ДЫДЕЙХЭР ХУЭМЫХУАКЪЫМ

Илъэс 17 нэхърэ мынэхъыжьхэм атлетикэ псын­щIэмкIэ я урысейпсо кадет зэхьэзэхуэ Смоленск къалэ щекIуэкIащ. Ахэр щхьэхуэ-щхьэхуэу лIэужьыгъуитIкIэ, щыкIэ, плIыкIэ зэпеуахэщ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 17-м къикIауэ спортсмен 300-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Смоленск ныбжьыщIэ 15 щыIащ.  Зыхэта гупым, лIэужьыгъуищкIэ зэпеуахэм, ещанэ щыхъуащ Кубаев Сабир. Иджы ар Урысейм и командэ нэхъыщхьэм хэту кIуэ­нущ мэкъуауэгъуэ мазэм къэрал зэмы­лIэу­жьы­гъуэхэм я гупхэм я зэхьэзэхуэ Белоруссием ще­кIуэкIынум.
Мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ Бахъсэнёнкэ къуа­жэм зэхьэзэхуэ щызэхэтащ «Спортыр наркотикхэм я бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту. Ар фэ­еплъ хуащIащ Джатокъуэхэ Амир, Виталий, Марат, МамыкIэ Тимур сымэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым спортымкIэ и еджапIэхэм я гъэсэнхэу ныбжьыщIэ 60-м щIигъу.
 Зыхэта зэхьэзэхуэ лIэужьыгъуэхэм тещIыхьауэ япэ увыпIэр къахьащ Наурыз Хьэзрэт, Шакъ Залинэ, Реут Глеб, Евко Алисэ, Къущхьэкъан Каринэ, Уэзрокъуэ Роман, Неустроев Тимур сымэ. 
ЕтIуанэ увыпIэр къалъысащ Хамэ Iэдэм, Неуст­р­оев Тимур, Таптунов Богдан, Зикевский Максим, Ц­илюрик Ангелинэ, Камиловэ Джамиля сы­мэ. Ещанэр - Ляшко Никитэ, Ульбашевэ Миленэ, Лиманский Руслан, ГъукIапщэ Казимир, Чернов Илларион, Соковых Мирослав, ЦIагъуэ Саидэ.

Шафий Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.