ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым

Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр «адыгэкIэ» зэджэжу Урысейм и кавказ республикэ зыбжанэм (Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм), Уэсмэн пащты­хьы-­гъуэм хыхьэу щыта къэ­ралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъэпкъ ныпщ икIи Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ. 

Адыгэ ныпыр щэкI удзы­фэ зэпэплIимэу щIащ, ва­гъуэ дыщафэ пщыкIутIрэ зи пэхэр дэгъэзеяуэ зэблэдза шабзэ дыщафэу щырэ тету. 
Вагъуэ дыщафэ пщыкIу­тIым адыгэ лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къагъэлъагъуэ: къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр, кIэмыргуейхэр, беслъэнейхэр, шапсыгъхэр, бжьэ­дыгъу-­хэр, абазэхэхэр, жанейхэр, мэмхэгъхэр, мэхъуэшхэр, хьэтыкъуейхэр, убыххэр. 
Адыгэ ныпым и тхыдэр ­инджылыз дипломат, тха­кIуэ, Инджылызым и лIы­кIуэхэм я IуэхущIапIэу Константинополь дэтам и секретарь (1805 - 1877 гъгъ.) Урк­варт Дэвид накъыгъэм и 23-м 1838 гъэм Шотландием и Глазго къалэм къызэры­щыпсэлъам къыхощыж. Абы къипсэлъа псори Лондон къалэм 1863 гъэм Шэрджэс Комитетым къыщы­тригъэдзауэ щытащ.
2018 гъэм и гъэмахуэм а зи гугъу сщIа тхыгъэ дыдэр Лондон къалэм дэт Британие библиотекэм си нэкIэ щызэзгъэлъагъуну, сыкъыщеджэну къызэхъулIащ.
Тхыгъэм Уркварт шэрджэс лъэпкъыр «щауэхэм я къе­кIуагъ», «пщащэхэм я щIы­кIафIагъ» псалъэхэмкIэ ­игъэбелджылыуэ икIи Шэрджэсыр поэзием и щIыналъэу, урыс пщыдзэхэм нэхъыбэу шэрджэс зауэлIхэм  я шыфэлIыфэхэмрэ я зэ­фIэкIхэмрэ папщIэ пщIэ къыхуащIу къыхегъэщ. 
Абы зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэу шэрджэс лъэпкъыр нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхун мурад иIэу, и закъуэрэ Iэщэншэу ар абыхэм я щIым щытеувам, гузавэрт икIи егупсысырт: «Е сызыхуейр къы­зэхъулIэнщ, е ар зэз­гъэхъу­лIэну сыхущIэкъуурэ сылIэнщ».
ГъэщIэгъуэнщ абы адэкIэ и гупсысэхэм зэрызахъуэжар: «ПсалъэкIэ къыпхуэIуэ­тэнукъым мы цIыхухэм си гур зэратхьэкъуар, абыхэм япыщIа сызэрыхъуар», - зыкъеумыс Уркварт икIи мы­пхуэдэ упщIэ и щхьэм къыщоуш: дауэ зи бжыгъэр апхуэдэу мащIэ (мелуанищ - мелуаниплI а зэманым) шэрджэсхэм я илъэс ми­нитху тхыдэм къриубыдэу я щхьэхуитыныгъэр зэра­хъумэжыфар, хамэ къарухэм зэрапэщIэтыфар? 
А упщIэм и жэуапыр абы къыщегъуэт шэрджэсхэм я гъэсэныгъэм, цIыху къэс мыхьэнэ щхьэхуэ зэраIэм, щхьэзакъуэ къарумрэ зэ­фIэ­кIымрэ гулъытэ зэры­хуэщIыпхъэм, абыхэм къы­дэкIуэтей щIэблэр зэры­хуагъасэм. 
Апхуэдэу Уркварт гу зэ­рылъитащи, шэрджэсхэм я дежкIэ сабийр лъэпкъ псом ейщ икIи абы хьэлу хэлъынухэр, къехъулIэну фIы­гъуэхэр псоми я зэхуэдэ Iуэхущ, къызыхэкIа лъэп­къыр ар акъыл жан, шыIэныгъэ зыхэлъ, бэшэч, Iэрыхуэ хъуным хущIокъу. Шэрджэсхэм я хьэл-щэнхэм, я гъэсэныгъэм зэритхьэкъуам тепсэлъыхьурэ, ар мыпхуэдэ гупсысэм хуокIуэ: «ЦIыхуу дунейм тетым щхьэкIэ сэбэпынагъ зыхэлъ Iуэху­гъуэ щхьэхуэхэр Кавказ ­щIыналъэм къыщыбгъуэ­тыфынущ».
Уркварт зэрыжиIэмкIэ, шэр­джэсхэм я лъэпкъ зэхэ­щIыкIым, я щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэм зригъэужьын папщIэ абы лъэпкъыр зэ­къуэт зыщIын дамыгъэ, нып е нэщэнэ гуэр къахуигупсысыну мурад ищIащ.
Апхуэдэу къыхэлъхьа хъуа ныпым и фэр абы удзыфэу къыхихащ: «Сэ къыхэсхащ абыхэм я бгыхэр зыхуапэ икIи я диныр къэзыгъэлъагъуэ плъыфэр. Абы сэ тесщIыхьащ вагъуэхэу зэхэт, тажыр зи къэухь шабзэ зэблэдзахэр, жэщ зыгъэ­псэхугъуэм деж я хуитыныгъэр къэзыгъэщIа Тхьэм и зэфIэкIхэмрэ уафэгум и щIы­хьымрэ ирагъэпщэн хуэ­дэу».
Шэч хэлъкъым Уркварт Дэвид политикэ мурадхэри зэриIам. А зэманым шэрджэсхэм я Iуэху еплъыкIэр, я щытыкIэр, абыхэм я къэкIуэнур Урысей, Уэсмэн, Инджылыз къэралыгъуэшхуэ­хэм куэдкIэ зэрелъытар абы щIыфIэгъэщIэгъуэну щытари нэрылъагъущ. Тхыдэ и лъэныкъуэкIэ адыгэхэм деж­кIэ мыхьэнэшхуэ зиIа а зэманым къигъэува къалэнхэм хэкIыпIэ къыхуалъы­хъуэу­рэ, езыхэм я щхьэ Iуэху зезыхуэж хамэ къарухэри хэлэжьыхьурэ, унафэ мы­тыншхэр, зэхэзэрыхьахэр, ауэ щыхъукIэ лъэпкъ псом и къэкIуэнур адэкIэ зыубзы­хуахэр къащтауэ щытащ. Ауэ дапхуэдэу хъуми, Урк­варт Дэвид шэрджэсхэм ятеухуауэ жиIа псалъэхэр, лъэпкъ дамыгъэу нобэ къагъэсэбэп ныпым и тхыдэм хуиIэ хэлъхьэныгъэр икъукIэ гъэщIэгъуэнщ, псом хуэ­мы­дэу адыгэ ныпым и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэ­лIэу. 

Мэремыкъуэ Эллеонорэ,
филологие
щIэныгъэхэмкIэ кандидат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.

13.06.2026 - 09:03

Университетым фыщIэтIысхьэну зывгъэхьэзырамэ

Мыгувэу щIидзэнущ 2026 гъэм Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым абитуриентхэр къыщригъэблагъэ кампанием.

12.06.2026 - 09:03

Хуитыныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэхуэдэм деж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ еты­ным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэ­

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.