Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм Курп лъагапIэхэм тет фэеплъым деж удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ

Кавказым теухуа Зауэшхуэм советыдзэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр щызэхакъута махуэм и щIыхькIэ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэм - советыдзэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр щызэхакъута махуэм - Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ Курп лъагапIэхэм тет фэеплъым деж.
Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м и къэрал властым и органхэм я лIы­кIуэхэр, республикэм и хабзэхъумэ органхэм, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ совет сэлэтхэм я лIыхъужьыгъэм и щIыхькIэ мы щIыпIэм деж цIыхубэм я дзэ-тхыдэ мемориальнэ комплекс къыщызэIухыным теухуа лъэIухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм къабгъэдэкIыу мызэ-мытIэу къазэ­рыIэрыхьар. Унафэ къащтащ Кавказым папщIэ екIуэкIа Зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу апхуэдэ фэеплъ къызэIухы­ным теухуауэ.
КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Прави­тельствэм пщэрылъ щищIащ дзэ-тхыдэ комплексым и проектыр ягъэхьэзырыну икIи ар гъэзэщIэным хуэгъэза Iуэхухэр къыхилъхьэну.
Гу зылъытапхъэ: 317-нэ фочауэ дивизэм и зауэлIхэм Курп лъагапIэхэм зыщагъэбыдэри, ар яIыгъащ махуи 100-м щIигъукIэ. А зауэм хэкIуэдащ совет сэлэт миниблым щIигъу. Фэ­еплъыр хуагъэуващ Дзэ Плъыжьым и сэлэтхэу Хэкур хъумэным зи гъащIэхэр щIэзытахэм.
2020 гъэм и бадзэуэгъуэм УФ-м и Къэрал Думэм и зэIущIэм унафэ къыщащтащ жэпуэгъуэм и 9-р Дзэ щIыхьым и махуэщIэу гъэувыным теухуауэ - 1943 гъэм советыдзэхэм нэ­мыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр Кав­казым папщIэ ирагъэкIуэкIа ­Зауэ­шхуэм зэрыщызэхакъутам и щIыхькIэ.
Кавказым папщIэ екIуэкIа Зауэ­шхуэр Хэку зауэшхуэм и тхыдэм хыхьащ нэхъ лъыгъажэ дыдэу икIи кIыхьу щытахэм ящыщ зыуэ. Ар махуэ 442-кIэ екIуэкIащ (1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 9 пщIондэ) икIи мыхьэнэшхуэ иIащ Хэку зауэшхуэм ди дзэхэр щебгъэрыкIуэу хуежьэнымкIэ. 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къриубыдэу махуэ 900-кIэ Ленинград деж зэрызыщахъумэжам и ужькIэ Кавказым папщIэ ирагъэкIуэкIа Зауэшхуэрщ нэхъ кIыхь дыдэу щытар.
Кавказым папщIэ ирагъэкIуэкIа зауэзэрылIыр 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м ди дзэхэм я текIуэныгъэкIэ иухащ икIи Хэку зауэшхуэ псом дежкIэ по­литикэ икIи стратегие мыхьэнэшхуэ иIащ.
Советыдзэхэр щебгъэрыкIуэм зауэурэ километр 800 гъуэгуанэр зэпачащ, километр зэбгъузэнатIэ мин 200 хъу щIыналъэ хуит къащIыжащ. КъимыдэкIэ, нэмыцэдзэм щыщ сэлэтрэ офицеру мин 281-м нэблагъэ яукIащ, гитлерыдзэм щыщ минихым щIигъу гъэр къащIат.
Кавказым папщIэ ирагъэкIуэкIа Зауэшхуэр урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэхэм зэрыхагъэхьам и фIыгъэкIэ а тхыдэ къэхъукъащIэр Урысей Федерацэм къихъуэну щIэблэхэм ящымыгъупщэным лъабжьэ иIэ хъуащ икIи Кавказым ис лъэпкъхэу зи лIыкIуэхэр я зэхуэдэ бийм пэщIэтахэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хуэщхьэпэнущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф