ЩIыналъэпсо олимпиадэр йокIуэкI

Хабзэ хъуауэ, мы гъэм ебланэу КъБКъУ-м къы­щы­зэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я школакIуэ нэхъыжьхэр зыхэт олимпиадэ зэIуха. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ университетым и пресс-IэнатIэм. Курыт школым щадж предмет зыбжанэ къызэ­щIэ­зыу­быдэ зэпеуэр гъатхэпэм и 16, 17 махуэхэм екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъ­къэрымрэ Ингуш Республикэмрэ я курыт школ­хэм щеджэ ныбжьыщIэ  ми­ни 3-м щIигъу.

- КъБКъУ-мрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ олимпиадэ зэIухар зы илъэсым нэхърэ къы­кIэ­лъы­кIуэм нэхъ цIэрыIуэ хъууэ­рэ, цIыху нэхъыбэ къы­хы­хьэурэ йокIуэкI. Гъэ къэси зэпеуэм унэтIыныгъэщIэхэр къыхохьэ. Мы гъэм ныбжьыщIэхэр япэу зэпеуащ инджылызыбзэмкIи, - жеIэ зи цIэ къитIуа министерствэм и пашэм и къуэ­дзэ Мокаев Ашэмэз. - Школа­кIуэ­хэм я дежкIэ мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ мы зэпеуэм, сыту жыпIэмэ абы щыте­кIуэ­хэм къахьыфынущ еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэ­тIыс­хьэ­кIэ къахуэщхьэпэжын, къалъытэн балл бжыгъэхэр. Ап­хуэдэуи дэтхэнэ ныбжьыщIэми Iэмал иIэщ и щIэныгъэр здынэсыр къихутэфыну.
Гъатхэпэм и 16-м, олимпиадэм и япэ махуэм, школакIуэхэр зэпеуащ предмети 8-кIэ. Апхуэдэхэт математикэр, урысыбзэр, физикэр, тхыдэр, химиер, геогра­фиер, информатикэр, литературэр. НыбжьыщIэ нэхъыбэ здекIуэлIахэм ящыщщ тхыдэ, химие, урысыбзэ предметхэмкIэ зэпеуэхэр. КъыкIэлъыкIуэ махуэм школакIуэхэр хэтащ биологиемкIэ, обществознаниемкIэ, инджылызыбзэмкIэ, къинэмыщIауэ, аргуэру урысыбзэмрэ математикэмкIэ къызэрагъэпэща зэпеуэ­хэм. А махуэм бжьыпэр зыIыгъар биологие предметыращ. Абы сабий нэхъыбэ дыдэ екIуэлIащ.
Зэпеуэхэр къызы­хуэ­тын­шэу екIуэкIынымкIэ сэ­бэ­пышхуэ хъуащ университетым и волонтёрхэр. Абыхэм ныбжьы­щIэхэр яунэтIащ зэпеуэ щхьэ­хуэхэр щекIуэкIыну аудиторэхэмкIэ, упщIэ зиIэхэм жэуап иратащ.
Олимпиадэ зэIухам кърикIуахэм мы зэманым хоп­лъэ. Абы къигъэлъэгъуахэр къралъхьэнущ КъБКъУ-м и сайтым. ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ балл тху­рытху хущIагъунущ, а унэтIыныгъэмкIэ университетым щы­щIэ­тIысхьэкIэ. Зэпеуэм зэ­ры­хэтамрэ абы къыщахьа баллхэмрэ щыхьэт техъуэ сертификатхэри иратыжынущ.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.