«ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я БЫНХЭР» ПЭХУЭЩIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэ­джэныгъэ IэнатIэм и Iэ­щIагъэлIи 150-м я зэфIэкIым ­хагъэхъуащ «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектым (пэхуэщIэм)  къриубы­дэу. IэщIагъэлIхэр хуеджащ щы­тыкIэ гугъум ихуа, зи адэр зауэм щыIэ сабийхэм, унагъуэ­хэм зэрадэлэжьапхъэ щIы­кIэ­хэм. Ахэр зи къалэн нэхъыщхьэ зэхуэс ин махуищкIэ ще­кIуэкIащ Псыхуабэ къалэм дэт «Мэшыкъуэ» егъэджэныгъэ центрым. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэт КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, «Мэшыкъуэ» цент­рыр, «Iуащхьэмахуэ» универ­ситет зэгуэтыр. 

Егъэджэныгъэ курсхэм хэтащ ди республикэм хыхьэ щIы­пIэ IэнатIэ псоми я лIыкIуэхэр. Ахэр зэпэщхьэхуэуи гуп-гупуи ­зэ­дэ­лэжьащ, я зэфIэкIхэмкIэ зэдэгуэшащ, сабийхэм яхуэгъэпса проект пашэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэу школым, щIыпIэм, щIыналъэ псом тещIыхьахэр ­утыку ирахьащ. 
«Мэшыкъуэ» къыщызэрагъэ­пэща Iуэхухэм хэтахэм псалъэ гуа­пэкIэ захуигъэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Абыхэм папщIэ лекцэ купщIафIэхэм­ къеджащ егъэджакIуэ, гъэсакIуэ цIэрыIуэхэр, семинар хьэлэмэтхэр ирагъэкIуэкIащ федеральнэ эксперт зыбжанэм. 
Фигу  къэдгъэкIыжынщи, «ЛIы­­­хъужьхэм я бынхэр» республикэ проектыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек къыхилъхьауэ ди республикэм щолажьэ. Ар бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэмкIэ щIэгъэбыдащи, а щIыкIэм тету къахутэ икIи къапщытэ щы­тыкIэ гугъум ихуа сабийхэр мылъкукIэ къызэрызэгъэпэщамрэ псэ­­рэ псантхуэкIэ яIэ щыты­кIэм­рэ. Проектыр мэ­лажьэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым епхауэ. Абы арэзы техъуащ икIи къадоIэ­пыкъу УФ-м и Президентым и нэ-Iэм щIэту лажьэ, Сабийм и ­хуитыныгъэхэмкIэ уполно­мо­чен­нэ Львовэ-Беловэ Марие.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф