Жылагъуэм нэхъ псынщIэу хэзэгъэжын папщIэ

«КъБР-1» телеканалым и корреспондентхэр иджыблагъэ щыIащ Урысейм и ФСИН-м Къэбэрдей-­Балъкъэрым щиIэ Управленэм хабзэм ебэкъуахэм тралъхьа тезырхэр щрагъэпшыныж и колоние №3-м.
Тутнакъхэр IэнатIэкIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэм щыгъуазэ защIащ журналистхэм. Абыхэм зыщаплъыхьащ зи тезырыр зыпшы­ныжхэр щагъэлажьэ цеххэм. Псалъэм папщIэ, щыIащ IэнатIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм щылажьэхэм я IэщIагъэм епхауэ ящыгъын хуей фащэ хэхахэр щадым, тутнакъэщым исхэм папщIэ вакъэ щащI къудамэхэм. ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэм апхуэдэуи зрагъэлъэ­гъуащ тутнакъхэм унэлъащIэхэр зэ­ра­щIри. Журналистхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ тезырыр зыпшыныжхэм я IэпщIэлъапщIагъэр. Псом хуэмыдэу ахэр хуэIэзэу къыщIэкIащ гъущIыр зэпыгъэвэным, саугъэт пщIы хъуну цIыкIуфэкIухэр, шахмат, нард зэ­рыджэгу Iэмэпсымэхэр щIыным. Журналистхэр а IэнатIэм щылажьэ тутнакъхэм епсэлъащ, я Iуэху зытетым, дэзыхьэххэм щIэупщIащ.
Телевиденэм и лэжьакIуэхэм теп­лъэгъуэхэр щытрахым ящIыгъуащ Урысей ФСИН-м КъБР-м щиIэ Управ­ленэм и ИК-3-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Шорэ Замиррэ а IуэхущIапIэм и унафэ-щIым и къуэдзэ Болатов Кемранрэ. Абыхэм журналистхэр щыгъуазэ ящIащ я лэжьэкIэми, IэнатIэм къы­щыщIагъэкI продукцэ лIэужьыгъуэхэми. Абдеж къызэрыщыхагъэщащи, къатехуа щIыхуэхэр суд унафэкIэ тутнакъхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ япшы­ныжым и закъуэкъым, атIэ ахэр я унагъуэхэми Iыхьлыхэми зэрахузэ­фIэкIкIэ ядоIэпыкъу, къалэжьа ахъ­шэм щыщ Iыхьэ хуагъэхьурэ.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ лэжьапIэ IэнатIэхэм къыхагъэхъуэным, тутнакъ нэхъыбэм лэжьэну Iэмал яIэн папщIэ. Судым къищта унафэкIэ къытралъ­хьауэ щхьэхуимыту щаIыгъ пIалъэр иухрэ тутнакъэщым икIыжмэ, цIыхур жылагъуэм нэхъ псынщIэу хэзэгъэжынымкIэ, а фIэкIа хабзэр къы- зэпимыудыным хуэгъэIущынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ апхуэдэ Iуэху къызэгъэпэщыкIэм.

ЗЭБАР Мадинэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.