ЩIЭПХЪАДЖАГЪЭМ ПЭЛЪЭЩЫНУР ЩIЭНЫГЪЭРЩ

 2005  гъэм  жэпуэгъуэм  и  I3-м  Налшык   къыщыхъуа  гузэвэгъуэр  ягу  къагъэкIыжу,  Кавказ  Ищхъэрэ  Ислъам  университетым   щызэхэтащ   къэралым  и  гъэзэщIакIуэ  IуэхущIапIэхэм  я  лIыкIуэхэр,  дин  лэжьакIуэхэр,  еджапIэм  и  студентхэр  щызэрихьэлIа  «Iэнэ  хъурей».  
    ЗэIущIэр  къызэIуихащ  Кавказ  Ищхьэрэ  Ислъам  университетым  и  ректор  Чочаев   Шарафутдин.  Илъэс I6  ипэкIэ КъБР-м  и  цIыхубэр зыIуплъа  гузэвэгъуэм  щхьэусыгъуэ  хуэхъуам,  щIалэгъуалэр  зыгъэщхьэрыуэну  зи  мурадхэм  къагъэщхьэпэ  Iэмалхэм  хуэбэлэрыгъын зэрыхуэмейм,  диным  и  къудамэ  пхэнжхэм димыхьэхын папщIэ, щIэныгъэ нэгъэса зэрызэрагъэгъуэтыпхъэм  тепсэлъыхьащ  Iэнэ  хъурейм къекIуэлIахэр.  ЗэIущIэм  хэтащ   КъБР-м  и  Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм  и  унафэщI,  муфтий  Дзасэжь Хьэзрэталий,  КъБР-м  экстремизмэмрэ  терроризмэмрэ  пэщIэтынымкIэ  и  министр  Къуэшрокъуэ Залым,  КъБР-м  Граждан  жылагъуэ  IуэхущIапIэхэм  ядэлэжьэнымрэ  лъэпкъ IуэхухэмкIэ  и  управленэм и унафэщI  КIурашын Анзор сымэ, журналистхэр, студентхэр.
    Зи  къалэн  зыхь  къулыкъущIэ  къудей  мыхъуу, адэ  гумащIэм  хуэдэу  гуапэу  университетым  и  еджакIуэхэмрэ  Iуэхум  кърихьэлIахэмрэ   захуигъэзащ    муфтий  Дзасэжь  Хьэзрэталий:
    - Си  къуэшхэ, си  шыпхъуэ! Ди  хьэщIэ лъапIэхэ! Си  гуми  си  псэми къыбгъэдэкIыу,  си  цIэкIи  Муслъымэн  IуэхущIапIэм  и  цIэкIи  ди  Iэнэ хъурейм   фыкъызогъэблагъэри,    «Сэлам  алейкум»   вжызоIэ!  Фыслагъуну  си  гуапэщ, ауэ, ди  жагъуэ зэрыхъущи, дызэхуэзышэса щхьэусыгъуэр  гуауэмрэ  гухэщIыгъуэмрэ  епхащ. Мыбдежым  щыс  щIалэ цIыкIухэр иджыри дунейм  фыкъытехьа къыщIэкIынтэкъым  нобэ  дигу къэдгъэкIыж,  2005 гъэм  жэпуэгъуэм  и I3-м  ди  нэгу щIэкIа   гузэвэгъуэр къыщыхъуам.   Алыхьталэм  солъэIу  апхуэдэ  гуауэ  зэи  фимыгъэлъагъуну.    Къэбэрдей-Балъкъэрым  и  къалащхьэ  Налшык  зауэ-банэм хэту  ирихьэкIащ жэпуэгъуэм  и  I3-I4 махуитIыр.  ЛIажьэ  зимыIэ  цIыху  пщIы  бжыгъэхэр  хэкIуэдащ  а  дунейкъутэжым, хэт  лэжьапIэм, хэт  еджапIэм, хэт  сабий IыгъыпIэм  кIуэуэ  гъуэгу тету. Ди  щIыналъэмрэ абы  щыпсэу  цIыхухэмрэ  къахъумэу,   къулыкъум  пэрыта  щIалэхэр хэкIуэдащ.  Сыт  нэхъри  нэхъ  хьэлъэу а Iуэхум  хэтыр  сыт  жыпIэмэ, ар  дэ  зетхьэ  ди  муслъымэн диным зэрепхарщ.
   Фэ  псоми фощIэ «терроризм» жыхуаIэ  щIэпхъаджагъэр   зы  динми, зы лъэпкъми  зэремыпхар.  Куэду  зеубгъу  а псалъэм и мыхьэнэм. ЦIыхур бгъэшынэн  къудейри  хеубыдэ  абы, ауэ  и нэхъ ткIийр – Iэщэ  къащтэу цIыху  щаукIырщ.   Мис  апхуэдэ  гузэвэгъуэ  ди  республикэми къыщыхъуауэ  щытащ.  
    А  махуитIым  екIуэкIам  и  Iэужьым  иджыри   илъэс  зыбжанэкIэ зэрыщIыналъэу  хэпсэукIащ,  цIыху  укIыныр  зэпымыууэ.  Апхуэдэущ дунейм  зэрехыжауэ  щытар  Алыхьым  гущIэгъу  къыхуищIыну  дызыхуэлъаIуэ  ди унафэщI, ди   республикэм  и  муфтий   ПщыхьэщIэ Iэнэс-хьэжы. Ар къыщыхъуар  20I0  гъэрщ. Ари  зыукIар  илъэситху  ипэкIэ  къэхъуа  гузэвэгъуэр  зэзыгъэпэщахэрт.  Дин  зезыхьи  зезымыхьи ягу къэкIакъым  апхуэдэ  леишхуэ   ди  щIыналъэм  къыщыхъуну. А махуитIыр ди тхыдэм ныбжь  фIыцIэ  телъу  хэтынущ.  
   Ягу  къагъэкIыж  Iуэхум   диныр   зэреплъым  щытепсэлъыхьым,  муфтийм  къытригъазэурэ   къыхигъэщащ  лей  зехьэным  и  бийуэ  къекIуэкI ислъамым  щIэпхъаджащIэхэм  ящIар   игъэзахуэу  зыри зэрыхэмытыр.
       - Дэ  шэч къытедмыхьэжу ди  фIэщ мэхъу дунейри  абы тет псори Алыхь Лъагэм къызэригъэщIар.  Дунейм  дызэрытетын  гъуазэуи  диIэр, япэрауэ, КъурIэн  лъапIэрщ, етIуанэу – Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам  и суннэрщ. Сыт-тIэ  КъурIэным къыджиIэр гъащIэм  теухуауэ?  «Лъы ищIэж, е лей  зезыхьэм  пэщIэува  мыхъумэ,  лажьэ зимыIэ  цIыху зыукIам дунейм цIыхуу тетыр иукIам  хуэдэщ. Зы цIыхупсэ къезыгъэлари  цIыхуу щыIэм я псэр  зыхъумам  хуэдэщ».
       «Сыт хуэдэ IэмалкIи  уи мурадыр  зэбгъэхъулIэн»  жыхуаIэм хуэдэ  хэткъым   муслъымэн диным.   Дэ  езы   Алыхьталэм  къалэн  къытщищIа  Iуэхугъуэхэри  зэдгъэхъулIэну  дызэрыхуитыр   хьэлэлу  къалъытэ   IэмалхэмкIэщ.  
       «Дэнэ деж фащыхуэзэми, фыукI», - жыхуаIэ  пычыгъуэр  къыхапхъуэтыкIауэ,  а  аятыр  зыхуэгъэзари, къыщIехари, къикI дыдэри ямыщIэу,  щIалэгъуалэр  ягъэщхьэрыуэ Iей  зигу илъхэм. Ауэ щыхъукIэ, КъурIэным нэгъуэщIыпIэ  деж  къыщокIуэ: «Уэ  умуслъымэнкъым  жыпIэу, зи  зэран къывэмыкI  цIыхум  фыпэщIэмыувэ», - жеIэри.  НэгъуэщI дин зэрызрихьэ  къудейм щхьэкIэ  зыгуэр  укIын  хуейуэ зыщIыпIэ  дежи  къыщыхэщыркъым  КъурIэнми   хьэдисхэми.  Ар акъыл дыдэми  къищтэркъым. Муслъымэныр Алыхьым  дыкъигъэщIауэ, адрейхэр  нэгъуэщI зыгуэрым  къигъэщIауэ жыпIэм  хуэдэщ  итIанэ.
   ЦIыхупсэм  апхуэдиз  мыхьэнэ  ирет КъурIэн лъапIэми, уеблэмэ  кхъуэлыр  ишхыну  хуит  ещI яукIын  гузэвэгъуэ  зытегуплIам  е нэгъуэщI ишхын  зимыIэм. Псэр  къригъэлын  папщIэ, хьэрэм  дыдэм ущригъэбакъуэ къыпхуохуэ.  Мамырыгъэм,  гуапагъэм, тэмакъкIыхьагъым  къыхуезыджэ диныр апхуэдэу  зэблэзышыфынур  мурад бзаджэ зиIэ, щIэныгъэ зыбгъэдэмылъырщ.  Ди зэманым щIэныгъэ къэплъыхъуэну  гугъукъым, узыщIэупщIэн  бгъуэтынущ.  Иджыпсту дызыщIэс  ди  университетри  дунейпсо мардэм  нэс  щIэныгъэ  къызыщIэпхыфын  еджапIэщ.
          Зэманым  щысхьу  зи псалъэр зыгъэкIэщIа    муфтийм  жиIахэм  пэджэжащ  министр  КIурашын  Анзор. «Езым  куэдыIуэ жиIауэ къыфIэщI щхьэкIэ, си дежкIэ зы  напIэзыпIэм хуэдэу  блэлъэтащ пщIэ зыхуэсщI Хьэзрэталий-хьэжы  и  къэпсэлъэныгъэр, – жиIащ  КIурашыным. – Сэ  абы жиIам  къыхэсхар  зыщ: къэралыр конституцэм къызэрихъумэм хуэдэ дыдэу, динри  КъурIэным къехъумэ. А гупсысэр апхуэдизкIэ  куущи, зыгуэр къыпысщэнуи  си  дзэ мэш».
   Гуапэу  щIалэгъуалэм  закъыхуигъэзащ  КъБР-м   экстремизмэмрэ терроризмэмрэ  пэщIэтынымкIэ    и  министр Къуэшрокъуэ  Залым.  Муфтийм и псалъэр диIыгъыу, абыи  къыхигъэщащ  фIы псоми щIэныгъэншагъэр зэран зэрыхуэхъур. «Фэ  фи  къалэн нэхъыщхьэр  мис  а «ислъам  щIэпхъаджагъэ» жыхуаIэ  псалъэ-зэпхар  вгъэкIуэдыжынырщ,  - жиIащ  министрым. - Сыту жыпIэмэ, нобэ псоми къагурыIуакIэщ ислъам диныр щIэпхъаджагъэм зыкIи зэремыпхар. Илъэс I6  ипэкIэ  къэхъуа гузэвэгъуэр  къызэрыхъуа  щIыкIэри, ар  зыгъэхьэзырахэри, абыхэм ядэIэпыкъуахари  нобэ утыкум  илъщ.  Ауэ  а зэманым елъытауэ, нобэ ди къэралым зэрызихъумэж, тIасхъэщIэх  Iуэхухэр  зэрыригъэкIуэкI Iэмалхэр куэдкIэ нэхъыбэ  хъуащ.  Мыдрейуэ, Налшык  хуэдэ  щIыпIэ жыжьэм къыщыхъуа щхьэкIэ, псори  зи  унафэ щIэта  Басаев Щамил зыпыщIа унафэщIхэр  Бен Ладен  деж  носыж. А  Бен  Ладеныр  езыр Америкэм илъэс бжыгъэкIэ щеджащ. Аркъудейм  къыбгурегъаIуэ жьыр къыздриху лъэныкъуэр».
    Къуэшрокъуэ Залым  щIалэгъуалэм чэнджэщ яритащ  иджыблагъэ утыку кърахьа, Налшык  къытеуахэм  яхэтахэм  язым  зыкъыщиумысыж  «ЩIэпхъаджащIэм  и  тобэ» («Исповедь террориста»)  нэтыным еплъыну. Апхуэдэ  дыдэу щхьэпэу  министрым  къилъытащ  махуэ зыбжанэ ипэкIэ  Урысейм  и  Президент Путин Владимир   CNBS  телеканалым ирита интервьюри.  Абы  щIэдэIуну щIалэгъуалэр  къыхуриджащ.
    «Сыт  щIэн   хуейр  щIэпхъаджагъэр   нэхъ  мащIэ  хъун  щхьэкIэ?» - захуигъэзащ  еджакIуэ  щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ   КъБР-м  Граждан  жылагъуэ  IуэхущIапIэхэм   ядэлэжьэнымрэ  лъэпкъ  IуэхухэмкIэ  и  управленэм  и  унафэщIым  и  къуэдзэ  Гергоков  Жамболэт.  Хэт  Интернетыр  гъэмэщIэн   хуейуэ,  хэт  щIэныгъэм  хэгъэхъуэн  хуейуэ, жиIэу, щIалэгъуалэр  нэхъыжьхэми  яфIэлIыкIыу,  жаIэни  зэраIэр  наIуэу,   псалъэмакъым  къыхэуващ.  ЗэIущIэм  и  кIэух  дахэ  хуэхъуащ  муслъымэн  еджапIэм  къыщыIуа   азэныр.  
                                            

 

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.