Мы лъэхъэнэм дэнэкIи щагъэлъапIэ ЕгъэджакIуэм и махуэр. Я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ егъэджакIуэхэм йохъуэхъу я нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр. Я унэтIакIуэхэр ящыгъупщэркъым курыт школхэр нэхъапэIуэкIэ къэзыухахэми. Абы и щапхъэщ Налшык и зыгъэпсэхупIэ паркым тхьэмахуэ махуэм щыIа зэхуэзэр.
Урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым (ОНФ) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт щIалэгъуалэр я егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ, тыгъэ гуапэхэри хуащIащ. Абыхэм паркым ирагъэблэгъащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм илъэс 30-м щIигъуауэ пэрыт, курыт школхэм физкультурэр щезыгъэдж нэхъыжьыфIхэр. ШколакIуэхэмрэ школыр нэхъапэIуэкIэ къэзыуха зи щIалэгъуэхэмрэ хьэуа къабзэм къыщызэрагъэпэщащ дерс зэIуха, я егъэджакIуэхэм далъэгъуа Iуэху зехьэкIэм тету. Дерсым хиубыдахэм ящыщщ илъэс 30-кIэ школым щылэжьа я егъэджакIуэхэм папщIэ 30-рэ етIысэхыныр, дэлъеиныр, нэгъуэщIхэри.
Я егъэджакIуэхэм фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ ныбжьыщIэхэм, узыншэу иджыри куэдрэ лэжьэну яхуэупсэу.
-ФизкультурэмкIэ дерсхэм гулъытэшхуэ щыхуэдмыщIаи къэхъуагъэнущ дыщысабийм щыгъуэ, арщхьэкIэ иджыпсту дыщIохъуэпс апхуэдэ дакъикъэхэм икIи зэ- ман зэрыдиIэу, ди узыншагъэр зэредгъэфIэкIуэным дыхущIокъу, - жиIащ Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэм ящыщ Мэкъуауэ Ислъам. - Физкультурэмрэ спортымрэ фIыуэ дэзыгъэлъэгъуа ди егъэджакIуэфIхэм фIыщIэ ин фхудощI щIэблэм ядевгъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэм папщIэ. Фи гъэсэнхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэм фи гур дыхэхъуэу куэдрэ Тхьэм фигъэлажьэ.
НыбжьыщIэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ гуапагъэ яку дэлъу зыгъэпсэхугъуэ зэманыр ягъэкIуащ. Iуэхум и кIэухыу фэеплъ сурэтхэри зытрагъэхащ.