ЩIэблэм дытелэжьэху

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм нэмыщI, мы гъэм щIэуэ къыхилъхьащ «Усэпсэ» зыфIища хэгъэгу зэпеуэр. Абы ­кърихьэлIат адэшхуэ-анэ­шхуэхэри, адэ-анэхэри, адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэри, пэщIэ­дзэ классхэм щIэс цIыкIухэри.

Іуэхум хэплъэну, сабийхэм я зэ­фIэкIыр къалъытэну зыкърагъэ­хьэлIащ къэп­щытакIуэ гупым щыщхэу ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и хасащхьэм хэт Къып Гупсэ, Бахъсэн къалэ дэт 1-нэ прогимназием и гъэсакIуэ нэхъыжь, адыгэбзэмрэ ­литературэмкIэ егъэджакIуэ Беслъэней Эльвирэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент, тхакIуэ Къа­ныкъуэ Анфисэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш университетым и студент зэгу­хьэныгъэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, Шэджэм къалэ дэт, Дэбагъуэ Барэсбий и цІэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж ­Къардэн Олеся, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Хьэрэдурэ Аллэ сымэ.
КъэпщытакIуэ гупым къалъытащ ­сабийхэр къыщымыуэу, гъэхуауэ усэм гукIэ къызэреджэр, утыкум зэрит щIыкIэр, гупым хэт сабийхэмрэ балигъ­хэмрэ я зэдэлэжьэкIэр. 
Зэпеуэр IыхьитIу екIуэкIащ. Япэ Іыхьэм хэтащ 1, 2-нэ классхэм, етIуа­нэм - 3, 4-нэхэм щеджэ цIыкIухэр. Дэтхэнэ сабийми абы и унагъуэм щы­щ­хэми узыIэпызышэ дахагъэ куэд ягъэлъэгъуащ, зым адрейр емыщхьу. 
КъэпщытакIуэхэм я дежкIэ тынштэкъым фIым я фIыжыр къыхэхыныр. Ауэ, зэпеуэ щыхъукIэ, къыхэжаныкІахэри щыІэщ. Япэ, етIуанэ классхэм щеджэхэм ящыщу япэ увыпIэр хуа­гъэфэщащ АфIэунэ Арнеллэ (егъэджакIуэр Дыгулыбгъу ФатIимэщ, ­Абзуанхьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ), етIуанэ увыпIэр иратащ Ахъуэхъу ­Камиллэ (Чыл Жаннэ, Шэджэм, 3-нэ еджапIэ), ещанэ увыпIэр лъагъэсащ Урысмамбэт Алихъан (Тохъу ХьэIишэт, Сэрмакъ, 2-нэ еджапIэ) сымэ.
ЕтIуанэ, ещанэ классхэм щIэс цIыкIухэм ящыщу гран-прир хуагъэфэщащ Шэшэн Аслъэн (егъэджакIуэр Елдар Хьэцацэщ, Ислъэмей дэт 3-нэ курыт еджапIэ), япэ увыпIэр иратащ АфIэунэ Дисанэрэ АфIэунэ Миланэрэ (КъуэщIысокъуэ Мадинэ, Къулъ­къу­жын Ипщэ, 2-нэ еджапIэ), етIуанэ увы­пІэр зэдагуэшащ Аргъэщокъуэ ­Къан-
­темыр (Бейтыгъуэн ФатIимэ, ­Бахъ­­сэн къалэ, 1-нэ еджапIэ), Къущхьэ Чэрим (ГъукIэ ХьэIишэт, Зеикъуэ, 4-нэ еджапIэ), БатI Идар (Шыд Iэсият, Сэрмакъ, 2-нэ еджапIэ), ТекIужь Марья­нэ (Унэ­лIокъуэ Алёнэ, Арщыдан, 3-нэ еджа­пIэ), Наурзокъуэ Идар (КIыщ Жаннэ, Шэджэм ЕтIуанэ, 3-нэ еджапIэ) сымэ.
Ещанэ хъуахэщ Шыбзыхъуэ Аслъэн (егъэджакІуэр Жолдащ Ленэщ, Хьэ­тIохъущыкъуей дэт прогимназие), Къуэ­дзокъуэ Алим (МахуэлI Бес­-лъэнщ, Налшык къалэ, 1-нэ гимназие), Мэ­къуа­уэ Силинэ (Къардэн Мадинэ, Шэджэм къалэ, 1-нэ еджапIэ), ­Къущхьэ Саминэ (Уэркъуасэ Иринэ, Налшык къалэ, 4-нэ еджапIэ), Ахъмэт Алан (Къумахуэ Маринэ, Налшык къалэ, 4-нэ еджапIэ ).
Къыхэгъэщын хуейуэ зы Іуэху дахэ щыІэщ. Адыгэбзэ Хасэм иригъэ­-     кIуэкI лэжьыгъэм иджыри къэс хэтар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэ­джа­кIуэ­хэрщ. Мы гъэм «Усэпсэ» зэпеуэм и фIыгъэкIэ абы къыхэша хъуащ пэщIэ­дзэ классхэм щезыгъаджэхэ-   ри. 
Зэпеуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ пэщIэ­дзэ классхэм щеджэхэм я бзэр адыгэбзэм хуэкъутауэ къэгъэхъунымкIэ, цIыкIу­хэр адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дегъэхьэхынымкIэ, сабийр и унагъуэм нэхъри пэгъунэгъу щIынымкIэ, пэщIэдзэ классхэм щIэс­хэм я зэфIэкIыр зыхуэдизыр къэлъы­тэнымкIэ. 
Зэхыхьэм къекІуэлІахэм псалъэ гуа­пэкIэ захуигъэзащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат. 
- Иджыпсту зэбгъэтІылъэкІращ хуей ущыхъум къызыкъуэпхыжынур, - жиIащ Табыщым. - «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжьэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым», жи адыгэ псалъэжьым. Щысабийм дежщ цIыхум бзэр нэхъ тыншу къыщищтэр, ар щыпхуэгъасэр. ЩІэблэм хэтлъхьэр кІуэдынукъым, абы дытелэжьэху. Тхьэм фригъэфІакІуэ! 
Iуэхур къызэрыдаIыгъам папщIэ Табыщым фIыщIэ яхуищIащ Кэнжэ къуа­жэм дэт 20-нэ курыт еджапІэм и унафэщІ Аслъэн Майерэ Сабий творчествэмкIэ республикэ уардэунэм и унафэщI Къалмыкъ Кларэрэ. 
«Усэпсэ» зэпеуэр гукъинэжу икIи щIэ­щыгъуэу екIуэкIащ. Абы къы­хы­хьащ республикэм и щІыпІэ зэхуэ­мыдэхэм къикІа адыгэ унагъуэ 80-м нэс.

Тхыгъэри  сурэтхэри  зейр 
 

ШУРДЫМ Розэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.