ЩIЭБЛЭР НАРКОТИКЫМ ЩЫХЪУМЭН

«Урысейм и сабийхэр-2023» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм хыхьэу КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм семинар-зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэншагъэу ирагъэкIыныр къызэпыудыным, балигъ мыхъуахэр а Iуэху мыщхьэпэм щыхашэ къэмыгъэхъуным.

 Абы хэтащ республикэ УНК-м и лэжьакIуэхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэр, апхуэдэуи Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэмрэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Наркологический диспансер» IэнатIэмрэ я лIыкIуэхэр. 
Семинарым и мурад нэхъыщхьэр полицэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и УИС-мрэ я лэжьакIуэхэм наркотикым пэщIэтынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм кърикIуэр егъэфIэкIуэнырщ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къаIэта Iуэхум ехьэлIа гугъуехьхэмрэ абы и лъэныкъуэкIэ республикэм щытыкIэр зыщыхуэдэмрэ. 
Къызэхуэсахэм щыгъуазэ защIащ наркотикым пэщIэтыным хуэунэтIауэ къыхалъхьахэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэIущIэм хэтахэм иратащ методикэ чэнджэщхэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м дзыхь зрагъэз и телефоныр зытет тхылъымпIэхэмрэ. 
 
 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.