СУРЭТЫЩI ГЪУАЗДЖЭМ ДИХЬЭХ АРТИСТХЭР

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм къызэригъэпэщри иджы­благъэ «Гранд-Кавказ» хьэ­щIэщым щекIуэкIащ «Арт» спектаклымрэ гъэлъэ­гъуэны­гъэм­рэ.

КъБКъУ-м и «Занавес» студент ­театрым и артистхэр ху­дожественнэ выставкэм зыкъ­резыгъэ­хьэлIахэм я пащхьэм щыджэгуну куэд щIауэ ­щIэ­хъуэпсырти, иджы къайхъулIащ. Спектаклым и макъамэр зытхар композитор Мэршэнкъул Ас­те­мырщ.
Франджы драматург Резэ Ясминэ и пьесэм къытращIыкIа спектаклым щIалищ щоджэгури, щыри ерыщу ­зодауэ. ЩIызэдауэр ахъшэкъым, политикэкъым, бзылъхугъэкъым, атIэ сурэ­ты­щIым и IэдакъэщIэкIыу утыкум итырщ. Зым жеIэ а сурэтыр ­уасэншэу лъапIэу, адрейм абы и мыхьэнэр иреудых, ещанэм нэгъуэщI еIуатэ. Ахэр апхуэдизу Iэзэу зодауэри, пэшым цIыхуу щIэсым яфIэгъэщIэ­гъуэн мэхъу сурэтым ит теплъэгъуэр, ауэ ар спектаклым и кIэращ абыхэм щрагъэлъагъур. «Дахагъэр къэ­зылъагъуфым ейщ», адыгэ жыIэ­гъуэр нэхъ хуокIуэ мы спектаклым щIэлъ гупсысэ нэхъыщ­хьэм. 
- Республикэм и художникхэм я пащхьэм дыщыджэгуну куэд щIауэ ди хъуэпсапIэт, ди лэжьыгъэр къа­зэрыщыхъунур тфIэгъэщIэгъуэнти. Выставкэм хы­хьэу дыджэгуну дыщ­рагъэблагъэм, занщIэу арэзы ды­хъуащ, - жеIэ театрым и художест­веннэ унафэщI икIи и режиссёр ­Дохъушокъуэ Мадинэ. 
Ар зи пашэ гупым ягъэлъэгъуа спектаклыр еплъахэм ягу дыхьащ. Актёр джэгукIэ щIэщыгъуэу къалъытащ ялъэгъуар, артист ныбжьы­щIэхэм я ролхэр къазэре­хъулIам и щы­хьэтщ абыхэм хужаIа щытхъу ­псалъэхэр.

Тхыгъэри сурэтри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.