ЩхъуантIагъэхэм яхуосакъ

Хуабэлыгъейуэ екIуэкI мы махуэхэм Налшык и «Горзеленхоз»-м и лэжьакIуэхэр хуосакъ къалэм и ­теплъэр зыгъэдахэ удз гъэгъахэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ.

Пщэдджыжьым жьыуэ псыутх машинэр уэрам ­нэхъыщхьэхэм ирокIуэ удзхэм псы тракIэу. Зэрыфлъагъущи, мы гъэм ди къалэ утыку нэхъ инхэм, къулыкъущIапIэхэм я бжэIупэхэм, паркхэм розэ нэхъыбэ итщ.

Илъэс зыбжанэ ипэкIэ щIыпIэ-щIыпIэхэм щыхасауэ щыта розэ хужьыбзэхэм, тхьэмбылыфэхэм мы гъэм куэдыкIейуэ къахэхутащ пкъынэ плъыжьым и фэм ещхь розэ лIэужьыгъуэщIэхэр. Абыхэм къудамэ зырызуи, жыг теп­лъэуи уарохьэлIэ. Гъэгъахэм елэжь IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр ди щIыпIэм сыткIи йозэгъ, сыт хуэдэ ­хуабэми хъарзынэу пэщIэтщ. ИтIанэ къалэм и языны­къуэ щIыпIэхэм, псом хуэмыдэу сату щIапIэхэм я бжэIупэхэм, щыдолъагъу пкъынэ зэмылIэужьыгъуэ­-хэр, юкэ хужь лъагэхэр, «Дамаск и розэкIэ» зэджэ жыг ­гъэгъахэр. ГъэщIэгъуэныращи, щIэуэ яухуэ унэ зэтетхэм я бжэIупэхэм мэжджытжыгхэр нэхъыбэу щыхасэжу ­хуежьащ. Сыт хуэдэу хуабэу бадзэуэгъуэр къытлъимыхьами, ди щхъуантIагъэхэм яхэгъукIа урихьэлIэркъым, ар «Горзеленхоз»-м и лэжьакIуэхэмрэ унэ зэтетхэм щыпсэухэмрэ я фIыщIэщ.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.