МэзгъэфIэнхэм я лъэ макъ

ЩIыуэпсым щхьэхуэу яхъумэ и щIы­пIэхэм (ООПТ-хэр - Особо охраняемые природные территории) гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ирагъэкIуэкI «МэзгъэфIэнхэм я лъэ макъ» («Марш парков») Iуэхугъуэхэр мы гъэм мэлыжьыхьым и 20-м щыщIэ­дзауэ и 26 пщIондэ ЩIы хъурейм тет къэ­ралхэм ящыщу 200-м щIи­гъум щокIуэкI.

Зи гугъу тщIы махуэхэм къриубыдэу, мэзгъэфIэнхэмрэ паркхэмрэ цIыхухэр щы­зэхуашэс, жыгыщIэхэр щагъэтIыс, кIэрыху­бжьэрыхухэр щызэхуахьэс, псынащхьэхэр щагъэкъабзэ, пресс-конференцхэр къыщы­зэрагъэпэщ. А Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр, сыт хуэдэ хэку емыхьэлIами, зыхуэкIуэжыр зыщ: властыр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, ЩIым цIыхуу тетыр «ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIы­пIэхэм» гулъытэ хэхауэ зэрыхуэщIыпхъэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрыхуэсакъыпхъэм къыхуеджэнырщ, я гупсысэр тешэ­нырщ, щIыпIэ пхыдзахэр зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр, къэкIыгъэхэр щытыкIэ гугъу зэриувам жылагъуэр щыгъэгъуэ­зэнырщ, щIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм къытщIэхъуэ щIэблэр хуэущиинырщ.
«МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» зыфIаща япэ щIыхьэхур 1990 гъэм США-м щызэхашат. Илъэс бжыгъэ дэкIри, 1995 гъэм «Лъэпкъ паркхэмрэ мэзкъуэдыхэмрэ» я ­махуэхэри къэунэхуащ. 
Урысей Федерацэм «МэзгъэфIэнхэм я  лъэ макъыр» къыщысар 1996 гъэращ, «ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсыр хъу­мэ­нымкIэ центр» псапащIэ фондым и ­жэр­­­дэм­кIэ. Иджы ар ди кэралым щы­зэ­дагъэ­лъапIэ ЩIыуэпсым хэхауэ яхъу­мэ и щIы­пIэхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъы­плъынымкIэ и IуэхущIапIэм («Рос­природ­надзор»), ЩIыпIэ пхыдзахэмрэ абы­хэм щыпсэу псэущхьэхэр хъумэнымкIэ ­центрым, зэрыщыту къатщтэмэ, жыла­гъуэм.
Мы зэманым УФ-м «ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу» 100-м щIигъу иIэщ. Абыхэм я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосфернэ хъумалъэу къалъытэ икIи дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъэщхэм хабжэ. 
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр зэтеIыгъэнымкIэ цIыхум я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэр - езы щIыуэпсым хэгъэщхьэхукIа и экосистемэхэрщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, пкъынэ-пкъынэу щызэрыубыда и Iыхьэ­шхуэхэрщ. 
Аращ, ООН-м и жэрдэмкIэ, 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ 2030 гъэм нэсыху къриубыдэ илъэсипщIыр экосистемэхэр (мэзхэри, губгъуэхэри, псыпцIэхэри хэту) зэтегъэувэжыным щIыхухахар.
КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.