ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 зэрырикъур.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуихым артистхэм ехъуэхъури, езыри театр гъащIэм пэIэщIэу къызэримылъытэр, къищынэмыщIауэ, Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм илъэситхукIэ зэрыщылэжьари жиIащ.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейщ КъБР-м щыIэ СТД-р къэралым щынэхъыфIхэм зэращыщыр. КъБР-м и театрхэр лъагапIэшхуэ тетщ. ЦIыхухэм я гъащIэр гуапагъэрэ дахагъэкIэ дгъэнщIыфу, яхуэщхьэпэну гупсысэхэр еттыфу илъэс куэдкIэ ди театрхэр щыIэну си гуапэщ! Мы махуэмкIэ, илъэс бжыгъэ дахэмкIэ сынывохъуэхъу, ехъулIэныгъэ, узыншагъэ фиIэну, фефIэкIуэну си гуапэщ, - захуигъэзащ Къумахуэм артистхэм.
АдэкIэ министрыр къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм.
«Быдэу си фIэщ мэхъу КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и илъэс 80-р зэригъэлъапIэр республикэм и щэнхабзэ гъащIэм дахэу къызэрыхэщынур. БлэкIа зэманым мы зэгухьэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ театр гъуазджэм зегъэужьыным, творческэ ехъулIэныгъэ ди артистхэм яIэным, псэкупсэ гъэсэныгъэ щIэблэм ябгъэдэлъхьэным. Зэманыр зэрыгугъум щхьэкIи къэмынэу, абы и лэжьыгъэр зэпигъэуркъым. Творческэ ехъулIэныгъэ, гукъыдэж, узыншагъэ фиIэну сынывохъуэхъу!», - итщ абы.
КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъ абы иритащ Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Фырэ Майе икIи къэпсэлъапIэр хуит хуищIащ.
Майе кIэщIу тепсэлъыхьащ зэгухьэныгъэм и тхыдэм, 1941 гъэм къыще-жьэм.
- СТД-р ди республикэм щылажьэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъ инхэм ящыщщ, абы и IуэхущIафэ хэлъщ КъБР-м и щэнхабзэ гъащIэм ехьэлIа Iуэху куэдым. Ди зэгухьэныгъэр хущIэкъу зэпытщ иджыри къэс хузэфIэкIам хигъахъуэу ипэкIэ кIуэтэным.
Сэ схужыIэнукъым пан-демием ди лэжьыгъэр къигъэувыIауэ. Пэжщ, абы ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къыхилъхьащ, цIыху зэхуэтшэсым я бжыгъэри дгъэмэщIэн хуей мэхъу, ауэ зыми емылъытауэ долажьэ.
КъБР-м и СТД-м и лэжьыгъэм мызэ-мытIэу гулъытэ ин къыхуащIащ. 1998 гъэм Франджым щыIэ «Monde Sans Frontiere» ассоциацэм, «Партнёрство ради прогресса» программэм ипкъ иткIэ, «Дыщэ пальмэ» къыщытхуагъэфэщауэ щытащ. 2018 гъэм СТД-р къалъытащ КъБР-м щыIэ творческэ IуэхущIапIэ нэхъы-фIу.
Нобэ илъэс 80 дрокъу, икIи ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ творческэ цIыху-хэм я Iуэху дэгъэкIыныр, лей къатемыгъэхьэныр.
УФ-м и СТД-м и унафэщI Калягин Александр и псалъэхэр хуабжьу сигу ирихьащи, фэри зэхывэзгъэхыну сыхуейт: «Дэ псоми зэщхьу зыгуэр тхэлъщ, дэ дызэблагъэщ, хьэуэ, лъыкIэкъым, ауэ абы нэхърэ нэхъ гъунэгъуж гуэрщ дэ дызэпызыщIэр: дэ зы унагъуэу дызэхэтщ, дызэIыхьлыщ, театрым дызэришэлIауэ».
Майе къеджащ Калягиным къыбгъэдэкI хъуэхъу телеграммэм.
«Илъэс 80-р бжыгъэ дахэщ. АдэкIи фи IэнатIэр евгъэфIакIуэу, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм фыпэлъэщу, фи мурадхэм зэран къахуэхъун лъэпощхьэпо щымыIэу фылэжьэну сынывохъуэхъу!» - псалъэ гуапэхэр итт абы.
Пшыхьым ягу къыщагъэкIыжащ республикэм и театр гъащIэм зи гуащIэ хэзылъхьа артист нэхъыжьхэр, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуахэр.
Абы щагъэлъэпIащ утыкум и ветеранхэу, цIыхубэм илъэс куэд щIауэ фIыуэ ялъэгъуа, ягъэзэщIа ролхэмкIэ гукъинэж артистхэр. Абыхэм республикэм и щэнхабзэ гъащIэм щыпхаша лъагъуэ дахэм, театрхэм нэхъыжьыфIхэм щагъэзащIэ къалэным щытепсэлъыхьащ.
Пшыхьым къыщеджащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIа хъуэхъу тхыгъэхэм.
Республикэм и театритхуми хъуэхъу гъэщIэгъуэнхэр ягъэхьэзырат, хэт уэрэд зэхилъхьат, хэти къафэ игъэуват. А псоми дэрэжэгъуэ къыхахыу еплъащ пшыхьым хэтахэр.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.