ЩЫТЫКIЭ ГУГЪУМ КЪИКIЫНЫМКIЭ ЯДОIЭПЫКЪУ

ЩIагъэтIысам и щхьэусыгъуэр къызыгурыIуэжа, а къуаншагъэр игъэзэкIуэжу гъащIэм хуиту хыхьэжыну, узыншэу псэуну хуей цIыхум сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн щахуохъу Урысей ФСИН-м и къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм епха къудамэхэм.
ЩIэпхъаджагъэ илэжьам пэкIуэу цIыхум тралъхьа тезырыр егъэпшыныжыным хуэщIа къэрал IуэхущIапIэу Урысейм щыIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр управленэм егъэщIылIа 4-нэ тутнакъэщым иджыблагъэ щекIуэкIащ Iуэху щхьэпэ. Фадэм, афиянхэкIхэм ятхьэкъуахэр а мыхъумыщIагъэхэм япэIэщIэ щIыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа курсыр къызэраухамкIэ тхылъхэр иратыжащ щхьэхуимыту яIыгъ цIыху зыбжанэм.
Хабзэм ебэкъуа цIыхур гъуэгу захуэм тегъэувэжыным зи лэжьыгъэр теухуахэм гулъытэ хэха зыхуащIхэм ящыщщ фадэмрэ афиянымрэ зэхьэлIэныр хьэл зыхуэхъуахэр, сыту жыпIэмэ, а щхъухьхэм яубыдар езы-езыру а «хъым» къикIыжыфынукъым. Апхуэдэ тутнакъхэм программэ хэхам тету ядолажьэ психологхэр. Программэр илъэс ныкъуэм тещIыхьащ икIи псантхуэр зэтезыху хьэл мыхъумыщIэхэр зыхэзыныну хуейуэ курсым зыхезыгъатхэхэм щхьэхуэуи гупуи ядолажьэ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абыхэм екIуалIэхэр фадэмрэ наркотикхэмрэ IэщIыб зыщIыну зигу быдэу изылъхьахэрщ икIи а тегушхуэныгъэм фIы къахудэкIуэнымкIэ зыщIагъакъуэ.
Тутнакъэщым нэхъ пасэу кърагъэкIыжыным, тезырыр нэхъ щабэкIэ хузэрахъуэкIыным, зэрагъэпажэ хъуну щыIэ нэгъуэщI хэкIыпIэхэм унафэщIхэр щыхэплъэкIэ, ахэр узыншэ зэрыхъужар къалъытэнущ - апхуэдэ Iэмалхэр яIэнущ курсхэм екIуалIэурэ егугъуу зызыгъэхъужахэм. Апхуэдэуи дохутырхэм тутнакъхэр а Iуэхум трагъэгушхуэ, ахэр узыншэу псэун, жылагъуэми пщIэ щагъуэтыжын зэрыхуейм ирагъэгупсысурэ.
Психологым зэхилъхьауэ къигъэсэбэп Iэмалхэм ящыщщ фильмотерапие жыхуаIэр. Абы гупыр зэгъусэу кино ирегъэплъри, трегъэпсэлъыхьыж, къазэрыщыхъуамкIэ, я гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ зэдегъэгуашэ. Апхуэдэщ фIым хуэзыгъэпс таурыхъхэр – щхьэж нэхъ фIэфIым, ар зэрызыхищIэм, абы и мыхьэнэм я гугъу ярегъэщI. Аутотренингхэр ирегъэкIуэкI, я къэухьым зезыгъэужь лекцэхэм къахуоджэ, «лъэбакъуэ I2» профилактикэ программэр ягъэзащIэ. А псом иужькIэ нэрылъагъу мэхъу щытыкIэ гугъум хэт сыт хуэдэу пэлъэщми – нэхъ тыншу къикIри, иджыри зыдэлэжьэн хуейри, хьэл мыхъумыщIэм къимыутIыпщри къонаIуэ.
Я гъусэхэр щытыкIэ гугъум къикIынымкIэ а Iэмалхэр сэбэп зэрыхъуар зылъэгъуа цIыхуи 8-м зыхрагъэтхащ социально-псантхуэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтыну курсхэм и гупыщIэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ, езыхэм яфIэфIу лекцэхэм зэрыкIуэр, ахэр дамыутIыпщыкIыу екIуэлIэну, лэжьыгъэхэм жыджэру хэтыну зэрыарэзыр къыщыгъэлъэгъуауэ.

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и ун

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.