КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ. НыбжьыщIэхэм я къащхьэщыжакIуэм щIыналъэм и Iэтащхьэм и пащхьэ щищIащ 2022 гъэм зи пашэ IэнатIэм щызэфIаха лэжьыгъэхэмрэ дызэрыт лъэхъэнэмрэ ятеухуа доклад шэщIа.
Лъынэм зэрыжиIамкIэ, блэкIа илъэсым IэнатIэм зэрызыкъыхуагъэза Iуэхугъуэхэм я нэхъыбапIэр унагъуэхэм яхуэгъэза хабзэхэм ятещIыхьащ. Сабий зыпI унагъуэхэм гъэ блэкIам къриубыдэу яIэрыхьа социальнэ дэIэпыкъуныгъэр сом мелард 25-рэ мэхъу. Къэралым защIигъэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ мин 75-м щIигъум.
Апхуэдэу, 2022 гъэм республикэм щагъэзэщIащ лышх узыр, зэзэмызэххэ фIэкIа узримыхьэлIэ узыфэ шынагъуэхэр зыпкърыт сабийхэр хущхъуэрэ ерыскъыпхъэ хэхахэмкIэ къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэхэр. Абыхэм псори зэхэту текIуэдащ сом мелуани 114,6-рэ. Республикэм и Iэтащхьэм ищIа унафэм тету, фошыгъу уз зыпкърыт сабийхэм къызэрагъэпэщ лъым фошыгъу ткIуаткIуэу хэлъыр къызэрапщ IэмэпсымэхэмкIэ. КъинэмыщIауэ, зи ныбжьыр илъэсищым нэмыса сабийхэм, апхуэдэу унагъуэшхуэхэм я бынхэу илъэсих иримыкъуахэм ящыщу амбулаторэхэм щагъэхъужхэм пщIэншэу ират хущхъуэхэр кърыращэхуну республикэ мылъкум къыхэкIыу хуаутIыпщ ахъшэм хуэдиплI хуэдизкIэ хэхъуащ. А унэтIыныгъэмкIэ екIуэкI лэжьыгъэм адэкIи зрагъэужьынущ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэбелджылыкIащ сабийхэм я хуитыныгъэр хъума хъунымкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм яку зэпыщIэныгъэ зэрыдэлъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Гулъытэ хуащIащ сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытыжхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъун зэрыхуейм. Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ психологхэмкIэ, зэпэщIэувэныгъэхэр зэтезыуIэфIэж комиссэхэр къыщызэгъэпэщыпхъэу зэрыщытми. Республикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ балигъыпIэ нэмысахэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр къэмыгъэтIэсхъэнымкIэ адэ-анэхэм я пщэрылъхэр ягъэзэщIэным нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъын хуейуэ.