ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭМ И МАХУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Мазаем и 22-м, илъэс къэси хуэдэу, Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Шау-Хун къурш щхьэдэхыпIэм цIыхухэр дэкIынущ.

ДэкIыныгъэм и пашэу щытынущ дунейпсо класс зиIэ къегъэлакIуэ, ЩIы хъурейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэхэм дэкIа Аккаев Азнаур. ЗекIуэм хэтынущ Iэзагъ лъагэ зиIэ, бгым зыбжанэрэ щыIахэри япэу а Iуэхум пэрыхьэхэри. Гупым хагъэхьэнухэр къыщыхахкIэ, псом япэрауэ, еплъынущ пэщIэдзэ альпинист гъэсэныгъэ ябгъэдэлърэ бгым къыщагъэсэбэпыну щхьэзакъуэ Iэмэпсымэхэр яIэрэ. Ахэр щагъэгъуэзэнущ лъагъуэм и щытыкIэнумрэ бгы-мэзылъэ щIыпIэм зэрыкIуэцIрыкIыну Iэмалхэмрэ.

Мы гъэм щхьэдэхыпIэм дэкIыну гупыр бгым щыкIэрыхьэнущ Чаты уэх лъэныкъуэмкIэ, ищхъэрэ мэзылъэ джабэмкIэ. Шау-Хун щхьэдэхыпIэм и щыгум метр 2I53 лъагапIэм щагъэува Кавказым и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъум деж удз гъэгъахэр тралъхьэнурэ Хэкум и хъумакIуэхэм дакъикъэкIэ хуэщыгъуэнущ.

ЩхьэдэхыпIэм къехыжа нэужь дэкIыныгъэм хэтхэр Iухьэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Хъущтэсырт къуажэдэсхэм я фэеплъ сыным деж.

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэмрэ республикэм АльпинизмэмкIэ, къуршым дэкIынымрэ спорт туризмэмкIэ и федерацэмрэ къабгъэдэкIыу зекIуэм хэтахэм дипломхэмрэ дэкIыныгъэм и сертификатрэ иратынущ.

ЗекIуэр къызэригъэпэщынущ «К вершинам» бгы клубым. Ар даIыгъынущ КъБР-м АльпинизмэмкIэ, къуршым дэкIынымрэ спорт туризмэмкIэ и федерацэм, Урысей Федерацэм и МЧС и лъагапIэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлъакIуэ гупу Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэм, КъБР-м и мафIэсгъэукIыфI-къегъэлакIуэ IуэщIапIэм, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм, «Альтаир» щIалэгъуалэ клубым.

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.