ПУШКИН И ТХЫГЪЭЕДЖЭ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм  иджыблагъэ щекIуэкIащ «Пушкин и тхыгъэеджэ» Iуэху дахэр. Ар егъэщIылIауэ щытащ   Пушкин теухуауэ  а  музейм къыщызэрагъэпэща  гъэлъэгъуэныгъэм.
     «Пушкин и тхыгъэеджэм» хэтащ «Свеча» литературэ  клубым   щыщ  ныбжьыщIэхэмрэ «ДыгъафIэ къалэм»  щеджэхэмрэ.
    Музей бжэIупэм щызэхуэсат   тхакIуэм  и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъу къалэдэсхэр. Абдеж  кърихьэлIа    дэтхэнэми  Пушкин и   усэхэм  щыщ къеджэну  Iэмал иратащ. Урыс усыгъэм и классикыр  урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ      «къагъэпсэлъащ» а махуэм.
    Абы иужькIэ  къызэхуэсахэр еплъащ  Пушкин Александр и гъащIэмрэ лъэжьыгъэмрэ  теухуа  гъэлъэгъуэныгъэм, .сурэтыщI  цIэрыIуэхэу – Устинов Евгений, Платовэ Анастасие – Виринее, Байрос Марфэ сымэ ящIахэм щыщу зэхуахьэсащ.
    Мы  гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьахэр «Пушкин и унэу Кавказым щыIэ» музеймрэ  абы и къудамэу  Москва дэтымрэ къызэрырашар. Мы Iуэхур къызэрагъэпэщымынкIэ    хуабжьу щIэгъэкъуэн хъуащ «Птицы счастья»  жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр.

 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.