МИНИСТРЫМ ИРЕГЪЭБЛАГЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъамрэ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэм щытекIуа Бырхьэм Мухьэмэдрэ иджыблагъэ зэIущIащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Финикс къалэм щекIуэкIащ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Абы япэу утыку къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ, зэIущIэ куэдым щытекIуа ди лъэпкъэгъу Бырхьэм Мухьэмэдрэ США-м щыщ Уиллис Джалилрэ. 

ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм хухаха зэманыр и кIэм нэмыс щIыкIэ ар судьяхэм къагъэувыIащ. Адыгэ щIалэм и тепщэныгъэм пигъэувыфын зимыIэ американ зэуакIуэм зитын хуей хъуащ. 

Иджырейм ипэкIэ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэшхуэ Бырхьэмыр щыхэтар 2019 гъэм и шыщхьэуIурщ. АСА 97-м абы къыщыпэщIэтащ Бразилием щыщ спортсмен Родригес Сиро. Судьяхэр псори зэ­дэа­рэзыуэ зэIущIэм Мухьэмэд текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщауэ щытащ абы щыгъуи. 

Уиллис нэхъапэкIэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыхуэзауэ щытащ и лъэпкъэгъу Мендонк Майкон. Bellator 259 зэхьэзэхуэу мы гъэм и накъыгъэм екIуэкIар Джалил и текIуэныгъэкIэ иухащ. 
Зэи къыхамыгъэщIа ди лъэпкъэгъум и дежкIэ иджырейр 14-щ.

Хьэсанэр чемпионым ехъуэхъуащ икIи къыдэщIхэр апхуэдэу и текIуэныгъэ инхэмкIэ иджыри куэдрэ игъэгуфIэну зэригуапэр жриIащ. ЗэIущIэм и гугъу щащIащ Бырхьэмым адэкIэ зызыхуигъэхьэзыр зэIущIэхэм, зыгъэсэныгъэхэр зэрекIуэкIым.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.