Дыкъэзыухъуреихь дахагъэр сурэткIэ дегъэлъагъу

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м ­гъуа­­­зджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран Ваннах Ми­хаил Александр и къуэм и IэдакъэщIэк­Iх­эр. «Россия - родина моя» зи фIэщыгъэ выставкэр къызэIуахащ ТекIуэныгъэ Иныр мы гъэм илъэс 78-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ, езы сурэтыщIыр къызэ­ралъ­хурэ илъэси 115-рэ щыхъум ирихьэ­лIэу. 

Живопись, графикэ лэжьыгъэ гъэ­щIэгъуэну пщIы бжыгъэхэр утыку къыщ­рахьащ музейм и пэшхэм. Ахэр сурэты-­щIым и IэдакъэщIэкIхэм я зы Iыхьэ мащIэщ. Дэтхэнэми къытощ Михаил и нэкIэ илъэгъуа, и псэр дэзыхьэха, гупсысэ гъэ­щIэгъуэн и ­гущIэм къыщызыгъэуша зы щIыпIэ гуэр. Ар бгыуэ е къуршу, тафэу е джабэу, унэу е ­псэущхьэ гуэру, цIыхуу е хьэпщхупщу щрет. НаIуэщ, щхъуэкIэп­лъы­кIэщ, хуабагъэ гуэр къызыпкъры­мыкIыу зы яхэткъым. Нэхъыщ­хьэращи, ­зэманри пэмылъэщауэ, теп­лъа­фIэхэщ, те­лъыджэхэщ. Ахэр псори музейм игъэ­лъэгъуэн папщIэ къезытар Ваннах Михаил ипхъу Натальещ.
Япэу къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ ­КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэ­нымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. 
- Михаил сэ фIыуэ сцIыхуу щытащ, зы унэм дыщыпсэуащ. Абы щIэх-щIэхыурэ сыхуэзэрт, мольбертыр иIыгъыу щIыуэп-­сым и дахагъэ гуэр къиубыдын папщIэ пщэдджыжьым жьыуэ е пщыхьэщхьэ ­хуегъэ­­зэкIыу щIэкIыу. Сэ сщIэркъым иджыпсту зэрыщытыр, ауэ нэхъ пасэм щыгъуэ СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэхэр гуащIэу екIуэкIыу щытащ. А IуэхущIапIэм ­къулыкъушхуэ щызэрихьакъым Михаил, ауэ си нэгу щIэкIащ зэщыхьэпэным нэсауэ зэдауэ сурэтыщI­хэр и псэлъэкIэ щабэмкIэ зэрытриуIэ­фIэ­жыфыр. ПщIэшхуэ къызэры­хуащIым  и зы щыхьэтщ ар, - игу къигъэкIыжащ Зума­куловым. - Сэ слъэгъуащ ар школхэм    кIуэуэрэ сабийхэм яхуэзэу зэрыщытар. ЗэрызэчиифIэм къыдэкIуэу ар икIи гуапэт, цIыхугъэшхуэ хэлът, и Iэр къызыпе­кIуэкIыну   сыт хуэдэ IуэхукIи къыбдэIэ­пыкъунут. 
Ваннах Михаил и гъащIэм, и гуащIэм,  и дуней тетыкIэм, и хьэл-щэным, нэгъуэщI куэдми я гугъу ящIу зэIущIэм къыщып­сэ­лъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, лъахэхутэ цIэрыIуэ Котляров Виктор, музейм гъэлъэгъуэ­ныгъэхэр къызэзыгъэпэщ и къудамэм и унафэщI ­Леонтьевэ Нинэ.
ЗэIущIэм и кIэухыу псалъэ иратащ ­Ваннах Наталье. Абы адэм и гуащIэм и ­гугъу ищIакъым, ар къэзылъытэу зэIущIэм къэкIуахэм фIыщIэшхуэ яхуищIа ­мыхъумэ. 

ИСТЭПАН Залинэ. 
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.