ЩIЭНЫГЪЭР УИ IЭПЭГЪУМЭ

Налшык къалэ дэт «Антарес» егъэджэныгъэ центрым естественнэ-щIэныгъэ унэтIыныгъэ зиIэ дерсхэмкIэ зи зэфIэкIыр хэзыгъахъуэ, зи есэныгъэхэр зыгъэкуу ныбжьыщIэхэм папщIэ зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Мэкъумэш къэхутэныгъэхэмрэ биологиемрэ я зэпылъыпIэм къыщыунэхуа «Агробиологие» щIэныгъэм дихьэххэм, ар куууэ зыджхэм, абыкIэ зи къарур зыгъэунэхухэм я бжыгъэм ди щIыналъэм кIуэ пэтми щыхохъуэ, зэхуэсым и къызэгъэпэщыныр къызыхэкIари аращ.

Къыхэгъэщын хуейщ мы зэхуэсыр етIуанэ зэхэшэгъуэу зэрыщытыр, абы и къызэгъэпэщыным «Антарес» егъэджэныгъэ центрымрэ «Галактика» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я гуащIэ зэрыхалъхьэр.
Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм зыбжанэ лъандэрэ щылажьэ «ЗыужьыпIэхэм» я фIыгъэкIэ сабийхэм Iэмал яIэщ зыхуей е нэхъ дэзыхьэх щIэныгъэхэмкIэ нэхъ убгъуауэ есэныгъэхэр зрагъэгъуэтыну. Бзэмрэ псэлъэкIэ зэгъэпэщамрэ дихьэххэм къыщегъэжьауэ интеллект IэрыщIым хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къэзытIэщIхэм щыщIэкIыжу технологие Iэмалхэр къыхузэрагъэпэщ, егъэджэныгъэ-практикэ мыхьэнэ зиIэ лэжьапIэ IэнатIэхэр хузэтраублэ. «Агробиологие» унэтIыныгъэмкIэ щIэныгъэфI къызылъыкъуэкI ныбжьыщIэхэм папщIэ лабораториехэмрэ лъэщапIэхэмрэ зыхэт еджапIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэми щыIэщ.
Биологием, къэкIыгъэр зехьэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэ я зэпыщIапIэм деж къыщыунэхуа щIэныгъэ лIэужьыгъуэщIэм къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым и мызакъуэу, къагъуэта щIэхэр щагъэунэху икIи абы и зыужьыкIэм щыкIэлъыплъ класс щхьэхуэхэр щыIэщ. Апхуэдэу, ныбжьыщIэхэм къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лъыщхьэр (генетикэр) къызэрахутэ Iэмалхэм зыщагъэгъуазэ, ахэр зэрызэхэзагъэ щIыкIэхэм (гибридизацие) кIэлъоплъ, цIыхум и узыншагъэмкIэ щхьэпэнухэмрэ щIыналъэ экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зиужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ зэралъыт, зэпашачэ. КъищынэмыщIауэ, агробиологием дихьэххэм къэкIыгъэхэмрэ Iэщымрэ къайуалIэ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэхутэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ щыIэ бгъэдыхьэкIэхэр ирагъэфIакIуэу практикэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI.
ЖыпIэнуращи, щIэныгъэ дуней псо къызэрыкIа унэтIыныгъэм еджапIэхэм зыщеубгъу, абы нэхъыбэу хыхьэри 9 - 10-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэращ. Апхуэдэу щыт пэтми, гъэщIэгъуэныр ищхьэкIэ къыхэща Iуэхугъуэхэм психологиери къызэрыхыхьэращ. Биологиер нэхъ куууэ зыдж еджакIуэхэр гугъуехь зэмылIэужьыгъуэхэм Iуоуэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, къыхаха гъуэгум зыужьыныгъэшхуэ зэримыгъуэтам къыхэкIыу, абы дихьэх сабийхэр тегъэгушхуэн, щIэр къахутэныр, биологиемкIэ зыхурагъаджэ Iуэхугъуэхэм хагъэхъуэн щхьэкIэ ерыщагъ яIэн зэрыхуейр. А лъэныкъуэм нэхъ текъузауэ сабийхэм зэIущIэм щадэлэжьащ психолог Iэзэ, егъэджэныгъэ-психологие лэжьыгъэмкIэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр зиIэ Белгъэрокъуэ Михаил.
«Агробиологиер къызэрыгуэкI щIэныгъэу пхужыIэнукъым. Зыхуейр къэзылъыхъуэ, ауэ ар иджыри псалъэкIэ зэзымыгъэпэщыф сабийм щIэгъэкъуэн хуэхъун хуейщ. Ди щIыналъэм щымащIэкъым къэкIыгъэмрэ псэущхьэхэмрэ зэрипхыурэ щIэщыгъуэ гуэрхэр къиулъэпхъэщыну хэт ныбжьыщIэхэр. АрщхьэкIэ, сыт хуэдиз Iэмал еджапIэхэм ямыIэми, ар нэсу зэтезымыублэфхэр нэхъыбэщ. Дэ къызэдгъэпэщ зэIущIэхэмрэ зэхуэсхэмрэ зыхуэгъэпсар аращ - апхуэдэ сабийхэр олимпиадэ зэхьэзэхуэхэмрэ естественнэ-щIэныгъэ дерсхэмкIэ ирагъэкIуэкI зэпеуэхэмрэ къыщыхыдогъэщри, иужькIэ ди зэхуэсыпIэхэм къыдогъэблагъэ, дадолажьэ, университетхэмрэ щIэныгъэхутэ IуэхущIапIэхэмрэ щылажьэ IэщIагъэлIхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкI. ГурыIуэгъуэщ, щIэныгъэр уи Iэпэгъумэ, ерыщагъ пхэмылъу жыжьэ узэрымыкIуэфынур. ЯIэ щIэныгъэр щыIэ Iэмалхэм щалъыщIэмыхьэм деж, я гур ямыгъэкIуэдыну, къэхутэныгъэфI ирагъэкIуэкIхэр зэпамыгъэуну ныбжьыщIэхэр къыхуедджэкIэрэ, дэ иужь дитщ абыхэм зыкъызэрапщытэж икIи зызэрагъэунэхуж тестхэм едгъэлэжьыну, щIэныгъэм хуэзыгъэуш зэпсэлъэныгъэхэр зэдрагъэкIуэкIыу едгъэсэну. Агробиологиер ди щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ, экономикэм и зыужьыпIэхэр зыхэзыщIэ щIэныгъэщ. Абы хуэкIуа сабийм гузэхэщIэ щхьэпэ етыныр, а гъуэгум тегушхуэмэ, и зыужьыныгъэмрэ и щIэныгъэмрэ иIэтыным кIуэрабгъу хъарзынэхэр зэраIэнур гурыдгъэIуэныр ди пщэрылъщ, ди зэIущIэхэм зыхуагъэувыж къалэнри аращ», – жиIащ Белгъэрокъуэ Михаил, зэхуэсым и мыхьэнэм щытепсэлъыхьым.
ЗэIущIэгъуэм хэта сабийхэм махуэм и кIуэцIкIэ дерс зэмылIэужьыгъуэхэм щIагъэдэIуащ, тренинг зыбжанэ драгъэкIуэкIащ, гъэлъэгъуэныгъэхэр хуащIащ, екIуэкIа лэжьыгъэр къызэщIакъуэжу ар щхьэж къызэрыщыхъуар утыку щащIыж Iэнэ хъуреи ирагъэкIуэкIыжащ.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.