ТРЕНЕР ЦIЭРЫIУЭМ И ФЭЕПЛЪУ

Мэзкуу къалэм и «Измайлово» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Премильский Феликс и фэеплъу щыта урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и бэнакIуэу 90-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм хэта Бещто Мухьэмэд килограмм 74-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж дыжьын медаль къыщихьащ. КIэух зэхьэзэхуэм ди щIалэм къыщыпэщIэтащ Ингушым и бэнакIуэ Сурхоев Магомед икIи, зэпеуэр зэрекIуэкI щIыкIэм щхьэкIэ Бещтом къыхуащIа дагъуэхэм къыхэкIыу, 0:2-уэ и хьэрхуэрэгъур къытекIуауэ къалъытащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи ди бэнакIуэ щIалэр етIуанэ хъуащ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Премильский Феликс дуней псом щыцIэрыIуэ тренеру, къызэгъэпэщакIуэу, спорт комментатору щытащ. Абы и гъэсэнхэм яхэтщ СССР-мрэ Урысеймрэ спортымкIэ я мастеру 100-м щIигъу, дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру 6, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастеру 2 – Абдул-Муслимов Мусанрэ Мыцык Александррэ. Къэзахъстанымрэ Урысеймрэ щIыхь зиIэ я тренеру 11 абы и гъэсэнхэм къахэкIащ, Онопкэ Валерий СССР-м щIыхь зиIэ и тренер цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Премильскэм и деж зыщагъэсащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIауэ бэнакIуэ 75-м щIигъу. СССР-м япэу къыщызэригъэпэщащ бэнэкIэ хуитымкIэ цIыхубзхэм я командэ. Абыхэм яхэтащ дуней псом плIэнейрэ я чемпион хъуа Егошинэ Еленэ. Премильскэм и фIыгъэкIэ япэу ди къэралым бзылъхугъэ-рефери иIэ хъуащ, Олимп джэгухэм щылэжьэну хуиту. Ар Арустамян Норвардщ.
Премильский Феликс 1980 гъэм щегъэжьауэ спорт комментатору щытащ. Ар тепсэлъыхьырт бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Олимп джэгухэр, дунейпсо, европей, урысей чемпионатхэр зэрекIуэкIым икIи нэхъыжьхэм нобэми ящIэж абы и макъыр. 

 

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф