Симпсон Уильям адыгэхэм сурэт ятрещIыкIКавказым лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа цIыху Iущ, зэчиифIэ куэд щыхьэщIащ. Апхуэдэ цIыху гъуэзэджэт, зэчиифIэт Симпсон Уильям - тхакIуэр, сурэтыщI Iэзэр, Инджылыз къэралым и лIыкIуэу 1853 - 1856 гъэхэм КъухьэпIэ Кавказым щыIа, зи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт зэхуэмыдэхэр щIыпIэм щыпсэу лIакъуэхэм тезыухуар. Симпсон и тхыгъэ, сурэт гъуэзэджэхэмкIэщ а лъэхъэнэм хамэ къэралхэм адыгэхэм я зэуэкIэр, я фащэр, я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр къызэращIэу щытар. 1855 гъэм и бжьыхьэм Инджылызым и дзэ министр Пелэм-Клинтон Генри Кърымым щызауэ и къэралыдзэм и Iуэху зытетыр и нэкIэ зригъэлъагъумэ фIэфIу КъухьэпIэ Кавказым къэкIуауэ щытащ. Генри и къэралыдзэм я Iуэху зытетым къыщымынэу, зауэ зращIылIа адыгэ лъэпкъми и псэукIэм, зыгъэгумэщIхэм зыщигъэгъуазэмэ и щIасэу ди лъахэм щыхьэщIащ. А лъэхъэнэм Генри и дзыхьщIэгъу блыгущIэту щIыгъуащ Симпсон Уильям. Даутокъуэ Псэбыдэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|