ХэкIыпIэхэр къахуегъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм. ­КъБР-м и «Союз Чернобыль» жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм Егоровэм зы­хуагъэзащ Чернобыль АЭС-р къыщыуам абы щылэжьахэм ящыщу радиацэм ныкъуэдыкъуэ ищIахэм къэралыр зэры­дэIэпыкъун хуейм теухуауэ УФ-м къыщащта законыр ди хэгъэгум гъэзэщIа зэрыщыхъум епха Iуэху­хэмкIэ.

Ар псом я дежкIи гу­рыIуэгъуэу зэпкърахын ­папщIэ зэIущIэм кърагъэблэгъащ Iуэхур зи нэIэ щIэт къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэу КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ про­ект­хэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социаль­нэу къащхьэщыжынымкIэ    и министрым и къуэдзэ      Романовэ Еленэ, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Батыр Заурбэч, УФ-м и Пенсэ фондымрэ Социальнэ страхованэмкIэ къулыкъущIапIэм­рэ я IуэхущIапIэу КъБР-м щы­Iэм и къудамэм и уна­фэщI Ерчэн Эльвирэ сы- мэ.
ЗэIущIэм хэтахэм ягъэбелджылащ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм ­трагъэкIуадэр етыжынымкIэ, цIыхур зэрыныкъуэдыкъуэм щыхьэт техъуэ дэфтэр еты­нымкIэ, пенсэмрэ нэ­гъуэщI социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэмрэ яхуэгъэувынымкIэ, ахъшэр ­яхуе­­гъэхьынымкIэ, я псэу­пIэр егъэфIэкIуэ­нымкIэ, нэ­гъуэщI IуэхухэмкIи щыIэ худэчыххэм. 
ЛъэIу зиIэ дэтхэнэми чэнджэщхэр иратащ, языны­къуэ Iуэхухэр абдеж зэры­щIэ­сым хуэдэу зэфIагъэкIащ, адрейхэр щы­зэ­фIахыпхъэ министерст­вэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ ирагъэхьащ. 
«Союз Чернобыль» жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Хьэбалэ Хьэсэн КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ фIыщIэ хуищIащ абы сыт щыгъуи зэрызыхуа­гъазэ Iуэхухэм я хэкIыпIэр зэра­хуиубзыхум папщIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.