АДЫГЭ-АБХЪАЗХЭР ЗЫХЬЭХЭМ КЪАТЕХЪУКIАЩ

Урым    дунеяплъэ,  XV  лIэщIыгъуэм  и   кIэухым  – XVI  лIэщIыгъуэм   и пэм псэуа   Интериано   Джорджио адыгэ-абхъазхэм я пасэрей лъэпкъыжьу къалъытэ зыхьэхэр  щыпсэуа щIыпIэм топсэлъыхь:

«ЗЫХЬЭХЭР – апхуэдэущ  а   лъэпкъым    урымыбзэкIи, алыджыбзэкIи,  латиныбзэкIи зэреджэр.  Тэтэрхэмрэ     тыркухэмрэ    абыхэм    щатепсэлъыхькIэ,     «шэрджэсхэр»     жаIэ,      езыхэр    «адыгэкIэ»    зоджэж.

Абыхэм      яубыд     щIыналъэм    Танэ  (Дон)    деж      щрегъажьэри, Киммерий     Босфорым    и   лъэныкъуэкIэ      ирикIуэ    хы       Iуфэм    бгъэдэту      Азием      нэс      зеукъуэдий.    Иджы     абы        «Боспор»,      «Иоанн    ЛъапIэм     и     хыдэуапIэ»,     «Забак   хым  (абы   къикIыр – Танэ)   и     хыдэуапIэ»   хужаIэ,   пасэрей    зэманым     Мэуэт    псыпцIэкIэ   еджэу    щытащ  (иджы – Iузэв).  ХыдэуапIэм    ущхьэдэхмэ,   абыхэм  я  щIыналъэр    Бусси     ныджэмрэ   Фазис     псыежэхымрэ    нэсу     хы    Iуфэм     ирокIуэ,    абдеж    Абхъазым,   нэгъуэщIу    жыпIэмэ,   Колхидэм   и     гъунапкъэм    щыгуохьэ».                                                                          

 

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.