КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэ зыбжанэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ мэкъумэшхэкIхэм елэжь промышленностымрэ я ­лэжьакIуэхэм я махуэм и пэ къихуэу щыIащ щIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэ зыбжанэм. КъБР-м и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ КъБР-м и Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Джэрпэджэж къуажэм щы­Iэ, мэкъумэшхэкIхэм елэжь «Шэрэдж ерыскъыхэкIхэр» кооперативым и Iуэху зытетым. Кооперативым хэтщ щхьэзакъуэ хьэрычэ­ты­щIэхэр, мэкъумэш-фермер IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэр.
2018 гъэм а IуэхущIапIэм гранту сом мелуани 7,168-рэ къыхуагъэфэщауэ щытащ я материально-техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным трагъэкIуэдэн папщIэ.
Мы зэманым «Шэрэдж ерыскъыхэкIхэр» кооперативым и лэжьапIэ IэнатIэхэр ирегъэфIакIуэ, шэм ще­лэ­жьыну щIыпIэ иутIыпщын мурадкIэ. Абы папщIэ IуэхущIапIэм и унэр, метр зэб­гъузэнатIэ 370-рэ хъур, зэ­рагъэпэщыжащ, апхуэдэуи зы жэщ-махуэм къриубыдэу шэ тонни 10-м щелэжьы­фын папщIэ зыхуеину оборудованэхэр къащэхуащ. Мы зэманым ар егъэжьэ­ным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI, Iэмэпсымэхэр зэтраухуэ. Шэм щелэжьыну линэр мы илъэсым и кIэм ирихьэлIэу лажьэу яу­тIып­щынущ. Кооперативым и мурадхэм щыщщ илъэсым гъэшхэкIыу тонн 3,650-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ къы­щIагъэкIыу лэжьыгъэр зэт­рау­хуэныр.
КIуэкIуэ Казбек а махуэ дыдэм щыIащ «Шэрэдж ­гибрид» IуэхущIапIэм, ­КъБР-м и Аруан щIыналъэм хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэ ­къуажэм щыIэм. А IуэхущIапIэр тегъэпсыхьащ гъавапхъэ, дагъэ къызыщIаху къэ­кIыгъэхэр хэсэным. Абы и мэкъумэш щIапIэхэм гектар 275-рэ яубыд. КърахьэлIэж гъавэр гъунэгъу щIыналъэ­хэм хурагъашэ, уеблэмэ ­хамэ къэралхэми иращэ. 2018, 2019 гъэхэм мы мэкъу­мэш IуэхущIапIэм зыщIагъэкъуауэ щытащ я лэжьыгъэр тэмэму зэтраухуэнымкIэ.
Мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь псоми я процент 56,5-р къэкIыгъэхэм, процент 43,5-рэ Iэщ гъэхъун ­IэнатIэм яхуозэ.
Дызэрыт илъэсым и щIышылэ - шыщхьэуIу ма­зэхэм, 2019 гъэм и апхуэ­- дэ лъэ­хъэнэм елъытауэ, мэкъу­мэш IэнатIэм къыщалэжьар проценти 103,7-рэ, былымылрэ джэдкъазылу - проценти 102,2-рэ, гъэшу къашар проценти 104,6-рэ мэхъу. ДжэдыкIэу кърахым проценти 2,6-кIэ щIрагъэ­гъуащ икIи мелуани 137,7-рэ хъуащ. ФокIадэм и 1-м ирихьэлIэу хэхъуащ Iэщышхуэм и бжыгъэми.
Республикэм езым зыкъызэрегъэпэщыж пхъэ­щхьэ­мыщхьэ-мэра­кIуэ­хэкI­хэмкIэ, хадэхэкIхэмкIэ, кIэртIофымкIэ, лымкIэ, шэмкIэ, джэдыкIэмкIэ.
Иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Урысейм бжьыпэр щиIыгъщ псын­щIэу къызыпыкIэ жыг хадэхэм зегъэужьынымкIэ.
ЩIыналъэм илъэс куэд хъуауэ щагъэкIхэм къа­дэкIуэу, хадэгъэкIхэм лIэу­жьы­гъуэщIэхэми я пIалъэ зрагъащIэ, псалъэм пап­щIэ, шыгъулдыкъащхъуэр (голубикэ) гъэкIынми яужь ихьащ. Ар гектар 56,5-м ­щыхасащ икIи хъер хъар­зынэ ­къитащ. Дызэрыт илъэ­сым абы и лIэужьы­гъуэ гуэрхэм гектарым хуэзэу центнери 160-р къыпачащ.
Республикэр къэралым зэрыщыцIэрыIуэхэм ящыщщ нартыху гибрид жылапхъэхэр гъэкIыныр.
2019 гъэм апхуэдэу кърахьэлIащ тонн мин 15, абы щыщу тонн мин 11-р республикэм ирашащ, тонн 400-р хамэ къэралым иращэу. Жылапхъэр сертификацэм кIуэцIрыкIащ икIи щыIэ мардэхэм йозагъэ. Дызэрыт илъэсым нартыху гибрид жылапхъэу тонн мин 15-м щIыгъу кърахьэлIэну мэгугъэ.
КъимыдэкIэ, цIыхухэр бжьы­хьэ-щIымахуэ лъэхъэ­нэм фIагъ лъагэ зиIэ пхъэ­щхьэ­мыщхьэхэмкIэ, хадэ­хэкI­хэмкIэ къызэгъэпэща хъун папщIэ республикэм щолажьэ а ерыскъыпхъэ­-хэр зыщIалъхьэ хъумапIэу 31-рэ, псоми зэхэту зэуэ тонн мин 210-рэ щIэхуэу. 2020 гъэм и кIэ пщIондэ пхъэ­щхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэу иджыри 8 лажьэу яутIыпщыну я мурадщ. Абыхэм щIэхуэнущ тонн мин ­35-рэ хуэдиз.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф