ХУХАХА ЗЭМАНЫР НИМЫГЪЭСУ

Урысей Федерацэм каратэ-­киокушинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыб­лагъэ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 45-м я спортсмену минитIым щIигъу.

Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъу­мэу зэпеуэм хэта Жэмбей Астемыр килограмм 75-рэ хъу гупым я деж япэ увыпIэр къы­щихьащ. Ди щIалэм иригъэкIуэкIа зэIущIищым щыщу тIум, и хьэрхуэрэгъухэм куэдкIэ ефIэкIыу, абыхэм хухаха ­зэманыр и кIэм нимыгъэсу, щытекIуащ. 
Зэхьэзэхуэ зыхэтам кърикIуэу Жэмбей Астемыр УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр къыфIащащ икIи каратэ-киокушинкаймкIэ мы гъэм екIуэкIыну дунейпсо чемпионатым хэтыну Iэмал игъуэтащ. 
ЩIалэр зыгъасэр КIэш Даутрэ Биткаш Давидрэщ. 

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр