КЪУАЖЭМ И ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ГУКIИ ПСЭКIИ ХУЭЛАЖЬЭ

ЦIыху псори къыщалъхуа жылэм къуэпс быдэкIэ епхащ. Дэнэ щIыпIэ ущыIами, абы ущекIуэлIэжкIэ гупсэхугъуэ бгъуэтыжу апхуэдэщ. Уи гур хохъуэ уи къуажэжьым и цIэр фIыкIэ щыIукIэ, ар зэрефIакIуэр, зэрызиужьыр щыплъагъукIэ. Нобэ апхуэдэ гухэхъуэ къызет сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэм и псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжым. Псом япэу апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэр зыдэслъагъур къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ ДзыхьмыщI Анзорщ. А IэнатIэм зэрыпэрыхьэрэ дэкIа зэманым къриубыдэу зэфIигъэкIахэр къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэ пщохъу ар къызыдэкIа жылэр фIыуэ зылъагъу, абы щыпсэухэм пщIэшхуэ яхуэзыщI цIыхуу зэрыщытыр.
Ди унагъуэр илъэс зыбжанэ хъуауэ дыщопсэу Налшык къалэ, ауэ ди псэм хэлъщ дыкъыщалъхуа жылэр. ЗэрытхузэфIэкIкIэ щIэх-щIэхыурэ докIуэж къуажэм, гъэмахуэ мазэхэр щыдогъакIуэ. Ди кIуэжыгъуэ къэси гу лъыдотэ абы щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм.
ГуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ и деж къуажэм цIыху куэд къыдохьэ. Апхуэдэм деж псом япэу гу зылъыптэр къуажэм и къабзагъырщ. А Iуэхум псынщIэу иужь ихьэри, уэрамхэр ягъэкъэбзащ, жыгхэр яухъуэнщIащ, къемызэгъ щIыпIэхэм щащIа пхъэнкIий идзыпIэхэр ягъэсеижащ.
Сэ сызэреплъымкIэ, къуажэм и «напэр» зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэр кхъэрщ. Ар зыхуей хуэгъэзэнымкIэ ДзыхьмыщIым псапэ зыпылъ Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ. Жылэм дэс щIалэгъуалэр зыщIигъэуIуэри, ари ягъэкъэбзащ. Иджы сыт и лъэныкъуэкIи къабзагъэм и хабзэхэр къызэрызэпамыудыным ткIийуэ кIэлъоплъ. ЖыпIэнурамэ, къуажэм и теплъэр нэхъ екIуи дахи хъуащ.
Жылэдэсхэр псом хуэмыдэу гугъу езыгъэхьыр псыр тэмэму зэрамыгъуэтырти, иджы яIуэтэжа хуэдэщ. Абы и лъэныкъуэкIи Iуэхур зэтеубла зэрыхъуам хуэдэу екIуэкIмэ, къуажэдэсхэр зыIууэ гугъуехь нэхъыщхьэр зэфIэхауэ къэплъытэ хъунущ. А зым фIэкIа ДзыхьмыщI Анзор зэфIимыгъэкIатэми, и цIэр фIыкIэ жыпIэну къилэжьат.
Зи гугъу сщIахэр Анзор и лэжьыгъэм и щIэдзапIэу аращ. А псом къегъэлъагъуэ гукъыдэж иIэу щалъхуа жылэжьым и зыузэщIыныгъэм хуэлэжьэну ар IэнатIэм зэрыпэрыувар. Сэ шэч къытесхьэркъым, а щIалэ жыджэрым и лэжьыгъэкIэ мурад дахэхэр зэриIэм, зыхуигъэувэж сыт хуэдэ къалэнри ерыщу зэрызэфIихынум. ЗэрыжаIэу, узэкъуэтмэ, улъэщщ. Къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр и чэнджэщэгъурэ щIалэгъуалэр и жыIэ щIэту зэкъуигъэувэфмэ, Хьэтуей жылэм и Iуэху сытым дежи дэкIынущ.
ДзыхьмыщI Анзор къызыхэкIа лъэпкъым, къэзылъхуа и адэ-анэм яхуэфащэщи, Тхьэм адэкIи иригъэфIакIуэ. И зэфIэкIым хэхъуэу, узыншагъэ быдэ иIэу, и пщIэр лъагэу, и адэ Барэсбий и псэр игъэгуфIэу, и анэ Зенэ и жьауэм щIэту, и унагъуэ жьэгум гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ дэлъу псэуну сыхуохъуахъуэ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхущ, Анзор, узыпэрыувари, уи къарур Тхьэм пигъэлъэщ!

Тэрчокъуэ - Срыкъуэ Лидэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.