Медведев Д. А. дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и IуэхухэмкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ икIи къыщыпсэлъащ КIуэкIуэ Ю. А.

Урысейм и Премьер-министр Медведев Дмитрий дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пы­щIа IуэхухэмкIэ и комис­сэм и зэIущIэ. Абы хэтащ икIи къыщыпсэлъащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.

ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ къэрал программэхэмрэ лъэпкъ проектхэмрэ пхыгъэкIыным и лъэныкъуэкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъектхэм я зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ­хэм, апхуэдэу щIыналъэм и гъэсыныпхъэ-энергетикэ ком­плексым и щытыкIэм.

«Кавказ Ищхъэрэ округым и социально-экономикэ ­зыу­­-

жьыныгъэр лъэныкъуэ куэдкIэ къыкIэроху ику иту Урысейм щызэфIагъэкIхэм. Абы къыхэкIыу къэралым ику иту иIэ зыужьыныгъэм нэсын папщIэ мы щIыналъэм нэрылъагъуу нэхъ псынщIэу зиужьын хуейщ. Къалэн нэхъыщхьэр цIыху­хэр нэхъ псэукIафIэ щIы­нырщ. Абы папщIэ егугъу­ныгъэшхуэ хэлъу зэрылэ­жьапхъэр нэрылъагъущ. Ар къыщалъытэн хуейщ проект пэрытхэр гъэзэщIэнымкIэ планхэм, псом хуэмыдэу школхэр егъэфIэкIуэным, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным яхуэгъэзахэм. Хуабжьу гулъытэ хэлъу бгъэдыхьэн хуейщ Кавка­зым зыхуэбгъэдэн щымыIэ и щIыуэпсым, нэгъуэщI Iуэху зыбжанэм», - жиIащ Пра­вительствэм и УнафэщIым.

Министрхэм я Кабинетым и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Кавказ Ищхъэрэм 2017 гъэм гулъы­тэ хэха зыхуэщIын хуей щIыналъэм и статус зэри­гъуэтар: «Къэрал программэхэм трагъэкIуэдэну ахъ­шэр щаубзыхукIэ фе­де-

­раль­нэ ведомствэхэм округым и къыхэщхьэхукIыныгъэхэр нэхъ нэсу къалъытэн, щIыналъэхэм я властхэр езыхэм къыхалъхьэ Iуэхухэм нэхъ куууэ елэжьын, Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ министерствэм а IэнатIэхэм я зэпыщIэныгъэмрэ зэдэлэ­жьэныгъэмрэ игъэтэмэ­мэ­жын хуейщ».

ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Мутко В. Л., УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и ми­нистр Васильевэ О. Ю., УФ-м транспортымкIэ и министр Дитрих Е. И., УФ-м спортымкIэ и министр Колобков П. А., УФ-м щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ министр Котюков М. М., УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Мединский В. Р., УФ-м энергетикэмкIэ и министр Новак А. В., УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Д. Н., УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр ­Скворцовэ В. И., УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин М. А., УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Колокольцев В. А., ведомствэхэм я унафэщI­хэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.