ПХЪЭР МЭЗЫМ ЗЫШЭЖАРКъэхъуа Си адэ Хьид мэзкIэ IэкIуэлъакIуэу щытащ. Абы хиха пхъэр, езыр бгъэдэмытми, къацIыхурт, апхуэдэу къабзэт, хэплъыхьа защIэти. Ди къуажэ цIыхухъухэр мэз кIуауэ нэгъуэщIым игъэхьэзыра пхъэ ирихьэлIамэ, абы еIусэу я хабзэтэкъым, езыхэм хахырти къашэрт. Ауэ щыIэт а хабзэхэм ебакъуэхэри. Апхуэдэхэм къафIэIуэхутэкъым хьэлэл, хьэрэм, емыкIу, фIэлIыкI жыхуаIэхэр. ИужькIэ ишэжыну и мураду, пщIэнтIэпсыр къыпыхуу нэгъуэщIым хиха пхъэр я шыгум е выгум из ящIырти, гуфIэу яшэрт я унэ. Ауэ апхуэдэхэм пщIэ хуащIыртэкъым. Хьэжьвакъэжьышхым сыт и пщIэ! Зыкъом щIауэ мэзым щIэлът ди адэм игъэхьэзыра пхъэ гулъэ. Шыхэр, выхэр зэпэубыдат – ахэрат колхозыр зэрывэр. Арати, пэплъэрт пхъэр къызэришэжын выгу е шыгу къыщигъуэтыным. Зы махуэ гуэрым, уэшх къешхат, увэ хъунутэкъыми, выгу къилъэIухуэри, ди адэр кIуат пхъэр къишэжыну. АрщхьэкIэ и пхъэр щылъыжтэкъым, ишат зыгуэрым. Гум и лъэужьым фIыуэ еплъри, гу лъитащ выгум и зы шэрхъыр гъущI кIапсэ IувкIэ щIыпIитIым деж зэрыщызэтепхар – а зэтепхапIэхэр хуиту къыхэщырт гъуэгум. Абы и нэр тригъэтурэ, къуажэм къэсыжащ, гупэ хьэблэм лъэужьыр ихури, ар зэкIуалIэ пщIантIэм дыхьащ. Плъэмэ – и пхъэр гуэщым щIэлъу елъагъу. Маджэри, я лIыр, Сэфар къыщIокI. Сэлам зэраха нэужь, ди адэм жеIэ: «Уа, Сэфар (и цIэр зэсхъуэкIащ), мэзым пхъэ щыбгъуэтыртэкъэ си пхъэм фIэкIа? Щхьэ къэпша мыр, зиунагъуэрэ?» ЛIыр къолъ: «Сыт, си пхъэщ, жыхуэпIэр?! ЛIо, уи мыхъур ятелъ пхъэм?» «Уэлэхьи, ятелъмэ, Сэфар. Си уэщым пиупщIар сэ сцIыхужыркъэ?! ИтIанэ, мес нэгъуэщI зы щыхьэти: уи шэрхъыр гъущI кIапсэкIэ щызэтепха щIыпIитIыр гъуэгум хъарзынэу къыхощ, - жиIащ ди адэм. – ИIэ, си пхъэр къызэтыж, мис, си выгумкIэ дэсшыжынщ». «Дэпшыжмэ, тхьэр согъэпцI! – жиIащ Сэфар. – Къыздисшам сэ сшэжынщи, итIанэ узыхуейр ещIэ». «КхъыIэ, апхуэдизым дыхыумыгъэт», - жиIэу ди адэр елъэIуа щхьэкIэ къимыгъанэу, лIы ерыщым пхъэр къыздриша дыдэм деж ишэжри иридзыжауэ щытащ. Мыр хъыбару куэдрэ дэлъащ ди къуажэм, иджыри нэхъыжьхэм фIыуэ ящIэж.
КЪАГЪЫРМЭС Борис.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|