу ищIыр «Кавказ лъэпкъ­хэм я Iэщэр» тхылъ­­ращ) къыдагъэк­Iы­жы­ну мурад щащIамрэ ди лэ­жьыгъэмрэ зэманкIэ зэ­техуащ. 
- НтIэ, тхылъым зэхъуэ­кIыныгъэ хэлъу къы­дэв­гъэкIыжыну ара? 
- НтIэ. 
- Щыгъуазэ фыдощI, ныб­­жьэгъу лъапIэхэ, «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэр» тхылъ ады­гэ­хэм ятеухуа Iыхьэм зэ­хъуэкIыныгъэ хэлъу щIэ­ры­щIэу къыдагъэ­кIы­жы­нущ. Iэ­щэ щхьэхуэхэр зы­хуэпхьа лъэпкъхэра зэ­хъуэкIыныгъэ зыхэ­лъы­нур? 
- Аращ. 
- Къамэхэра зи гугъу пщIыр? 
- НтIэ. Иджы къызгу­ры­Iуэу аращ абыхэм уадыгэну «моднэ» зэращIыфа щIы­кIэр. 
- Дауи, ахэр нэхъыбэт, мел­уаным нэблагъэрт. Адрей лъэпкъхэр - лак­хэр, авархэр, шэшэнхэр мини 130-рэ, мин 200 хуэдиз хъуми арат. 
- Пэжщ. Псэууэ къелар дап­­щэми пщIэрэ? Мин пщIей. 
- Абыхэм гузэвэгъуэ зыбжанэ къатепсыхат. Япэрауэ, епщыкIуиянэ лIэ­щIыгъуэм емы­нэ узым адыгэхэм я за­къуэкъым, Дагъыстэнми фIыуэ яхигъэщIащ. ИтIанэ къэралым зэры­ра­гъэкIари дощIэ. Адыгэ Iэщэм елэжьа Горелик Михаил зэритхымкIэ, шэрджэсхэм Дыщэ Уэрым (Ордам) Iэщэрэ афэ джа­нэрэ куэду хуа­щIу щытащ. ЗауэлI къудейхэтэкъым, дыщэкI Iэ­зэхэри яхэтт. 
- Телъыджэщ а псори, зыджаи зыщIи щымыIэу. Къуэдзокъуэм сохъур­джауэ: Налшык щIэныгъэрылажьэ институтищ дэтщ, ауэ щыхъукIэ, мы псори зэхуэзыхьэсар Алихъанщ. Ар тхыдэджкъым, нэгъуэщIкъым. Гъэ­щIэ­гъуэнкъэ ар? 
- Уэ лэжьэгъу узэрыхуэхъуаращ псом нэхърэ нэхъыфIыр. Уэ пхуэдэу а Iуэхум хэзыщIыкI щIэныгъэ лэжьакIуэ Урысейм щыбгъуэтынукъым. Аращи, тхылъыр зыхуей хуэза лэжьыгъэ щхьэпэ хъун хуэдэщ. 
- «Шэрджэсей» зи фIэ­щы­гъэ Iыхьэм зихъуэ­жынущ. Нэхъ пасэм адыгэхэм зэрейр сы­мы­щIэу адрей лъэпкъхэм щыуа­гъэкIэ ягуэстхахэри къыхэс­хы­жы­нущ. 
- Уэ зэрыплъытэмкIэ, Кав­казым адыгэ Iэщэм нэхъ­рэ ­нэхъ пасэрей илъкъым? Хьэ­мэрэ ар хъума ­нэхъ хъуауэ ара, къэралым зэрырашыфам къы­хэ­кIыу? 
- Хьэуэ, хьэуэ! Абы и щIыкIэм зыри хэIэбэжакъым. А му­хьэжырхэм я Iэщэр ирашати, сэшхуэ хуэдэхэр хъума хъуащ. Сэшхуэ защIэу тхущIрэ хырэ диIэщ ХIХ лIэщIы­гъуэм щыщу. 
- ИтIани, пасэрей Iэщэ щы­I­э­къым. Ахэр щыIауи си фIэщ хъуркъым сэ. Пса­лъэм папщIэ, ХVIII лIэщIыгъуэм сэш­хуэ­хэр щыIакъым. 
- Хьэуэ, щыIащ!
- Тырку музейхэми? 
- Хьэуэ, музейхэракъым, я гугъу щащI тхыгъэхэм урохьэлIэ. Псалъэм пап­щIэ, 1718 гъэм, нэхъ пасэжуи щапхъэ зыбжанэ сиIэщ, куржы пащтыхьым и шыфэлIыфэм Имеретием кIуа урыс лIыкIуэхэр топсэлъыхь. Езы пащ­тыхьымрэ къулыкъу зэ­мылIэужьыгъуэ зезыхьэ и ­къуэдзэхэмрэ члисэм ­щIохьэ нэмыцэ, къызылбаш джатэхэр якIэры­щIауэ. Зыт­хыжым жеIэ: «И джатэр сэ нэхъей кIэ­ры­щIауэ и куэпкъым телът». Абы зи гугъу ищIыр «шашкэ» жыхуэтIэращ. Къэ­бэрдеибзэкIи ардыдэращ псалъэм къикIыр: «сэш­хуэ». 
- Уэ зэрыплъытэмкIэ, абы зи гугъу ищIыр «шаш­кэщ».
- Шэч хэмылъу. «Нэ­мы­цэ, къызылбаш джатэхэр» щIыжиIэр сыт? А зэманым урысхэм Европэ лъэны­къуэмкIэ къикIа псоми «нэмыцэ» хужаIэрт, зауэлI шыфэлIыфэр абыкIэт къыздикIыр. Абы нэмыщI инджылыз щIалэ Архан­гельск щыпсэууэ урыс псалъалъэ зэхилъхьэрти, тIэкIу дыкъигъэщIэхъуащ (мэдыхьэшх). Урыс Iэщэр къыщрибжэкIкIэ, «шаш» псалъэр хегъэувэ. И мы­хьэнэри нэгъэсауэ итхакъым. А «шашри» къып­хуэгупсысынукъым, пэжкъэ? А щапхъитIыр сэш­хуэм теухуа хъыбар нэхъ пасэу щыIэщ. 
- Куэд зодауэ абы теу­хуауэ, щхьэж, зэрыжаIэу, шхыIэныр езым и дежкIэ илъэфыну иужь итщ. Хэт «шашкэр» адыгэхэм ейуэ ялъытэ, «сэш­хуэ» псалъэр я тегъэщIапIэу. Хэ­ти апхуэдэ Iэщэ тыркухэми, къэжэрхэми яIауэ, Афганистанми щалъэ­гъуауэ жаIэ. Къэзакъхэми «сэшхуэр дэращ зи Iэщэр» жаIэ. 
- Шэч хэмылъыххэу, Iэ­щэ­ри псалъэри зейр ады­гэ­хэращ, шэрджэсхэрат Кавказым щызекIуэ хабзэхэр къезыгъажьэу щы­тар. Зи фащэ ящыгъыр хэт-тIэ къэзакъхэм? Мэзкуу метром телъыджэ гуэр си нэгу щы­щIэкIат перестройкэм и зэманым. «ТеплъэгъуэкIэ» фIэкIа абы сызэреджэнур сщIэркъым. Европей кIэстум зэфIэткIэ зэщыхуэпыкIа кавказ щIалэ гуп зэрыс метром и бжэр зэIуокIри, къэзакъ гуп къотIысхьэ адыгэ фащэ зыкъизыххэр ящыгъыу. Дауэ къып­щыхъурэ ар? 
- Плъагъурэ псоми зэрызихъуэжар?! Сытми, нэхъ пасэрейуэ плъы­тэ хъунур шэрджэс къамэхэращ. ТIэкIу нэхъ гувауэ абыхэм Тифлис дащ­­рохьэлIэ я Iэпщэм кур­жы тхыпхъэхэр тету, ауэ езы къамэхэр адыгэ къамэщ. Тхыпхъэ къы­хэ­Iу­щIыкIахэрат ящI хабзэр, аракъэ? 
- Хьэуэ, мис ахэращ иджыпсту гугъу сызыдехьыр. Апхуэдэ дыдэукъым Iуэхур зэрыщытыр. А къыздахьахэр ХVIII лIэ­щIы­гъуэращ нэхъ зы­хуэзэр, ХIХ и япэ Iыхьэм. Ахэр куэду диIэщ. 
Мухьэмэд-Алий и цIэу щыIащ зыгуэр. Абы мам­люк щIэблэр зэтриукIэн щыщIидзэм, абы зы­ща­хъу­мэу къыщIэпхъуэжауэ щытащ шэрджэсхэр, аращи, а зэманым, епщыкIубгъуанэ лIэ­щIыгъуэм хуэзэ щапхъэ куэд диIэщ. Ар тхыдэр и тегъэщIапIэу пхузэхэгъэкIынущ, къы­щIэ­хъуа щхьэусыгъуэр, сытхэр. Абы шэч хэлъкъым, хуэгъэфэщэныгъи хэткъым. Ахэр сыт и лъэ­ны­къуэкIи зэрыадыгэ хьэп­шы­пыр IупщIу долъагъу. Нагъыщэ зытетхэри куэ­ду диIэщ. Ахэри зэ­ры­шэрджэс нагъыщэм шэч хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, нэгъуэщIхэм апхуэдэу ящIыр­тэкъым, адрей къамэщIхэм иджыри къаублатэкъым Iэщэм нагъыщэ тращIыхьу. 
- Сыт щхьэкIэ, Тыркуми къы­щыхаIущIыкIырт нагъыщэхэр. 
- Сэ Кавказращ зи гугъу сщIыр. А псори шэрджэс хьэпшыпщ. Сыт ар къы­зы­хэтхыр? Зы зэманым ирихьэлIэу сэшхуэ 56-рэ ди­Iэщ. И щIыкIэкIи и нагъыщэкIи псори зэбгъэдэплъхьэу узэхуеп­лъ­мэ, гуп-гупу зэхэбдзмэ, псо­ри гурыIуэгъуэ мэхъу. Ар зыгуэрым къигупсы­сауэ аракъым. Аращи, мы тхылъым зыщызыхъуэ­жыр адыгэхэм ятеухуа Iы­хьэм и закъуэщ. Зэры­мы­щIэкIэ адрей лъэпкъхэм ятеухуа Iыхьэхэм хэхуар къыхызохыж. СщIэртэкъым и пэжыпIэр. Мис, псалъэм папщIэ, джатэм теухуауэ зы напэ закъуэ ­стхауэ арат, сщIэртэкъыми. Иджы сощIэ адыгэ джатэр зищIысыр. Адыгэ сэшхуэр зищIысри сощIэ. 
- Хъунщ, «адыгэ джатэ», «адыгэ сэшхуэ» жыдоIэ, ауэ езы адыгэхэри зыгуэрхэм ядэплъейхэрт, псалъэм папщIэ, хьэ­рыпхэм, Ираным. 
- Ар ябзыщIыртэкъым абы­хэм. Къашэрт, къагъэщхьэпэрт. 
- ФIыуэ зэращIра къы­щIэ­­кIынт къыщIашэр. Ауэ, щапхъэу къатщтэмэ, «къа­мэ» жыхуэтIэ кавказ Iэщэр, си гугъэмкIэ, Дагъыстэнращ къыще­жьэр. 
- Плъагъурэ, абыи шэч хэмылъу щыткъым. ИтIанэ ­къэхъу хабзэрат. Адыгэхэр зэт­раукIа нэужь, я Iэщэхэр нэ­гъуэщIхэм яIэрыхьащ. Мис, псалъэм папщIэ, езы къамэр зэращI щIыкIэм, жудхэр зэры­жьэдах хабзэм елъытауэ уоплъри, зэрыадыгэ хьэпшыпыр ­уолъагъу. Ауэ нагъыщэ тетыр нэгъуэщIщ. Абы къикIыр зыщ: нэгъуэщI Iэ­щIа­гъэ­лIым къи­щэхури, ды­жьын тхыпхъэ трилъ­хьэжа. Аращи, зэ­­хэбгъэкIыну гугъущ, ущыуэнкIи хъунущ. ИтIанэ хьэп­шы­пыщIэ гуэр къе­жьа нэужь, ар къе­зы­мыгъэ­жьа­ми ищIу зрегъ­а­сэ. «Адыгэ сэшхуэ схуэщI» жеIэри, зыгуэр ­къокIуэ дагъыстэн ды­щэкIым деж, е «шэрджэс нагъыщэ» («чер­кес на­кыш») тету схуэщI, жи. Дагъыстэнри хуэмыхукъым, пэжыр жы­пIэмэ. Аращи, хуещI лъэ­­IуакIуэм «шэрджэс нагъыщэ» зыкъизых. 
- КъызэрыдгурыIуэн ­хуе­йр, Iэщэм дыжьын тхыпхъэ тещIыхьыныр къыщежьар ХIХ лIэ­щIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэращ, икIи ар тегъэщIапIэ хъуркъым езы Iэщэр къызыхэкIар къэп­щIэн папщIэ. 
- Пэж дыдэщ. Iэщэр зым ещI, нагъыщэ тезылъхьэр нэ­гъуэщIщ. 
- Iэщэр зэрыт тхылъхэм дамыгъэхэм гулъытэ ­нэхъ щрат, езы сэхэм гу лъамытэххэ хуэдэщ. 
- ЯщIэркъыми аращ. Зы­ри тетхыхьакъым абыи, зэрамыщIэм къыхэкIыу. Узэджэн щыI­э­къым абы теухуауэ. 
- Iэщэм ущытетхыхькIэ псом япэ къамэдзэра ­хъунщ узытепсэлъыхьын хуейр, уэ зэрыпщIым хуэдэу, итIанэщ къамэ Iэпщэм телъ нагъы­щэхэм я гугъу щыпщIынур. 
- Шэч хэмылъу, аращ зэ­рыщIын хуейр. Ауэ, плъагъу­рэ, хьэпшып куэд зы­щIэлъыр артмузей, Эрмитаж хуэдэхэращ, музей къызэрыкIуэхэм зы хьэп­шып-хьэпшыпитI щIэлъу аращ, абыхэмкIэ дауэ зэхагъэкIын а псор? Ады­гэ­хэм ятеухуауи тщIэртэкъым ар. Иджы мы къаша хьэпшыпхэм я фIыгъэкIэ зэхэдгъэкIауэ аращ. 
- Адыгэ дыщэкI гуэрхэм я цIэр къыхэщрэ хьэмэрэ ауэ къызэщIэубыдауэ и гугъу зэрыфщIыр? 
- ЗэкIэ къызэщIэубы­дауэ. ИтIанэ «зыщIар Алийщ» жиIэу тетхакIэ, абы куэд къыбжиIэнукъым. Псалъэм папщIэ, мы тхыпхъэм зэреджэр «мазэщ» (къегъэлъагъуэ). Нэмыцэ IэщIагъэлIищым ящIырт «ма­зэ» тхыпхъи, адыгэхэми, ягу ирихьри, ящIын щIадзащ. Апхуэдэ нагъыщэу щитIым нэс диIэщ. «Мазэр» зы, иджыри «фалъэ» тхыпхъэми куэдрэ урохьэлIэ. 
- Апхуэдэ Африкэм щащIа къамэхэми тетщ. 
- Ар дэни щыIэнкIи хъунущ, Iэщэр кърашэкIыу щы­тащ. 
- Мис мы нагъыщэми куэд­рэ урохьэлIэ. 
- Куэдрэ урихьэлIэркъым. ИтIанэ къамэм и щIыкIэми техуэн хуейщ. 
- Нагъыщэм и за­къуэкIи зэ­фIэкIыркъым Iэщэр къы­здикIар жыпIэн папщIэ, нэ­гъуэщI щытыкIэ зыбжани зэтехуэн хуейщ, ара? 
- НтIэ. Мыбы, псалъэм ­папщIэ, адыгэ IэщэкIэ дыщIеджэр ап­хуэдэ тхыпхъэ нэгъуэщIхэм ящIыртэкъыми аращ, нэ­гъуэщI­хэм апхуэдэ нагъыщэ лIэу­жьы­гъуэ къафIэIуэхуртэкъым. Мы­бы нэгъуэщI лъэпкъ­хэм я деж дыщрихьэлIэркъым. Иджыпсту куржыхэм ятеухуауэ зыгуэр зэхэзгъэкIыну сы­хэтщ. Мыпхуэ­дэ нагъы­щэ­хэр зыхуэзэр ХIХ лIэщIы­гъуэм и етIуанэ Iыхьэращ. Мы­сы­рым щыIэ адыгэхэр зы зэманкIэ щхьэхуиту щытащ. ИтIанэ Тыркум иубыда нэужь, Шэрджэсейр щIыпIэ пхыдзауэ пыщ­хьэ­хукIат. 
- Мамлюкхэм адыгэ куэд яхэта си гугъэщ. 
- Яхэтащ-тIэ. Мамлюк щы­жаIэкIэ, пщылI хужь кърагъэкIыу арат. Япэ­щIыкIэ яIар тырку пщылIт. ИужькIэ, 1230 гъэра си гугъэжщ, адыгэхэр тепщэ хъури, зэманкIэ унафэр яIэщIэлъащ. 1517 гъэра сфIощI тыркухэм Мысы­рыр щаубыдар. Ауэ мам­люкхэр япэщIыкIэ яукIыртэкъым, я мылъкуи къыт­рахыртэкъым, я сэрейхэри къыхуагъэнат. Зы­­хуейр тыркухэм ягухьэрти, Тырку къэралыгъуэм хэту ядэлажьэрт. Ауэ ХIХ  лIэщIы­гъуэм и пэм революцэ хуэдэу Iэуэлъауэ гуэр къэхъури, ар ягъэбэяужын ­папщIэ тыркухэм щIыналъэ яубыдахэм зауэлIу ­исыр зэхуашэсащ. Абы ирихьэлIэу албаны­дзэм и дзэпщ Мухьэмэд Алий жыхуа­Iэр IэкIуэлъа­кIуэ гуэр къы­щIэкIынти, дзэхэр зэгуигъэхьэщ, унафэр иубыдри, тыркухэм ар пэщэу ягъэувыну къабыл ящIащ. Иджы и телъ­хьэхэм щIы яритын ­хуейтэкъэ? ХэкIыпIэ тынш дыдэ къигъуэтащ: щIы иIэтэкъыми, мамлюкхэм я щIыр къатримыхыу, езы­хэр иукIын щIидзащ, ящ­I­хэр иубыдын папщIэ. Арати, адыгэхэм Шэрджэсейм зэрыщыщыр къащIэжри, я хэкум зы­къомым ягъэзэжащ. Иджы адэкIэ жыс­Iэнур хуэз­гъэфащэу аращ, мы­пэ­жынкIи хъунущ, ауэ а къэ­кIуэжахэм дыщэкI яхэта къыщIэкIынщ Iэщэ ищIу. Ар зыхуэзэр 1807 гъэращ. Нагъыщэ лIэу­жьы­гъуищым куэдрэ урохьэлIэ: «мазэ», «фалъэ», иджыри… 
- «Фалъэм» ещхь нагъыщэхэм Кавказым и адрей щIыналъэхэми ущ­рохьэлIэ. 
 - Дэнэ, псалъэм пап­щIэ? 
- Псалъэм папщIэ, Тифлис дыщрохьэлIэ апхуэдэ нагъыщэ зытет къамэхэм. Авархэм яIакъэ апхуэдэ? 
- Хьэуэ, яIакъым. Кавказым щащI къамэхэм ды­жьын нагъыщэ тращIыхьу щытакъым. Ар иужькIэщ къыщежьар. 
- НтIэ, мы нагъыщэхэр адыгэм и закъуэ ейуэ плъытэу ара? 
- Аращ. Мухьэжырхэм я хьэпшыпхэр куэдым щы­хьэт тохъуэ, сыту жыпIэмэ, ахэр куэд мэхъу. 
- ДыщэпскIэ тетха тхыгъэхэр Кавказым щызекIуэртэкъэ? 
- Ахэр хущIыхьэм ищIырт, хабзэ гуэрым тет­къым ар. Мы зи ­гугъу тщIыр хабзэм тетщ, ХIХ лIэщIы­гъуэм ящIа къамэ псоми ущрохьэлIэ, ХVIII щыщхэм ятет­къым. Нагъыщищ ­мэхъу: «ма­зэ», «фалъэ», «вагъуэ». 
- «Вагъуэм» тифлис Iэ­щ­э­­ми, персхэм ейми уащыхуозэ. 
- Тифлис щыIэхэм сщIэркъым апхуэдэ яхэту. 
- Ятх апхуэдэу. 
- Я щхьэм къихьэ псори ятх, аращ схужыIэнур, апхуэдизрэ сыбэлэрыгъа нэужь. Иджыри нагъыщэ хъурей ущрохьэлIэ ады­гэхэм я деж. ХVIII лIэщIы­гъуэм щыщу дызрихьэлIа зы Iэщэм, ап­хуэ­дэ насып къытхуихуэри, ща­щIа гъэр тету къы­щIэ­кIащ. Хьид­жрэмкIэщ зэрытетыр, ауэ ди бжыкIэмкIэ ар зыхуэ-зэр 1714 - 1715 гъэ­хэрщ. 
- Сыт хуэдэ лIэужьы­гъуэ? 
- ДэбзыкIитI иIэу: зыр и кум хуэзэу, етIуанэр - адрей лъэныкъуэмкIэ. «Иб­рэхьим» жиIэу тетхащ. ­Къамэхэр лIэужьыгъуитI мэхъу, тIуми Ибрэхьим цIэр тетщ. Иджы догупсыс: мыр езыр ды­щэкIыу арат хьэмэрэ Iэщэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ иIэт? Я щIыкIэр щы­з­э­мыщхькIэ, Iэщэ къыщIэ­зыгъэкI гуэр къы­щIэкIынт, ауэ аракъым мыхьэнэ зиIэр. Ибрэхьим и цIэр зэрытетымрэ гъэр зэры­тетхамрэщ. Аращ нагъыщэ нэхъ пасэ дыдэу диIэр. Мыр пхуэмыIуэтэну лэ­жьыгъэ гъэщIэгъуэн дыдэщ, зэрыщыту сызыIэпешэ. 
- Уэ уи зэхэдзыкIэмрэ зэгъэзэхуэкIэмрэ зыри къы­лъэщIыхьэркъым. Революцэ псо пщIым хуэдэщ. 
- Iуэхум зыри елэжьакъыми аращ. 
- Гугъу хъунщ адыгэхэм ятеухуа Iыхьэр зэбгъэ­зэ­хуэжыну. 
- Тхылъыжьым адыгэ къа­мэхэм, джатэхэм ятеу­хуауэ щыстхым нэгъэсауэ сщIэртэкъым, къыздисхыни сиIэтэкъым. Революцэ къэзыгъэ­хъуар Къуэдзокъуэ Алихъанщ. Ар зэры­мы­IэщIагъэлIым хуэ­дэу, дызэлэжьын хьэп­шып ды­зэрыхуейм и щхьэр хуэ­кIуащ. 
- Тхылъыр къыдэкIмэ Iэ­щIа­гъэлIи хъуну къы­щIэ­кIынщ. Фы­зэ­дэ­ла­жьэу ара­къэ? 
- НтIэ. Абы псори нэгъэсауэ итхыжащ, сурэтхэри зыхуей хуэзауэ трихащ, сурэттех Iэзэ здишат. 
- Альбомыр къыдэкIмэ, псори аргуэру дызэ­хуэ­зэнщ. Кавказым папщIэ уэ езы кавказырысхэм ящIам нэхърэ нэхъыбэ пщIауэ къысфIощI. 
- Кавказырысхэр бгъэ­къуан­шэ хъунукъым. Зы гъуазджэ­рылажьэ бзылъ­хугъэ гуэрым Мэзкуу къэ­кIуауэ адыгэ Iэщэ гуэр езгъэлъагъу пэт къызжиIат: «Дэ езым зэи зыри димыIауэ ди фIэщ ящIащ, жиIэри. Уеблэмэ узэ­лэ­жьын темэу кърагъащтэртэкъым. Сэ, псалъэм пап­щIэ, дапщэрэ сыщIэ­мыуп­щIами, зыми къыс­пиу­быдакъым кавказ Iэ­щэм селэжьыну. Зан­щIэу си гум дыхьат адыгэ нагъыщэхэр. Егъэлеяуэ гъэщIэрэщIауи щыттэкъым ар... 
- НтIэ, абы и теплъэр къызэрыкIуэ дыдэщ, тхыпхъэ зэщIэкъуахэщ, бжьакъуэ гуэрхэр, дамыгъэ­хэр… 
- Хьэуэ, къызэрыкIуэкъым. УзыIэпызышэ гуэр хэлъщ абы. Дагъыстэн гуэ­бэшыхэм, Кубачи щыщ­хэм яфIэфIу ящIырт «адыгэ тхып­хъэхэр». Сы­кIэ­лъып­лъыху солъагъу а нагъыщэр адэ-модэкIэ зэ­ры­зэбгрыкIар. Плъагъурэ, адыгэ­хэм псори ядэп­лъейрт, зыпащIыжырт. Ахэр лъэпкъ ехьэжьат а лъэхъэнэм. Я фащэхэр, япщхэр яIэжу, пщылI бэзэрым псом нэхърэ нэхъ лъапIэу щащэ я бзылъ­хугъэ зэкIужхэр-щэ? Торнау щIэщыгъуэу итхыжащ ар, уеджакъэ... 
- Альбомыр дапщэщ къы­­щыдэкIынур? 
- Зэретту, традзэнущ, мис, щылъщ. 
- Хьэзыр, къэщыпа­кIэ? 
- НтIэ, хьэзырщ, ауэ  зэгъэзэхуэжын  хуей гуэрхэр щыIэщ. 
- Сытми, илъэс дэмыкIыу къыдэкIыну дыпэплъэ хъуну? 
- Сыщогугъ къыдэкIыну,  текIуэдар къыщIэкIыжын хуейкъэ, нэгъуэщI ­мы­хъуми.

2015 гъэ,
щэкIуэгъуэм и 23.

АНДРЕЕВ Александр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.