Адыгэу дунейм тетым гъатхэпэм и 14-м ягъэлъэпIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, адыгэхэр куэду зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ а махуэм щекIуэкIащ «Адыгэбзэ диктант». Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ДАХ-м хыхьэ Хасэхэм.
«Адыгэбзэ диктантыр» япэу ирагъэжьа Iуэхугъуэщ икIи, къызэгъэпэщакIуэхэм зэрамыгугъауэ, ди лъэпкъэгъухэр жыджэру хэтащ. Псом хуэмыдэу цIыхушхуэ къекIуэлIащ КъБР-м абы хухаха щIыпIэу КъБКъУ-мрэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и пэш хуитышхуэмрэ. АдыгэбзэмкIэ яхузэфIэкIыр къапщытэжыну жэрдэм зыщIахэм яхэтт куэдым къацIыху жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр, нэгъуэщIхэри.
Сыхьэт 13-м ирихьэлIэу Лъэпкъ библиотекэм къекIуэлIахэм гуапэу захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Къызэхуэсахэм ар ехъуэхъуащ Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ, фIыщIэ яхуищIащ диктант ятхыну жэрдэм зэращIам папщIэ икIи къыхигъэ-щащ мы Iуэхугъуэм лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд библиотекэм тхылъ зыбжанэ тыгъэ яхуищIа нэужь, къызэхуэсахэм захуигъэзащ:
- Зи анэ фIыуэ зымылъагъум хамэ ани илъагъуркъым, зи бзэ фIыуэ зымылъагъум хамэбзи фIыуэ илъагъуркъым. Ди щхьэ къэдвмыгъэгъэпцIэж, ди бзэр дывгъэхъумэ. Анэдэлъхубзэм хуэфащэ утыку щигъуэтыжыну зэманыр икIэщIыпIэкIэ къэсыну Тхьэм жиIэ!
Диктанту ятхыну къыхахар Къэрмо- къуэ Хьэмид и «ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь» тхыгъэм щыщ пычыгъуэт. Зи ныбжькIи зэтемыхуэ, адыгэбзэмкIэ зи зэфIэкIхэри зэхуэмыдэ псоми жэуаплыныгъэшхуэ зыхащIэу, я гукъыдэжыр лъагэу, дэрэжэгъуэ яIэу сыхьэт енкIэ ятхащ адыгэбзэ диктантыр. Тхэн яуха нэужь Iэгуауэшхуэ къэIуащ, лэжьыгъэ щхьэпэм зэрыхэтам иригушхуэу. ЖыIэпхъэщ я лэжьыгъэ IэнатIэм къыпэрыкIыу къекIуэлIахэм я бжыгъэр зэрымымэщIар. Зым адрейр тригъэгушхуэжу, зыхэт Iуэхугъуэр лъэпкъ Iуэхуу зэрыщытыр зэдаIыгъыу елэжьахэщ ахэр тхыгъэм.
ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэр щылажьэ щIыпIэ куэдми щагъэлъэпIащ мы махуэр. Апхуэдэу Тыркум щыIэ КАФФЕД хасэшхуэм Анкара къалэм щиIэ хэщIапIэм «Адыгэ диктантыр» къыдаIыгъащ хэкурысхэм. Нэхъыбэу ар зи фIыгъэр Хасащхьэм хэт Хьэпэ Бильгещ, Хасэм къекIуалIэ ди лъэпкъэгъухэрщ. АдыгеибзэмкIэ ятхам щыуагъэ куэди хамыщIыхьу пэлъэщахэщ икIи апхуэдэ Iэмал зэрагъуэтам хуабжьу зэрыригуфIар жаIащ.
Германием щыпсэу, Европэм ис адыгэхэм я щэнхаб-зэ федерацэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан и гуапэу къакъуэуващ Iуэхугъуэ дахэр езыхьэжьахэм икIи Бремен къалэм дэс лъэпкъэгъухэм я нэхъыжьыфI ТIамжьыкъуэ Омар я пашэу адыгэбзэ диктант ятхащ. Электрон Iэмалхэр къигъэсэбэпри, ДыщэкI Эртан хэкурысхэм гуапэу къыдэхъуэхъуащ махуэшхуэмкIэ икIи мыпхуэ-дэу закъытхуигъэзащ:
- Европэм щыпсэу адыгэхэм ди мащIэр куэд зыщыфщI, Iуэхугъуэм кърихьэлIар апхуэдэу куэд мыхъуми, ди лъэпкъэгъухэм дызэрыфщIыгъур къывэдгъэщIэну ди мурадащ. Адыгэбзэм папщIэ зигу-зил узыр зэрынэхъыбэр мы проектым къыдигъэлъэгъуащи, ар икъукIэ гуапэ тщыхъуащ. Дызэдэлажьэмэ, дызэкъуэтмэ, абы ифI къызэрыдэкIынум шэч къытесхьэркъым.
Бремен щекIуэкIа Iуэхугъуэр къызэгъэпэщыным жыджэру хэта, диктантыр езыгъэтха Уэлджыр Оксанэ фIыщIэрэ щытхъурэ хуэфащэщ.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, Ставрополь и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ дэгъуэу зэхиублат а къалэм щрагъэкIуэкIа диктантыр. Адыгэбзэм хуащI гулъытэр къагъэлъагъуэу, щIалэгъуалэри нэхъ ныбжь зиIэхэри Хасэ хэщIапIэм щызэхуэсхэри, тхыгъэмкIэ я зэфIэкIхэр здынэсым еплъыжащ.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алии щIыналъэ зыбжанэм щригъэкIуэкIащ адыгэбзэ диктантыр икIи абы хэтыну гупыж зыщIахэр мащIэтэкъым. Черкесск дэт гимназие №5-м гъатхэпэм и 13-м щрахьэжьат а Iуэхугъуэр, иужькIэ ар Хьэбэз щIыналъэм школ зыбжа-нэм щыдаIыгъащ. ЕджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зэгъусэу зы Iуэху щыхэткIэ, къагуроIуэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи цIыхум и гъащIэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр.
Апхуэдэу, ДАХ-м иригъэжьа мы жэрдэмыр ялъэIэсащ Санкт-Петербург дэс адыгэхэми. Абы щылажьэ «Нарт» къэфакIуэ гупымрэ Адыгэбзэ щрагъэдж курсхэм я егъэджакIуэ Нэгъуей Амилэрэ гупыж ящIри, диктантыр щатхащ а къалэми. Iуэхум хэтащ цIыху 20 хуэдиз.
Хэт и дежкIи гурыIуэ-гъуэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и закъуэ къарукIэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр къызэремыхъулIэнур. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я управленэхэм адыгэбзэ диктант къызэгъэпэщыным, егъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахар. Апхуэдэу, си гуапэщ я цIэ къисIуэну Бахъсэн щIыналъэм щыщ Нанэ Любэрэ Даур Ма- динэрэ (мы щIыналъэм абы цIыху 500 хэтащ); Ирыгу Риммэ (Тэрч щIыналъэ - цIыху 80); Балъкъэр Альбинэ (Аруан щIыналъэ - цIыхуи 140-рэ); Борсэ Альбинэ (Шэджэм щIыналъэ - цIыху 450-рэ); Псэныкъуэ Iэминат (Дзэлыкъуэ щIыналъэ - цIыху 40); ЛIыIэщын Людмилэ (Налшык къалэ - цIыхуи 150-м нэс); Атэлыкъ Альмирэ (Лэскэн щIыналъэ - цIыху 98-рэ).
Ди гугъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэжьа Iуэху дахэм адэкIи зиубгъуну! Адыгэбзэр хъумэным, щIэблэм яIурылъыным, ахэр хабзэм щIэпIыкIыным ехьэлIауэ дэтхэнэ зыми ди пщэ къыдэхуэ къалэныр дгъэзащIэу дызыхэт зэманым дыхэпсэукIыфмэ, лъэпкъми лей къытехьэнкъым!