Германием щыпсэу адыгэхэм я зэхыхьэГерманием щыпсэу адыгэхэр илъэскIэ зыпэплъэ Iуэхур Iэтауэ щекIуэкIащ Берлин пэблагъэ Рулсдорф-Мариенвердер зыгъэпсэхупIэ цIыкIум. Мэлыжьы- хьым и 19-м щыщIэдзауэ 22 хъуху абы щекIуэкIащ Адыгэ щэнхабзэм и 11-нэ дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэм хэтащ нэмыцэ къэралым и къалэхэм къищынэмыщIауэ, Австрие, Швейцарие, Бельгие, Финляндие, Франджы, Голландие, Швецие, Урысей, нэгъуэщIхэми къикIа ди лъэпкъэгъухэр. Ар езыгъэкIуэкIыну Хасэр пхъэидзэкIэ илъэс къэс къыхахыу арати, мы гъэм зи пщэ къыдэхуар Берлин Адыгэ Хасэращ, абы и тхьэмадэр Къумыкъу Уэхьбийщ. Хабзэ зэрыхъуам тету, фестивалым ирагъэблэгъащ хэкум щыщ артистхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр. Налшык щыщ уэрэджыIакIуэхэу «Бзэрабзэ» гупым хэт щIалэхэр, ДыщэкI ФатIимэ, Цышэ Зарэ (Мейкъуапэ) я макъ дахэм Iуэхур нэхъри иIэтащ, адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ ТIэш Светланэ жыджэру интернетымкIэ зэбгригъэхащ дауэдапщэм и екIуэкIыкIэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|