НЭХЪЫФIИПЩIЫМ ДЫХОХЬЭ

Урысейм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхыхьащ псэупIэу яухуэм и куэдагъымкIэ УФ-м зи Iуэху щынэхъыфIу къалъытэ щIыналъипщIым.

Иджыпсту щыIэ бжыгъэхэр процент 57-кIэ нэхъыбэщ, илъэс кIуам и апхуэдэ зэманым ирихьэлIэу щыIахэм елъытауэ икIи абы сом мелуан 572,4-рэ хуэзащ. Урысейм ухуэныгъэ IэнатIэм щылажьэхэм я зэфIэкIым щIышылэм ику иту зэрыщыхэхъуар проценти 10,9-рэщ, е сом мелард 731,9-рэщ.

Экономикэм нэхъ зезыгъэужьхэм, хэхъуэ къэзытхэм, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщхэм, абыхэм я псэукIэр езыгъэфIакIуэхэм яхохьэ ухуэныгъэр.

Урысей Федерацэм и Правительствэм зэпымыууэ зыщIегъакъуэ а IэнатIэм - субсидиехэмкIэ, худэчых зыхэлъ налогхэмкIэ, инвестицэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи.

Гугъэ щыIэщ ухуэныгъэ IэнатIэм иужьрей илъэсхэм игъуэта зыужьыныгъэм 2024 гъэми адэкIэ къыпащэну, щIагъэхуэбжьэну, абы экономикэм хэлъхьэныгъэфI хуищIыну.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.