ЛIы чэф е тутын ефэ щIалэ слъагъуху къызогубзыгъыж, чыш сытесу къыщызжыхь ныбжьым сыщитам нэхъыжьхэм жаIэу зэхэсхыгъар: «Уей, уи фIэщ хъумэ, мопхуэдэ лIыр чэфу слъэгъуамэ!» - зым жиIэмэ, адрейм «Iэу, ар дауэ, зиунагъуэрэ, емыкIукъэ?» - къыпидзыжу зэрыщытар.
Мопхуэдэм я къуэр тутын йофэ, жаIамэ, «Е-уей, зэрынэмысыншэ ар, сыту насыпыншэ абы и адэр!» хужаIэнт.
Нанэхэр щыуэршэркIэ, «Алыхьу ин, мобыхэм я пхъур джау-рым дэкIуамэ!» - зым жиIамэ, мыдрейм «ан-на, и адэ-анэм я щхьэр къыфIихакъэ, дауэ хъужыну иджы?!» - жэуапу иритыжынт.
Мы фхуэсIуэтэжыну хъыбарри нэхъыжь Iумахуэ Щэрмэт Лёнэ мыгъуэм къызжиIэжыгъат:
Бэзэр жыжьэ щыIа щIалэ гупым ящыщ зым хущIэджэрт (хуэпсалъэрт): «Кхъуэл ишхащ, лIэун, емыкIукъэ ар! Ау-уей, апхуэдэ адыгэлI! ЕмыкIукъэ ар?» - жаIэурэ.
Зы тхьэмадэ щIоупщIэ: «Хэтхэ ящыщ, щIалэхэ, а кхъуэл зышхар?». «Уе, мопхуэдэ лъэпкъым ящыщым».
Ар зэхэзыха лIыжьым и щхьэ хужиIэжырт: «Тобэ, тобэ истофрилэхь! Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. Зыхэлъ холъэт. Банэ и пIэ банэ къокIэж».
Къуажэм лъэпкъыу дэсми я тхыдэм щыгъуазэт тхьэмадэ гурыхуэр. Ар ящIэрти, елъэIуащ зэгупсысар яхуиIуэтэжыну.
Хъыбаррэ тхыдэу
«А зэманым адыгэхэр мащIэ дыдэ дыхъуат. ДищIхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ хъурт. «БогатэкIэ» зэджэм, иджы Зольскэ станицэ хъужам деж, гъунапкъэр къызэпаупщIауэ, къэзакъхэм ди щIыр павыкIыу хъыбар къащыIэщIыхьэм, къуажэпщхэу Ашабэр, Бабыгур, Къуэныр Iуэхур зытетыр зрагъэщIэну шуущу кIуат.
Нэсмэ, шыхэмрэ выхэмрэ пхъэIэщэм щIэщIауэ, еуэ-еIэкIэ адыгэщIым гуоуэгъуищкIэ къихьауэ явэрт. ВакIуэлIхэм якIэлъыплъу, IэщэкIэ зэщIэузэда шу зытхухрэ зы тешанкIэрэ зэхэтщ. ТешанкIэм зылI исщ, нэгъуджэр Iулъуи, зыгуэрхэр етх.
ФIэхъус нэужьым, щIыр щIавэмкIэ щеупщIым, «Урысеишхуэм и пащтыхьым и унафэщ!» - къыжраIащ ябгъэдыхьахэм.
«Дэ дымыщIэу, дищI педгъэчыркъым. ЗыщIэфкъуи фикI!» - жраIащ кIуахэм.
«Фэ, шэрджэсхэм, фи тхыр Урысейм икъутащ. ДяпэкIэ фхуэтщI фи унафэщ!» - къратыжащ жэуап.
Апхуэдэ псалъэм пэмыплъа зауэлIхэр Iэщэм епхъуэным тIэкIущ иIэжар, ерагъыу заIыгъащ. ТешанкIэм щIыгъу шухэм я фочхэр къагъэпкIакIэт. «Зауэр быублэ щымыхъуным зышыIи, щыхъуным щIэдзэ» жыхуиIэрат Iуэхур зыхуэкIуар.
КъыздэкIуэжым, Ашабэмрэ Бабыгумрэ трагъэчыныхь Хасэшхуэ зэхэшауэ щIы Iуэхум унафэ тещIыхьын зэрыхуейм.
Къуэн Исмел и лIыгъэ
И гъусэхэм закъримыгъащIэ щхьэкIэ, Къуэным и лъыр къэплъат. Хуегъэнэхыртэкъым мо къэзакъхэм «шэрджэсхэм фи тхыр ткъутащ», зэрыжаIар. Къуэныр щхьэкIуэмышэчт. Армырами, шынагъэр зыхищIэну, Iууэну фIэфIт. Езыр сабыр, тэмакъкIыхь, Iэдэб щхьэкIэ, зэ губжьамэ, щIэх-фэх теужыртэкъым.
Иужь зыкъригъанэщ, зэIэбэкIщ, пыдыным (шы Iэпслъэпсым щыщщ) еIэщ, пичри, шыныбэпхыр илъэф хъуащ. Ябгъурыхьэжауэ здэкIуэм, и гъусэхэм гу зылъригъэтащ: «Догуэ, догуэ, Исмел, уи шыныбэпхыр елъэф!» щыжаIэм, «Iэу, ар дауэ!?», - имыщIэ зищIащ.
«Пыдыныр пысщIэжынщи, сыныфщIыхьэжынщ, фынакIуэ фэ!» - яжриIащ.
Епсыхри, епэщэщурэ шухэр зэгъуэкI зэрыхъуу, зызэщIикъузэщ, и фокIэщIитIыр иузэдщ, и Iэгъуапэм иригъэлъадэри, и жагъуэ къэзыщIахэм я деж игъэзэжащ.
Шу закъуэр, фочи сэшхуи имыIыгъыу щахуэкIуэм, «шэрджэсыр къыдэлъэIуну къигъэзэжащ» жаIэри, бэлэрыгъахэщ.
«ДызэгурывгъаIуэ!» щажриIэм, пелуаныфэ зытет лIыр къыбгъэдыхьэщ, и шхуэIур иубыдщ, жьэдэуэу еIэри, шыр кIэбдзкIэ игъэтIысащ.
«Iыхьы-хьыI!» фIэкIа жимыIэу, фокIэщIитI Iэгъуапэм илъхэр хьэзырыххэти, зы щхьэхъуми и фоч къигъэпкIэну хунэсатэкъым зэпекъуу я псэр хэкIыу щригъэгъуэлъыкIам.
Шыми лIыми гъуэзыр къащхьэщихыу, вакIуэлIхэм щахэлъадэм, «Ей, адыгэ, Тхьэм щхьэкIэ, думыукI!» - жаIэурэ къыщелъэIум, «фэ сыт фи лажьэ, ер зи пэ ихьэн хуейр фи унафэщIхэрщ.
Я ши, я ви, я пхъэIэщи къызэщIригъакъуэри, Ашабэхэ кърихулIащ.
Теуэ-тепкIи къращIэкIащ, ауэ «шхэ» жаIэкIэ, яхуэшхакъым, «ефэ» жаIэкIи, яхуефакъым. «Къафэ» жаIэмэ, къэфащ, «уэрэд жыIэ» жаIэмэ, ядыжи-Iащ.
ЛIыгъэ зыхэлъыр губжьамэ, теужыху шхэркъым, сышхарэти жиIэркъым. Жэщищ-махуищкIэ щыхьэщIати, жьэрэ Iэрэ зэхуихьакъым. Къежьэжын хуей щыхъум, «къэпхуар гуэш, унафэ тещIыхь» щыжраIэм, «къэсхуар фыфейщ, кърикIуэр сысейщ!» - ар и унафэу къыдэшэсыкIыжащ.
Исмел къихуа вакIуэлIхэр хуит ящIыжа щхьэкIэ, кIуэжын щамыдэм, щхьэгъусэ ирагъэгъуэтахэщ, адыгэ унэцIэ иратыжри, къуажэм хэшыпсыхьыжауэ, нобэми-ныжэбэми мэбагъуэ.
Мис абыхэм къатехъукIыжащ «кхъуэл ишхащ» хужыфIэу емыкIу фщIы щIалэр. Ей, адыгэбзэкIэ псалъэ псори адыгэ къабзэкъым. Лъэпкърэ къупщхьэрэ щIыжаIэр, лым зихъуэжми, къупщхьэр зэрыкъупщхьэу къанэ зэрихабзэрщ.
Хэку бгынэнымрэ зауэ-банэ кIыхьымрэ мащIэ дищIат. ИкIэм-икIэжым Хасэшхуэ ящIри, унафэ къащтат къапэщIэхуэр, сабийми балигъми, кIэсу къахьри щтапIэ ихьэжауэ къахыхьэхэри къан ящIу, бзэри хабзэри ирагъэщIэну, хэкур бэгъуэжын папщIэ.
АдыгэлI къабзэм и напэр, и щIыхьыр, и хэкур, и пщIэр, и псэр хэкIыху ихъумэнущ. КъызэрыпщIэнур и нэмыскIэщ, Iэдэбыгъэу дэплъагъумкIэщ, псэлъэрейкъым, щхьэщытхъукъым. Аркъэи тутыни ефэркъым. Езыр хахуэщ, ауэ и лIыгъэр еущэху, хуеин мыхъуауи зыкъызэкъуихыркъым. ХабзэщIэкъущ, пхъашэкъым. Ауэ щабэкIи уеджэнкъым.
ЗикI, адыгэ гуэрым емыкIу къихьыху, тхьэмадэхэм зи гугъу ящIа къытхэзэрыхьыжахэм согупсысыжри, си пащIэкIэ сыщIогуфIыкI, сигукIи жызоIэ: «Адыгэбзэ ищIэ щхьэкIэ, адыгэкъым ар».
БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэ.